Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Мусэ 33 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


Екъуб Эсау зэрыхуэзар

1 Екъуб щыплъэм къилъэгъуащ: къокӀуэ Эсау, и гъусэщ абы цӀыху щиплӀ. Щхьэхуэ-щхьэхуэ ищӀащ Леаи, Рахэли, унэӀут бзылъхугъитӀми я сабийхэри.

2 ИкӀи иригъэуващ унэӀут бзылъхугъэхэмрэ абыхэм я сабийхэмрэ япэ, Леарэ абы и сабийхэмрэ абыхэм я ужьым, Рахэлрэ Исуфрэ абыхэм я ужьыж.

3 Езыр абыхэм япэ иту ежьэри, щхьэщэ ищӀащ щӀыгум нэсу блэнейрэ, и къуэшым щыбгъэдыхьэм.

4 Эсау къыпежажьэри ӀэплӀэ къыхуищӀащ, и пщэми зыкъришэкӀащ, баи къыхуищӀащ, икӀи гъащ ахэр.

5 Эсау къаплъэри, фызхэри сабийхэри къыщилъагъум, жиӀащ: – Хэт мы уи гъусэхэр? – Тхьэм и гущӀэгъукӀэ уи унэӀутым кърита бынхэрщ, – жиӀащ Екъуб.

6 ИтӀанэ унэӀут бзылъхугъэхэри абыхэм я бынхэри къыбгъэдыхьэри щхьэщэ къыхуащӀащ Эсау.

7 Абы и ужькӀэ Леаи абы и сабийхэми къыбгъэдыхьэри щхьэщэ къыхуащӀащ. ИкӀэм икӀэжым Исуфрэ Рахэлрэ къыбгъэдыхьэри щхьэщэ къыхуащӀащ.

8 ЖиӀащ абы щыгъуэ Эсау: – Мы сыкъызыхуэза къомыр сыт? – Уэ си зиусхьэныр нэфӀкӀэ укъызэплъын папщӀэ, – жиӀащ Екъуб.

9 Эсау жиӀащ: – Сэ сиӀэр ирикъунщ, си къуэш; ууейр уэ зигъэӀэж.

10 – Хьэуэ, – жиӀащ Екъуб, – уэ нэфӀкӀэ укъызэплъмэ, сӀых сэ къызбгъэдэкӀ тыгъэр; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ слъэгъуащ уи напэр, Тхьэ напэр зыгуэрым илъэгъуам ещхьу, уэри укъысхуэгуэпащ.

11 Нащтэ си тыгъэу уэ къыпхуэсхьар; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и нэфӀкӀэ къызитауэ сиӀэщ сэ псори. Арати, къытригъэхьэщ ари, абы Ӏихащ.

12 – ЗытӀэтынщи, дежьэнщ, – жиӀащ абы и ужькӀэ Эсау, – сэ сыкӀуэнщ уяпэ ситу.

13 Екъуб жриӀащ абы: – Си зиусхьэным ещӀэ сабийхэр зэрыгуащӀэмащӀэр, си Ӏэщ цӀыкӀури инри къашу зэрыщытри: ар махуэ енкӀэ пхумэ, зэтелӀэнущ псори.

14 Си зиусхьэныр ирекӀуэ езым и унэӀутым япэ иту, ауэ сэ си япэм Ӏэщу итыр зэрыкӀуэм хуэдэу, икӀи сабийхэр зэрыкӀуэм хуэдэу, хуэму сыкӀуэурэ секӀуэлӀэнщ си зиусхьэным деж Сеир щӀыналъэм.

15 – Сэ сщӀыгъу цӀыхухэм щыщ зыбжанэ къыпхуэзгъэнэнщ, – жиӀащ Эсау. – Сытым щхьэкӀэ? – жиӀащ Екъуб, – Си зиусхьэныр нэфӀкӀэ къызэплъыну аркъудейщ сэ сызыхуейр!

16 Арати, игъэзэжащ Эсау а махуэ дыдэм езым и гъуэгукӀэ Сеир.

17 Ауэ Екъуб Суккот иунэтӀри щиухуащ абы унэ, и Ӏэщхэм папщӀэ ищӀащ пщыӀэхэр. Абы къыхэкӀкӀи фӀищащ а щӀыпӀэм цӀэуэ Суккот.

18 Екъуб Паддан-Арам къикӀыжри, бэӀутӀэӀуншэу къэсащ Ханаан щӀыналъэм ит Щэхэм къалэм, икӀи щытӀысащ къалэ гупэм деж.

19 ИкӀи езым и шэтыр здригъэува щӀыгуу губгъуэм щыщыр къыщищэхуащ Щэхэм и адэ Хамор и къуэхэм я деж ахъшищэкӀэ.

20 Абдежым къурмэнщӀыпӀэ щигъэуври, елъэӀуащ Зиусхьэну Израил и Тхьэм.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan