1 Мусэ 31 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэрЕкъуб Лабан деж къызэрыщыщӀэпхъужар 1 Екъуб зэхихащ Лабан и къуэхэм жаӀэ псалъэхэр: – Екъуб зыӀэщӀиубыдащ ди адэм иӀа псори, ди адэм и мылъкум къыхигъэкӀащ и къулеигъэ псори. 2 Къилъэгъуащ Екъуб Лабан и нэкӀур, ар абы къыхущытыжкъым дыгъуаси вэсэмахуи къызэрыхущытам хуэдэу. 3 КъыжриӀащ Зиусхьэным Екъуб: – Гъэзэж уи адэхэм я щӀыналъэу узыщалъхуа хэкум; Сэри сыуигъусэнущ. 4 Екъуб игъакӀуэри Рахэлрэ Леарэ езым и Ӏэщ цӀыкӀу хъушэ здэщыӀэ губгъуэм къригъэшащ. 5 ЯжриӀащ абыхэм: – Сэ солъагъу фи адэм и нэкӀур, ар дыгъуаси вэсэмахуи хуэдэу къызэрысхущымытыжыр. Ауэ си адэм и Тхьэр сэ си гъусэщ. 6 Фэ езыхэр фыщыгъуазэщ фи адэм си къару псомкӀи сызэрыхуэлэжьам. 7 Ауэ фи адэм сыкъигъапцӀэурэ пщӀэнейрэ ихъуэжащ си лэжьапщӀэр. Тхьэм хузэфӀигъэкӀакъым абы Ӏеягъэ къызищӀэну. 8 «Бжьыгъэ зиӀэ Ӏэщыр уэ пхуэхъунущ пщӀэ» абы щыжиӀэм, Ӏэщ псоми къалъхуащ бжыгъэ зиӀэхэр. «Къуэлэнхэр пхуэхъунущ уэ пщӀэ» абы щыжиӀэм, Ӏэщ псоми къалъхуащ къуэлэнхэу. 9 Арати, Тхьэм фи адэм Ӏэщыр къыӀэщӀихри, сэ къызитащ. 10 Зэгуэрым, Ӏэщым я хуэжэгъуэу, сэ пщӀыхьэпӀэм хэту слъэгъуащ бжэнхэм дэкӀуея ажэхэр къуэлэнхэу, ӀэпапӀэ зиӀэ яхэту, бжьыгъи яӀэу. 11 Тхьэм и мелыӀычым сэ къызжиӀащ пщӀыхьым сыхэту: – Екъуб! – Сымис сэ, – жысӀащ сэ. 12 – Уи напӀэхэр Ӏэти, еплъ, – жиӀащ абы. – Бжэнхэм дэкӀуея ажэ псори къуэлэнщ, ӀэпапӀэ зиӀэхэщ, бжьыгъэ зиӀэхэщ; сэ солъагъу Лабан уэ сыт къыуищӀэми. 13 Фэеплъым дагъэр щытепкӀэгъа, Сэри псалъэ быдэ къыщызэптыгъа Бэтэл деж уэ къыщыпхуэлъэгъуа Тхьэр Сэращ. Иджы зыӀэт, икӀ мы щӀыналъэм; гъэзэж узыщалъхуа хэкум. 14 Рахэлрэ Леарэ иратащ Екъуб жэуап: – ЩыдиӀэж иджы дэ ди адэм и лъапсэм Ӏыхьэрэ мылъкурэ? 15 Хамэхэм яхуэдэукъэ дэ абы дызэрилъытэр? Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы дэ дищащ, уеблэмэ ишхащ ди дыжьынри. 16 Абы къыхэкӀкӀэ мылъкуу Тхьэм ди адэм къыӀрихар дыдейщ, ди бынхэми ейщ. Аращи, Тхьэм уэ къыбжиӀа псори щӀэ. 17 Арати, ежьащ Екъуб, тригъэтӀысхьащ и бынхэри и фызхэри махъшэхэм; 18 ИтӀанэ къыздищтащ езым и Ӏэщ псори, мылъкуу зыӀэригъэхьа псори, Паддан-Арам щиугъуея Ӏэщри и адэ Исхьэкъ деж Ханаан щӀыналъэм кӀуэжын папщӀэ. 19 Лабан езым и Ӏэщым я цыр къищыну щыкӀуэм, Рахэл къидыгъуащ и адэм иӀа тхьэ сурэтхэр. 20 Екъуб арамей Лабан къыфӀидыгъуащ и гур, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы хъыбар иригъэщӀакъым зэрежьэжынумкӀэ. 21 Арати, ежьэжащ езым иӀэ псори и гъусэу; зиӀэтщ, псым зэпрыкӀри, игъэзащ Гилеад бгымкӀэ. 22 Ещанэ махуэм Лабан жраӀащ Екъуб зэрежьэжар. 23 Абы щыгъуэ абы зыщӀигъущ езым и Ӏыхьлыхэри, кӀэлъыжащ абы махуиблкӀэ икӀи щылъэщӀыхьащ Гилеад бгым деж. 24 АрщхьэкӀэ Тхьэр арамей Лабан пщӀыхьым хэту жэщым къыхуэлъагъуэри, къыжриӀащ абы: – Зыхъумэ, жумыӀэ Екъуб Ӏеи фӀыи. 25 Арати, лъэщӀыхьащ Лабан Екъуб; Екъуб и шэтырхэр тригъэуват бгыщхьэм, Лабани езым и Ӏыхьлыхэр и гъусэу и шэтырхэр тригъэуващ Гилеад бгым. 26 ЖриӀащ Лабан Екъуб: – Сыт уэ зэхэпщӀыхьар? Сытым щхьэкӀэ уэ сыкъэбгъапцӀэу скӀэщӀэпша сипхъухэр, ӀэщэкӀэ гъэр ящӀахэм хуэдэу? 27 Сыт щэхуу ущӀэпхъуэжу сэ зыщӀысщыбгъэпщкӀуар, къыщӀызжумыӀари сыт? Сэ узутӀыпщыжынут гуфӀэгъуэмрэ уэрэдхэмрэ ухэту, тимпанхэми пшынэми къыпхуеуэу. 28 Уэ Ӏэмал къызэптакъым уеблэмэ си пхъурылъхухэми сипхъухэми ба яхуэсщӀыжыну; акъылыншагъэщ уэ пщӀар. 29 Хэлъщ си Ӏэм къару фэ Ӏеягъэ фэсщӀэфыну; ауэ фи адэм и Тхьэр дыгъуасэ къызэпсалъэри, сэ къызжиӀащ: – Сакъ, жумыӀэ Екъуб Ӏеи фӀыи. 30 – Ауэ уэ укӀуэжами зи хэлъкъым, сыту жыпӀэмэ уэ укъытричырт уи адэм и унэм уихьэжыну, ауэ сыт къыщӀэбдыгъуар-тӀэ си тхьэ сурэтхэр? 31 Екъуб Лабан жэуап иритурэ, жиӀащ: – Сэ сышынэрт; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «стумыхыжащэрэт уипхъухэр» жысӀэурэ сегупсысырти. 32 Уи тхьэ сурэтхэр хэт къыкъуэпхыжми, абы псэу иӀэжкъым. Ди Ӏыхьлыхэм я пащхьэм щызэхэгъэкӀ ууейуэ сӀыгъхэри, здэщтэж. Ауэ Екъуб ищӀэртэкъым ахэр Рахэл къызэридыгъуар. 33 Арати, щӀыхьащ Лабан Екъуб и шэтырми, Леа и шэтырми, унэӀут бзылъхугъитӀым я шэтырми, ауэ игъуэтакъым зыри. ИтӀанэ Леа и шэтырым къыщӀэкӀыжри, щӀыхьащ Рахэл и шэтырым. 34 Рахэл къищтащ тхьэ сурэтхэр, ахэр махъшэм телъ уанэм и щӀагъ щӀилъхьэри, тетӀысхьэжащ абыхэм. Къищащ Лабан шэтырыр зэрыщыту, ауэ игъуэтакъым. 35 Мыдрейми жриӀащ и адэм: – Къысхуремыгубжь си зиусхьэныр и пащхьэм сызэрыщымытэджыфым папщӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бзылъхугъэ хабзэр къысхуэкӀуащ. Арати, ар лъыхъуащ, ауэ игъуэтакъым тхьэ сурэтхэр. 36 Екъуб къэгубжьри, Лабан едауэу щӀидзащ. Екъуб псэлъэн къыщӀидзэри, жриӀащ Лабан: – Сыт си лажьэр, гуэныхьу стелъри сыт, щхьэ зэхэзехуэн сыпщӀа? 37 Уэ къыуплъыхьащ си хьэпшып псори, сыт къахэбгъуэтар уи унэ хьэпшыпхэм ящыщу? Щыдгъэлъагъу уи Ӏыхьлыхэми си Ӏыхьлыхэми я пащхьэм деж; къытхурехъу дэ тӀум ахэр хеящӀэ. 38 – Мис, илъэс тӀощӀкӀэ сыщыӀащ сэ уи деж; уи мэлхэми уи бжэнхэми щыщанэжа къэхъуакъым; уэ хъушэм щыщ мэли сэ сшхакъым; 39 ХьэкӀэкхъуэкӀэм зэпкъритхъар сэ ныпхуэсхьыжакъым; ар сэ схэщӀауэт зэрызбжыр; сэ сыбгъэпшынырт жэщым кӀуэдари, махуэм кӀуэдари. 40 Сэ гугъу сехьырт махуэм хуабэкӀэ, жэщми щӀыӀэкӀэ; си нэхэми жейр къекӀуэртэкъым. 41 Апхуэдэххэщ илъэс тӀощӀу уи унэм щызгъэкӀуар. Сэ уэ сыпхуэлэжьащ илъэс пщыкӀуплӀкӀэ уи пхъуитӀым папщӀэ, илъэсихкӀэ уи Ӏэщым папщӀэ; атӀэми уэ пщӀэнейрэ пхъуэжащ си лэжьапщӀэр. 42 Си адэм и Тхьэр, Ибрэхьим и Тхьэр икӀи Исхьэкъ и Шынагъуэр си мыгъусатэмэ, уэ иджы сыбутӀыпщыжынут ӀэнэщӀу. Тхьэм къилъэгъуащ си тхьэмыщкӀагъэри си Ӏэхэм ялэжьари, икӀи къысхуищӀащ хьэкум дыгъуасэ. Екъубрэ Лабанрэ зэгурыӀуэныгъэ зэрызэдащӀар 43 Лабан жэуап къитри къыжриӀащ Екъуб: – Пхъухэр сипхъущ; сабийхэр си сабийщ; Ӏэщри си Ӏэщщ, уэ плъагъу псори сысейщ: сэ зыгуэр есщӀэфыну-тӀэ сипхъухэми абыхэм къалъхуа сабийхэми? 44 Иджы зэгурыӀуэныгъэ зэдухылӀэнщ уэрэ сэрэ, ар щыхьэт щыхъунщ уэрэ сэрэ ди якум. 45 Екъуб мывэ къищтэри игъэуващ ар фэеплъу. 46 ЯжриӀащ Екъуб езым и Ӏыхьлыхэм: – КъызэщӀэфкъуэ мывэхэр. Абыхэм мывэхэр къащтэурэ Ӏуащхьэу зэтралъхьащ, итӀанэ щышхащ мывэхэм деж. 47 Лабан фӀищащ абы: Егъар-Сахъадут; ауэ Екъуб абы фӀищар Гъаледщ. 48 ИтӀанэ жиӀащ Лабан: – Нобэ мы Ӏуащхьэр уэрэ сэрэ ди якум щыщыхьэтщ. Аращ Галеед цӀэуэ щӀыфӀищар. 49 Мицпэри жраӀэ Лабан мыпхуэдэу зэрыжиӀам щхьэкӀэ: – КъыткӀэлъреплъ Зиусхьэныр уэри сэри, дыщызэрымылъагъужым деж. 50 Сипхъухэм Ӏейуэ уахущытмэ, е сипхъухэм нэмыщӀ нэгъуэщӀ фызхэр къапшэмэ, дэ ди якум цӀыху дэмытми, еплъ, Тхьэр щыхьэту дэтщ уэрэ сэрэ ди якум. 51 – Мы Ӏуащхьэм еплъ, – жриӀащ Лабан Екъуб, – ар уэрэ сэрэ ди якум фэеплъу сэ дэзгъэуващ. 52 Мы Ӏуащхьэр щыхьэтщ, мы фэеплъри щыхьэтщ Ӏеягъэ щхьэкӀэ сэ мы Ӏуащхьэм уи дежкӀэ сынызэрыфӀэмыкӀынумкӀэ, уэри си дежкӀэ мы Ӏуащхьэм укъызэрыфӀэмыкӀынумкӀэ. 53 Ибрэхьим и Тхьэмрэ Нахъор и Тхьэмрэ ди якум хеящӀэу дрет, абыхэм я адэм и Тхьэр. Екъуб тхьэлъанэ ищӀащ езым и адэ Исхьэкъ и цӀэкӀэ. 54 ИкӀи щиукӀащ Екъуб къурмэныпхъэр Ӏуащхьэм деж, къриджащ езым и Ӏыхьлыхэр щӀакхъуэ яшхыну; абыхэм яшхащ щӀакхъуэ, нэхуи щагъэщащ Ӏуащхьэм деж. 55 Къэтэджащ Лабан пщэдджыжьым жьыуэ, ба яхуищӀщ и пхъурылъхухэми ипхъухэми, Тхьэм и нэфӀ къащихуэну хуелъэӀуащ абыхэм. ИтӀанэ ежьэжри, кӀуэжащ Лабан езым и щӀыпӀэм. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden