1 Мусэ 38 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэрИудэрэ Тамарэрэ 1 А зэманым Иудэ и къуэшхэм къабгъэдэкӀри щытӀысащ Адуллам къалэм щыщу Хьирэ зи цӀэм и гъунэгъуу. 2 Иудэ абдежым къыщилъэгъуащ ШыуаӀ зи цӀэ ханаан цӀыху гуэрым и пхъур; ар ищтащ, щӀыхьащ абы деж. 3 Ар лъэщыджэ хъури, къилъхуащ къуэ; фӀищащ абы цӀэуэ Ер. 4 Аргуэру лъэщыджэ хъури, къилъхуащ къуэ; фӀищащ абы цӀэуэ Онан. 5 Аргуэру къуэ къилъхури фӀищащ абы цӀэуэ Шэлэ. Иудэ щыӀэт Хъэзиб щӀыпӀэм, абы ар къыщилъхуам щыгъуэ. 6 Иудэ и щыпэлъху Ер фыз къыхуишащ; абы и цӀэт Тамарэ. 7 Ер, Иудэ и щыпэлъхум, Зиусхьэныр къыхуэфӀтэкъыми, игъэлӀащ Зиусхьэным ар. 8 Апхуэдэу щыхъум, Иудэ Онан жриӀащ: – ЩӀыхьэ уи къуэшым и фызым деж, ар къашэ, пщыкъуэу ущыщыткӀэ, зэфӀэгъэувэж уи къуэшым и унагъуэр. 9 Онан ищӀэрт быныр езым ейуэ зэрыщымытынур; абы къыхэкӀыуи и къуэшым и фызым деж щыщӀыхьэкӀэ, щӀым хикӀэрт, и къуэшым сабий иримытын папщӀэ. 10 Зиусхьэным и пащхьэм Ӏеягъэт абы щилэжьыр; Абы игъэлӀащ ари. 11 Абдеж жриӀащ Иудэ Тамарэ, езым и нысэм: – Щыпсэу фызабэу уи адэм и унэм, си къуэ Шэлэ балигъ хъуху. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы жиӀащ: «МылӀащэрэт ари и къуэшхэм хуэдэу», – жиӀэри. Тамарэ кӀуэжри итӀысхьэжащ и адэм и унэм. 12 Зэман куэд дэкӀри, лӀащ ШыуаӀ и пхъур, Иудэ и фызыр. Иудэ удэӀужри кӀуащ Тимнэ, езым и Ӏэщхэр къэзыщхэм я деж, езыри Ӏадулам щыщ и ныбжьэгъу Хьири. 13 Арати, хъыбар ирагъэщӀащ Тамарэ, уи тхьэмадэр макӀуэ Тимнэ, и Ӏэщыр къищыну, жраӀэри. 14 Абдеж абы и фызабэ щыгъыныр зыщихри зытриубгъуащ щхьэтепхъуэ, икӀи зызэщӀиуфэри ӀутӀысхьащ Тымнэ хуэкӀуэ гъуэгум тет Ӏэнаим къалэм и куэбжэм. Сыту жыпӀэмэ илъэгъуат Шэлэ ин зэрыхъуари, езыр абы фызу зэрырамытари. 15 Иудэ ар къилъагъури, къыщыхъуащ ар къэхьпэуэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы щӀиуфат и нэкӀур. 16 Абы дежкӀэ зигъазэри, Иудэ жиӀащ: – СыныщӀыхьэнущ уи деж. ИщӀэртэкъым ар езым и нысэр арауэ зэрыщытыр. – Сыт къызэптынур, си деж укъыщӀыхьэмэ? – жиӀащ абы. 17 – Сэ къыпхуезгъэшэнщ си хъушэм щыщу бжэн цӀыкӀу, – жиӀащ Иудэ. – Уихьэн шэсыпӀэ, ар къебгъэшэху? – жиӀащ цӀыхубзым. 18 – Сыт хуэдэ шэсыпӀэ? – жиӀащ абы. – Уи мыхъурыр, уи плӀэпсыр, уи Ӏэм ӀэщӀэлъ уи башыр, – жиӀащ адрейм. Ахэр иритри, Иудэ щӀыхьащ цӀыхубзым деж; икӀи ар абы хуэхъуащ уэндэгъу. 19 ИтӀанэ тэджри кӀуэжащ, и щхьэтепхъуэр зытрихыжри зихуэпэжащ и фызабэ щыгъынымкӀэ. 20 Иудэм иригъэхьащ бжэн цӀыкӀур Адуллам къалэм щыщ и ныбжьэгъум, а бзылъхугъэм шэсыпӀэ зэрыхуихьар къыӀригъэхыжыну; ауэ абы ар игъуэтыжакъым. 21 ИтӀанэ еупщӀащ а щӀыпӀэм щыпсэухэм, мыр жиӀэурэ: – Дэнэ щыӀэ Енаим и гъуэгу Ӏуфэм теса къэхьпэр? – Мыбдежым щыӀакъым къэхьпэ, – жаӀащ абыхэм. 22 Арати, абы Иудэ деж къигъэзэжри, жиӀащ: – Сэ згъуэтакъым ар; а щӀыпӀэм щыпсэухэм «Мыбдежым щыӀакъым къэхьпэ» жаӀащ. 23 – Ирещтэ абы, ауэ дэ къытщымыдыхьэшх закъуэмэ, аращ, – жиӀащ Иудэ. – Хуозгъэхьат сэ мы бжэн цӀыкӀур, ауэ уэ ар бгъуэтакъым. 24 Мазищ хуэдиз дэкӀри, къыжраӀащ Иудэ мыпхуэдэу: – Тамарэ, уи нысэм, зинэ ищӀащ, арати, лъэщыджэ хъуащ ар зинэкӀэ. – Дэфш ар, икӀи ирырагъэс ар, – жиӀащ Иудэ. 25 Ауэ ар щрашажьэм, абы езым и тхьэмадэм деж игъакӀуэри мыпхуэдэу жрыригъэӀащ: – Сэ уэндэгъу сызыхуэхъуар мы хьэпшыпхэр зейр арщ. АдэкӀи жиӀащ: – ПцӀыхужрэ, хэт ей мы мыхъурри, плӀэпсри, башри? 26 Иудэ къицӀыхужри, жиӀащ: – Ар нэхъ захуэщ сэ нэхърэ, сэ ар естакъым Шэлэ, си къуэм. ИкӀи екӀуэлӀакъым ар абы и ужькӀэ. 27 И лъхуэгъуэр къыщысым, Тамарэ и ныбэм зэтӀолъхуэныкъуэ илъу къыщӀэкӀащ. 28 Ар щылъхуэм, бынжэр пызыупщӀ фызыжьым япэ илъэгъуа Ӏэм ирищӀащ Ӏуданэ плъыжь, «мыр япэ къалъхуащ», жиӀэри. 29 Ауэ Ӏэр зейм иригъэгъэзэжри, къикӀащ абы и къуэшыр. Фызыжьым жиӀащ: – Уэ дауэ укъыфӀэкӀа къыппэувам? ИкӀи фӀищащ абы цӀэуэ Пэрэц. 30 ИтӀанэ къалъхуащ абы и къуэшыр, и Ӏэм Ӏуданэ плъыжьыр ищӀауэ. ИкӀи фӀащащ абы цӀэуэ Зэрахь. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden