Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Мусэ 30 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Рахэл Екъуб сабий къызэрыхуимылъхуфыр къыщилъагъум, езым и шыпхъум ефыгъуэри, жриӀащ Екъуб: – Къызэт бынхэр; къызумытмэ, сылӀэнущ.

2 Екъуб Рахэл хуэгубжьри, жиӀащ: – Сэ сыхъуа уи кӀуэцӀым зыри ирезымыгъащӀэ Тхьэ?

3 – Мис си унэӀут бзылъхугъэ Билхьэ, – жиӀаш Рахэл, – щӀыхьэ абы деж: щрелъхуэ си лъэгуажьэхэм деж ар, абы къилъхуауэ сэри бынхэр сиӀэн папщӀэ.

4 Арати, иритащ абы Билхьэ, езым и унэӀут бзылъхугъэр, абы игъэфызыну; Екъуб щӀыхьащ абы деж.

5 Билхьэ уэндэгъу хъури, Екъуб къыхуилъхуащ къуэ.

6 Абы щыгъуэ жиӀащ Рахэл: – Хьэкум къысхуищӀащ сэ Тхьэм, – жиӀащ Рахэл, – си лъэӀур зэхихри, къызитащ къуэ. Абы къыхэкӀыу фӀищащ абы цӀэуэ Дан.

7 Аргуэру лъэщыджэ хъуащ Билхьэ, Рахэл и унэӀут бзылъхугъэр, икӀи Екъуб къыхуилъхуащ къуэ етӀуанэр.

8 – Бэнэныгъэ лъэщкӀэ си шыпхъум себэнри сытекӀуащ, – жиӀащ Рахэл. Абы къыхэкӀыу фӀищащ абы цӀэуэ Нафталий.

9 Леа езыр зэрымылъхуэжыр къыщилъагъум, и унэӀут бзылъхугъэ Зилпэ къищтэри, ар иритащ Екъуб игъэфызыну.

10 Леа и унэӀут бзылъхугъэ Зилпэ къыхуилъхуащ Екъуб къуэ итӀанэ.

11 ЖиӀащ абы щыгъуэ Леа: – Си насыпым къихьащ. Абы къыхэкӀыу фӀищащ абы цӀэуэ Гад.

12 Леа и унэӀут бзылъхугъэ Зилпэ етӀуанэрейуи къуэ Екъуб къыхуилъхуащ.

13 ЖиӀащ Леа: – Гъуэгу махуэ сытеуващ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ насыпыфӀэкӀэ къызэджэнущ сэ бзылъхугъэхэр. ИкӀи фӀищащ абы цӀэуэ Ащэр.

14 Реувен кӀуащ губгъуэм, гуэдзыр щыӀуахыж зэманым, губгъуэм къыщигъуэтри, къыхуихьащ ахэр Леа, езым и анэм. Рахэл Леа жриӀащ абдежым: – Къызэт уи къуэм и мандрагорхэр.

15 Ауэ абы къыжриӀэжащ: – УфӀэмащӀэу ара уэ си лӀыр зызэрыӀэщӀэбгъэхьар, иджы си къуэм и мандрагорхэри зыӀэщӀэбгъэхьэну ухэт? – Апхуэдэу щыхъуакӀэ, – жиӀащ Рахэл, – ар мы жэщым уэ къыбдрегъуэлъ, уи къуэм и мандрагорхэм папщӀэ.

16 Екъуб пщыхьэщхьэм губгъуэм къыщикӀыжам, Леа абы пежьэри, жриӀащ: – КъыщӀыхьэ си деж; си къуэм и мандрагорхэмкӀэ укъэсщэхуащи. Арати, дэгъуэлъащ Екъуб Леа а жэщым.

17 Тхьэм зэхихащ Леа и лъэӀур, ар уэндэгъу хъури, къыхуилъхуащ Екъуб къуэ етхуанэр.

18 ЖиӀащ абы щыгъуэ Леа: – Тхьэм сэ си лӀым си унэӀут бзылъхугъэр зэрестам пэкӀуэр къызитыжащ. Абы къыхэкӀыу фӀищащ абы цӀэуэ Иссашкар.

19 Леа аргуэру уэндэгъу хъури, къыхуилъхуащ Екъуб къуэ еханэр.

20 ЖиӀащ абы щыгъуэ Леа: – Тхьэм къызитащ тыгъэ гъуэзэджэ; иджы си лӀым щӀыхь къысхуищӀынущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къыхуэслъхуащ абы къуих. Абы къыхэкӀыу фӀищащ абы цӀэуэ Зэбулун.

21 ИтӀанэ къилъхуащ пхъу икӀи фӀищащ абы цӀэуэ Динэ.

22 Тхьэм игу къэкӀыжащ Рахэл, ар Тхьэм зэхихри лъхугъэ иӀэну Ӏэмал къритащ.

23 Ар уэндэгъу хъури, къилъхуащ къуэ, икӀи жиӀащ: – Сщхьэщихащ Тхьэм си емыкӀур.

24 ИкӀи фӀищащ абы цӀэуэ Исуф. – Зиусхьэным сэ къызрет иджыри къуэ, – жиӀэри.


Екъуб Лабан зэрэхуэлэжьамрэ бей зэрыхъуамрэ

25 Рахэл Исуф къилъхуа нэужь, Екъуб Лабан жриӀащ: – СутӀыпщыжи, сыкӀуэжынщ сэ си щӀыпӀэм, си щӀыналъэм.

26 Къызэтыж сэ сыщӀыпхуэлэжьа си фызхэмрэ си бынхэмрэ, сэ сыкӀуэжынщ; уэ ущыгъуазэщ сэ фӀыуэ сызэрыпхуэлэжьам.

27 Лабан къыжриӀащ абы: – НэфӀкӀэ укъызэплъмэ, мыр жысӀэну хуит сыщӀ. Сэ джэш дзынымкӀэ зэзгъэщӀащ уи хьэтыркӀэ Зиусхьэным и нэфӀ къызэрысщыхуам.

28 АдэкӀи жиӀащ: – Уэстыну пщӀэр уэ зыхуэгъэувыжи, сэ уэстынщ.

29 – Уэ уощӀэ сэ сызэрыпхуэлэжьа щӀыкӀэри сэ сапэрыту уи Ӏэщыр зэрыбэгъуари, – жриӀащ Екъуб абы.

30 – Си япэкӀэ мащӀэ фӀэкӀа уимыӀамэ, иджы хъуащ куэд; сэ дэнэ сыкӀуами, Зиусхьэным и нэфӀ къыпщигъэхуащ; ауэ сыт щыгъуэ сэ сыщыхуэлэжьэнур си унагъуэм?

31 – Сыт уэстын? – къеупщӀащ Лабан. – Зыри къызумыт, – жиӀащ Екъуб. – Сэ жыхуэсӀэр къысхуэпщӀэмэ, аргуэру пхуэзгъэхъунщ икӀи пхуэсхъумэнщ уи мэлхэри уи бжэнхэри.

32 Сэ сыпхрыкӀынщ нобэ уи мэл, бжэн хъушэм; къыхэгъэкӀ абы мэлу бжьыгъэ зыхэлъри къуэлэнри, мэлхэм ящыщу мэл фӀыцӀэри, апхуэдэуи бжэнхэм ящыщу бжьыгъэ зыхэлъри къуэлэнри. Апхуэдэ Ӏэщыр схурехъу сэ лэжьапщӀэ.

33 ИтӀанэ си лэжьапщӀэм уеплъыну укъыщыкӀуэ нэгъуэщӀ зэманым деж си захуагъэр нэрылъагъу щыхъунщ уи пащхьэм деж. Бжьыгъэ зыхэмылъ е мыкъуэлэн бжэнхэм, мэлхэм ящыщу мыфӀыцӀэу сиӀэр къэдыгъуащ.

34 – Хъарзынэщ, ирехъу уэ зэрыжыпӀауэ, – жиӀащ Лабан.

35 АрщхьэкӀэ къыхигъэкӀащ Лабан а махуэм ажэ къуэлэнхэмрэ бжьыгъэ зиӀэхэмри, бжэну бжьыгъэ зыхэлъхэри къуэлэнхэри, хужь тӀэкӀу фӀэкӀа зыхэмыт псори, мэл фӀыцӀэ псори, икӀи яӀэщӀилъхьащ езым и къуэхэм.

36 Езымрэ Екъубрэ я зэхуакум махуищ гъуэгу я зэпэжыжьагъыу игъэуващ. Екъуб игъэхъурт Лабан и адрей Ӏэщ цӀыкӀухэр.

37 Екъуб щиху, миндал, тхушэ чы цӀынэ цӀыкӀухэр къищтэри, къуэлэн кусэхэр яхуищӀащ, чы цӀыкӀухэм ятелъ фэр трихри;

38 А чы дэбзыкӀахэр Ӏэщхэр псы ефэну къыздекӀуалӀэ хьэкхъуафэхэм ирилъхьащ. Абдеж псафэ къыщыкӀуэкӀэ, Ӏэщхэр щызэкӀуалӀэу я хабзэт.

39 Чыхэм я пащхьэм щызэкӀуалӀэрти, къалъхурт Ӏэщ къуэлэни, ӀэпапӀэ зыхэти, бжьыгъэ зиӀи.

40 Екъуб щынэхэр къыхигъэкӀырти, и былымхэр Лабан и Ӏэщ къуэлэнымрэ и Ӏэщ фӀыцӀэмрэ я пэ зэкӀуэлӀэнухэм папщӀэ къригъэувэрт; Екъуб иӀыгът езым и хъушэхэр щхьэхуэу, яхигъэхьэртэкъым ахэр Лабан и Ӏэщым.

41 Ӏэщ гуащӀафӀэр щыхуажэкӀэ, Екъуб сыт щыгъуи ирилъхьэрт чыхэр хьэкхъуафэм, Ӏэщхэм ялъагъуу, чыхэм я пащхьэм ахэр щызэкӀуэлӀэн папщӀэ.

42 Ауэ Ӏэщ къарууншэхэр щыхуажэм деж чы игъэтӀылъыртэкъым. Апхуэдэуи лъысырт Ӏэщ къарууншэхэр Лабан, Ӏэщ гуащӀафӀэхэр Екъуб.

43 Арати, хъуащ Екъуб икъукӀэ, икъукӀэ бей, иӀэт абы Ӏэщ цӀыкӀу куэди, унэӀут бзылъхугъэ, хъулъхугъэ куэди, махъшэ куэди, шыд куэди.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan