1 Мусэ 32 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр1 Екъуб ежьащ езым и гъуэгукӀэ. Къыпежьащ абы Тхьэм и мелыӀычхэр. 2 Екъуб ахэр щилъагъум, жиӀащ: – Ар Тхьэм и уафэдзэм и увыӀэпӀэщ. ИкӀи фӀищащ а щӀыпӀэм цӀэ: Маханаим. Екъуб тыгъэхэр Эсау къызэрыхуигъэхьар 3 Екъуб езым япэ иту хуигъэкӀуащ и къуэш Эсау хъыбарегъащӀэхэр Эдом хэкум щыӀэ Сеир щӀыналъэм. 4 Унафэ яхуищӀащ абыхэм, мыр жиӀэри: – Мыпхуэдэу жефӀэ си зиусхьэн Эсау: мыращ жиӀэр уи унэӀут Екъуб: сэ сыщыпсэуащ Лабан деж, сыщыпсэуащ иджыри къэс; 5 СиӀэщ сэ выхэри, шыдхэри, Ӏэщ цӀыкӀуи, унэӀут цӀыхухъухэри, унэӀут бзылъхугъэхэри; икӀи сэ нэзгъэкӀуащ си зиусхьэным деж си хъыбар уэзгъэщӀэну, нэфӀкӀэ укъызэплъын папщӀэ. 6 ХъыбарегъащӀэхэм Екъуб деж къагъэзэжри, жаӀащ: – Дэ дыкӀуащ уи къуэш Эсау деж; ар къытпежьауэ къокӀуэ, цӀыху щиплӀ щӀыгъуу. 7 Екъуб икъукӀэ къэшынащ, къэгузэващ, икӀи игуэшащ гупитӀу езым и гъусэ цӀыхухэри, Ӏэщ цӀыкӀури инри, махъшэхэри. 8 «Эсау зы гупым теуэмэ икӀи ар зэхикъутэмэ, адрей гупым къелын хузэфӀэкӀынщ», жиӀащ абы. 9 ИтӀанэ елъэӀуащ Екъуб: – Си адэ Ибрэхьими си адэ Исхьэкъи я Тхьэ, Зиусхьэну сэ: «Гъэзэж уи щӀыналъэм, уи Ӏыхьлыхэм деж, Сэ фӀыгъуэ пхуэсщӀэнущ уэ» жиӀэу къызжезыӀа! 10 Сахуэфащэкъым сэ зэкӀэ фӀыгъуэрэ пэжыгъэрэ пщӀэуэ Уэ сэ, Уи ӀурыщӀэм, къысхуэпщӀахэм; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ си башыр сӀыгъыу сызэпрыкӀащ мы Иордан псым; атӀэми иджы сэ гупитӀ мылъку яӀэу си гъусэщ. 11 СынолъэӀу, сыӀэщӀэх сэ си къуэшым и Ӏэм, Эсау и Ӏэм; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыщошынэ абы, ар къакӀуэу сэри, анэри, сабийхэри псори диукӀынкӀэ. 12 Уэракъэ къызжезыӀар: «Сэ фӀыгъуэ пхуэсщӀэнущ, сщӀынущ уэ къыптехъукӀыну бынхэр куэд, пхуэмыбжу хы пшахъуэм хуэдиз». 13 А жэщыр а щӀыпӀэм щрихащ Екъуб. ИтӀанэ къищтащ езым иӀэм щыщу и къуэш Эсау папщӀэ тыгъэу: 14 Бжэн щитӀ, ажэ тӀощӀ, мэл щитӀ, тӀы тӀощӀ; 15 къэпш хъууэ махъшэбз щэщӀ, я махъшэ шыщӀэхэр я гъусэу, жэм плӀыщӀ, выуэ пщӀы, шыдыбз тӀощӀ, шыдыхъуу пщӀы. 16 ЯӀэщӀилъхьэщ езым и унэӀутхэм сыт хуэдэ хъушэри, щхьэхуэуи яжриӀащ и унэӀутхэм: – Сяпэ фиту фыкӀуи, щывгъэт хъушэхэр зыр адрейм пэжыжьэу. 17 ИкӀи унафэ хуищӀащ япэрейм, мыр жиӀэри: – Си къуэш Эсау къыпхуэзэрэ «Уэ хэт урей? Дэни укӀуэрэ? Хэт и хъушэ уяпэ итри?» жиӀэу, къоупщӀмэ, 18 жеӀэ: «Уи унэӀут Екъуб; мыр абы си зиусхьэн Эсау къыхуищӀа тыгъэщ; езы Екъуб ди ужь итщ». 19 Ар дыдэр унафэу хуищӀащ етӀуанэми, ещанэми, хъушэхэм я ужьым иту кӀуэ псоми, «Апхуэдэу жефӀэ Эсау, фыхуэзэмэ», жиӀэурэ; 20 АдэкӀи жыфӀэ: «Уи унэӀут Екъуб ди ужь итщ». Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы езым игукӀэ жиӀащ: «и нэфӀ къызыщызгъэхуэнщ ар сяпэм иту кӀуэ тыгъэхэмкӀи, дызыхуэзмэ фӀыуэ къыспежьэнкӀэ мэхъу итӀанэ». 21 Арати, кӀуащ тыгъэхэр абы я пэ иту; езым а жэщыр щигъэкӀуащ увыӀэпӀэм. Екъуб Тхьэм зэребэнар 22 А жэщым къэтэджри, и фызитӀри, и унэӀут бзылъхугъитӀри, и къуэ пщыкӀузри къыздищтэри, зэпрыкӀащ Ябок и чэнжыпӀэмкӀэ. 23 Ахэр зэпришащ псым, зэпришащ езым иӀа псори. 24 Къэнащ Екъуб и закъуэу. ИкӀи къебэнащ абы Зыгуэр, нэхущ пшэплъыр къищӀыху. 25 КъызэрытемыкӀуэфыр къыщилъагъум, къеӀусэщ абы и куэ къупщхьэ зэрытыпӀэм, зэрыгъэпкӀащ Екъуб и куэ къупщхьэ зэрытыпӀэр, Ар абы къыщебэным. 26 – СутӀыпщ сэ, пшэплъ къищӀащ, – жиӀащ адрейм. – УзутӀыпщынукъым, Уэ уи нэфӀ къысщымыхуауэ, – жиӀащ Екъуб. 27 – Сыт уи цӀэр? – жиӀащ адрейм. – Екъуб, – жиӀащ абы. 28 – Иджы щыщӀэдзауэ уи цӀэу щытынур Екъубкъым, атӀэ Израилщ, – жиӀащ адрейм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэ уебэнащ Тхьэми цӀыхухэми, къару уиӀэу къэбгъэлъэгъуащ. 29 ЩӀэупщӀащ Екъуб, мыр жиӀэурэ: – КъызжеӀэ уи цӀэр. – Сыт уэ си цӀэм ущӀыщӀэупщӀэр? – жиӀащ абы. ИкӀи и нэфӀ къыщыщыхуащ абы абдежым. 30 Екъуб фӀищащ а щӀыпӀэм цӀэуэ Пэниел, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, жиӀащ абы, «Сэ слъэгъуащ Тхьэр, ди нэгу зэхуэгъэзауэ, итӀани псэууэ къелащ си псэр». 31 КъыщӀэкӀащ дыгъэр, ар Пэнуел щыпхрыкӀым; ещӀэкъуауэрт ар, и куэ къупщхьэ зэрытыпӀэр зэрыпкӀати. 32 Абы папщӀэ иджыри къэс израил цӀыхухэм яшхыркъым куэ къупщхьэ зэрытыпӀэм телъ хуэр, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Къебэныгъар къеӀусащ Екъуб и куэ къупщхьэ зэрытыпӀэм телъ хуэм. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden