Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Мусэ 37 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


Исуф къехъулӀэнур пщӀыхьэпӀэу и нэгу зэрыщӀэкӀар

1 Екъуб итӀысхьащ и адэр хэхэсу зыщыпсэууэ щыта щӀыналъэм, Ханаан щӀыналъэм.

2 Мис Екъуб и унагъуэм и хъыбарыр. Исуф, илъэс пщыкӀубл и ныбжьу, мэлхэри бжэнхэри игъэхъурт, и къуэшхэу Билхьэрэ Зилпэрэ я къуэхэм я гъусэу, щӀалэщӀэу, и адэм и фызхэм я гъусэу. Исуф нигъэсыжырт я адэм деж абыхэм папщӀэ хъыбар Ӏейхэр.

3 Екъуб адрей и къуэхэм нэхърэ Исуф нэхъыфӀу илъагъурт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар езым и жьыщхьэм къыхуэхъуа и къуэт; арати, хуригъэщӀащ абы гъуапэ зиӀэ щыгъын кӀыхь.

4 Абдеж къащӀащ зэш псоми нэхърэ ар нэхъыфӀу я адэм зэрилъагъур; ялъагъу мыхъуи хъуащ ар, ахэр абы дахэуи епсэлъэжыфыртэкъым.

5 Илъэгъуащ Исуф пщӀыхьэпӀэ жэщ гуэрым, яхуиӀуэтэжащ ар езым и къуэшхэм: мыдрейхэми ар нэхъри жагъуэу ялъагъу хъуащ.

6 Исуф яжриӀащ абыхэм: – ФыкъедаӀуэ сэ пщӀыхьэпӀэ слъэгъуам.

7 Слъэгъуащ: дэ пхырхэр дощӀри губгъуэм дитщ, си пхырыр уващ, уващ захуэу, икӀи фи пхырхэр хъурейуэ абы къеувэкӀри, щхьэщэ къыхуащӀащ си пхырым.

8 Абдеж и къуэшхэм къыжраӀащ абы: – Уэ тепщэ укъытхуэхъунуи? Уэ дыпӀэщӀэлъынуи? ИкӀи ар нэхъри жагъуэу ялъагъу хъуащ абы и пщӀыхьымрэ жиӀамрэ щхьэкӀэ.

9 Илъэгъуащ аргуэру Исуф нэгъуэщӀ пщӀыхьэпӀи, яхуиӀуэтэжащ ари и къуэшхэм: – ФыкъэдэӀуэ, аргуэру пщӀыхьэпӀэ слъэгъуащ, дыгъэми, мазэми, вагъуэ пщыкӀузми щхьэщэ къысхуащӀу.

10 Езым и адэми и къуэшхэми ар щахуиӀуэтам, къешхыдащ абы и адэр, къыжриӀащ мыпхуэдэу абы: – Ар сыт пщӀыхьэпӀэ уэ плъэгъуар? Сэри, уи анэри, уи къуэшхэри уэ щӀым нэсу щхьэщэ пхуэтщӀын папщӀэ, дынэкӀуэнуи?

11 И къуэшхэр къыхузэгуэпырт абы; ауэ Исуф и адэм игу ириубыдащ абы и псалъэр.


Исуф и къуэшхэм зэращамрэ ар Мысырым къызэрыщыхутамрэ

12 Исуф и къуэшхэр кӀуащ Щэхэм махуэ гуэрым, я адэм и мэлхэри и бжэнхэри ягъэхъун папщӀэ.

13 Екъуб Исуф жриӀащ: – Уи къуэшхэм мэлхэри бжэнхэри ягъэхъу. Сэ узгъэкӀуэнущ абыхэм я деж. Абы жэуап иритащ: – Сыхьэзырщ сэ.

14 ЖриӀащ адэкӀи абы: – КӀуэи, еплъ, узыншэу пӀэрэ уи къуэшхэр, къызыхуэтыншэу пӀэрэ мэлхэри бжэнхэри, икӀи къысхуэхьыж жэуапыр. Арати, дигъэкӀащ ар Хэврон аузым, кӀуащ Исуф Щэхэм.

15 ЛӀы гуэр къыхуэзащ абы, губгъуэм игъуэщыхьауэ, арати, къеупщӀащ а лӀыр абы: – Сыт уэ узылъыхъуэр? – жиӀэри.

16 – Сэ солъыхъуэ си къуэшхэм; къызжеӀэ, дэнэ деж абыхэм Ӏэщыр щагъэхъур?

17 – Ахэр ӀукӀыжащ мыбдежым; – жиӀащ адрейм – сэ зэхэсхащ абыхэм «ДыкӀуэнщ Дотан» жаӀэу зэрыжаӀар. Исуф и къуэшхэм якӀэлъыкӀуэри, къыщигъуэтащ ахэр Дотан деж.

18 Къалъэгъуащ абыхэм Исуф жыжьэу, икӀи абыхэм, ар гъунэгъу къахуэмыхъу щӀыкӀэ, мурад ящӀу щӀадзащ ар яукӀыну.

19 ЖаӀащ абыхэм: – Мес, къокӀуэ пщӀыхьэпӀэ зылъагъур.

20 ДыкӀуэнщи, иджы дукӀынщ ар, иддзэнщ ар псыр зэрыгъукӀа мащэ гуэрми, жытӀэнщ хьэкӀэкхъуэкӀэ бзаджэм ишхауэ; итӀанэ деплъынщ абы и пщӀыхьхэм къикӀым.

21 Рубэн, ар зэхихри, ар абыхэм къаӀэщӀигъэкӀащ, – ДукӀынкъым ар, – жиӀэри.

22 Рубэн адэкӀи яжриӀащ абыхэм: – Фымыгъажэ лъы; ивдзэ ар губгъуэ нэщӀым ит мащэм, ауэ фемыӀусэ абы. Абы ар щӀыжиӀэр абыхэм ар яӀэщӀихыу и адэм хуигъэкӀуэжын щхьэкӀэт.

23 Исуф езым и къуэшхэм къащыхыхьэм, абыхэм къыщатхъащ абы щыгъа гъуапэ зиӀэ щыгъын кӀыхьыр.

24 ИтӀанэ ар къащтэри ирадзащ псыкъуийм; а псыкъуийр нэщӀт; абы псы иттэкъым.

25 Ахэр шхэну тӀысауэ плъэри, къалъэгъуащ исмэхьил цӀыхухэм я чэруаныр Гилеад къикӀыу; абыхэм я махъшэхэм ятелъщ мэ дахэ къызыпих удзхэри, пхъэхэри, шхынхэлъхьэхэри: макӀуэ ахэр, а псори Мысырым яшэн папщӀэ.

26 Абдеж Иудэ яжриӀащ езым и къуэшхэм: – Сыт ди фейдэуэ хэлъыр ди къуэшыр дукӀыу, абы и лъыр щӀэтхъумэжкӀэ?

27 ДыкӀуэнщи, етщэнщ ар исмэхьил цӀыхухэм, абы илъ дгъэжэну дыхуейкъым; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар ди къуэшщ, дилщ. Зэшхэр абы едэӀуащ.

28 Арати, Мидиам щыщ сатуущӀэхэр щыблэкӀым, мащэм Исуф кърагъэфыжри иращащ ар исмэхьил цӀыхухэм дыжьын тӀощӀкӀэ, абыхэм Исуф Мысырым яшащ.

29 Рубэн аргуэру къакӀуэри, мащэм щиплъэм, искъым Исуф. Абдеж, гукъеуэм хэту, зэфӀитхъащ езым и щыгъынхэр.

30 ИтӀанэ и къуэшхэм я деж къигъэзэжри, жиӀащ: – ЩӀалэр щыӀэжкъым, дэнэ иджы сэ сыздэкӀуэнур?

31 ИтӀанэ къащтащ Исуф и щыгъыныр; ажэ яукӀри, абы и лъым хакухьащ щыгъыныр.

32 Щыгъын кӀыхьыр я адэм хуахьри, жаӀащ: – Дэ мыр къэдгъуэтащ; еплъыт уи къуэм и щыгъыныр арарэ армырарэ.

33 Абы ар къицӀыхужри, жиӀащ: – Мыр си къуэм и щыгъынырщ; хьэкӀэкхъуэкӀэ бзаджэм ишхащ ар; пэжщ, зэпкъратхъащ Исуф.

34 Абдеж Екъуб езым и щыгъынхэр зэфӀитхъри, щыгъуэ щыгъынхэр зыщитӀэгъащ, икӀи игъеящ и къуэр махуэ куэдкӀэ.

35 Къызэхуэсащ абы и къуэхэри ипхъухэри, ар ягъэудэӀужын папщӀэ; ауэ ар хуейтэкъым удэӀужыну, жиӀащ мыр: – Нэщхъеягъуэм сыхэту сехыжынущ си къуэм деж щӀыкъатиблкӀэ. Апхуэдэу игъеящ и адэм Исуф.

36 Мидиам цӀыхухэм Мысырым щращащ Исуф Потифар, фирхьэуным и блыгущӀэтхэм щыщым, фирхьэуным и щхьэхъумэхэм я Ӏэтащхьэм.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan