1 Мусэ 3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэрТхьэм Ӏэдэмрэ Хьэуарэ Ӏэдэн жыг хадэм къызэрырихуар 1 Зиусхьэну Тхьэм къигъэщӀа губгъуэ хьэкӀэкхъуэкӀэхэм ящыщу блэр псоми нэхърэ нэхъ хьилэшыт. Абы жриӀащ цӀыхубзым: – Пэж дыдэу жиӀа Тхьэм, «Жэнэтым щыкӀ жыгхэм ящыщу зым и пхъэщхьэмыщхьи фымышх», жиӀэу? 2 – Жыгхэм къапыкӀэ пхъэщхьэмыщхьэр дэ тшхы хъунущ, – жриӀащ цӀыхубзым блэм, – 3 ауэ жэнэтым и кум ит жыгым и пхъэщхьэмыщхьэр фымышх икӀи фемыӀусэ абыхэм, фымылӀэн папщӀэ, жиӀащ Тхьэм. 4 – Хьэуэ, фылӀэнукъым, – жриӀащ блэм цӀыхубзым; 5 – сыту жыпӀэмэ ещӀэ Тхьэм: а жыгым къыпыкӀэ пхъэщхьэмыщхьэм фыщедзэкъа махуэм фи нэхэр къэплъэнурэ, Тхьэуэ фӀымрэ емрэ зэхэзыщӀыкӀым хуэдэ фыхъунущ. 6 Илъэгъуащ цӀыхубзым жыг пхъэщхьэмыщхьэр шхыныгъуэкӀэ зэрыфӀыр, ар нэхэм зэрафӀэдахэр икӀи зэрыхъуэпсэгъуэр, щӀэныгъэ къызэрыуитым къыхэкӀкӀэ; къыпичщ абы и пхъэщхьэмыщхьэхэри, ишхащ, илӀми иритри, абыи ишхащ. 7 Къэплъащ тӀуми я нэхэр абдеж, абыхэм къащӀащ зэрыпцӀанэхэр, зэгуадэщ ахъуо тхьэмпэхэри, ябгхэр щӀапхащ. 8 Къызэхахащ махуэм и щӀыӀэтыӀэгъуэм жыг хадэм къыщызыкӀухь Зиусхьэну Тхьэм и макъыр; икӀи зыщагъэпщкӀуащ Ӏэдэми абы и фызми Зиусхьэну Тхьэм и нэплъэгъуэм, жыг зэхуакухэм зыдадзэри. 9 Зиусхьэну Тхьэр лӀым еджэри, жриӀащ абы: – Дэнэ ущыӀэ? 10 – Уи макъыр щызэхэсхат жыг хадэм, – жиӀащ абы, – сызэрыпцӀанэм щхьэкӀэ сышынэри, зызгъэпщкӀуащ. 11 – Хэт къыбжиӀа уэ упцӀанэу? – жиӀащ Тхьэм. – Уэ умышхауэ пӀэрэ Сэ хуит узыхуэзмыщӀа жыгым и пхъэщхьэмыщхьэхэм ящыщ? 12 – ЦӀыхубзу Уэ къызэптам а жыгым и пхъэщхьэмыщхьэр къызитати, сэри сшхащ, – жиӀащ лӀым. 13 – Сыт ар уэ щӀэпщӀар? – жриӀащ Зиусхьэну Тхьэм цӀыхубзым. – Блэм сыдригъэхьэхри, сшхащ, – жиӀащ цӀыхубзым. 14 Зиусхьэну Тхьэм блэм жриӀащ: – Ар зэрыпщӀам папщӀэ нэлат къыплъос Ӏэщ псоми нэхъри губгъуэ хьэкӀэкхъуэкӀэ псоми нэхъри; уэ узекӀуэнущ ныбафэкӀэ, икӀи пшхынущ сабэр уи гъащӀэ псом и кӀыхьагъкӀэ. 15 Зэбииныгъэ игъащӀэкӀэ дэслъхьэнущ уэрэ цӀыхубзымрэ фякуми, уэ быну къыпщӀэхъуэнухэмрэ абы быну къыщӀэхъуэнухэмрэ якуми; абы къыщӀэхъуэнур уэ уи щхьэм къеуэнущ, уэри абы къыщӀэхъуэнум и лъэдакъэм уи шэрэзыр хэбукӀэнущ. 16 ЦӀыхубзми жриӀащ: – ИкъукӀэ хэзгъэхъуэнущ уи хьэзабхэр уэндэгъугъэкӀэ; узым ухэту къэплъхунущ уи сабийхэр; уи лӀым хьэщыкъ ухуэхъунурэ ар тепщэ пхуэхъунущ. 17 Ӏэдэми жри-Ӏащ: – Уи фызым жиӀам уедаӀуэу, «мы жыгым и пхъэщхьэмыщхьэ умышх» жыхуэсӀа жыгым и пхъэщхьэмыщхьэ зэрыпшхам къыхэкӀыу, уи зэранкӀэ щӀылъэм нэлат лъысащ; уи гъащӀэм къыхиубыдэ махуэ псоми а щӀыгум къыуитыр мыгъуэкӀэ пшхынущ. 18 Пыжьейрэ кхъуэбанэрэ къыпхуигъэкӀынущ абы; ушхэнущ губгъуэ удзкӀэ. 19 Уи нэкӀум пщӀэнтӀэпсыр къежэхыу, уи щӀакхъуэ Ӏыхьэр пшхынущ укъызыхэкӀа щӀыгум ухыхьэжыхукӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ усабэщи, сабэм ухыхьэжынущ. 20 ЛӀым фӀищащ и фызым цӀэ: Хьэуа, псэ зыӀут цӀыху псоми ар анэ зэрахуэхъуам къыхэкӀыу. 21 Зиусхьэну Тхьэм Ӏэдэмрэ абы и фызымрэ фэм къыхэщӀыкӀа щыгъынхэр яхуищӀри, ихуэпащ ахэр. 22 ЖиӀащ Зиусхьэну Тхьэм итӀанэ: – Аращи, цӀыхур хъуащ Дэ тщыщ зым хуэдэ, фӀымрэ емрэ зэхищӀыкӀыу; иджы абы и Ӏэр ишийуэ, гъащӀэ къэзыт жыгым и пхъэщъхьэмыщхьэ къыпичу имышхащэрэт, мыкӀуэдыжын гъащӀи иӀэ мыхъуащэрэт. 23 Зиусхьэну Тхьэм кърихуащ ар Ӏэдэн жыг хадэм, езыр къызыхаха щӀыгум илэжьыхьын папщӀэ. 24 Кърихущ Тхьэм Ӏэдэм, гъащӀэ къэзыт жыгым хуэкӀуэ гъуэгур яхъумэн папщӀэ, Ӏэдэн жыг хадэм и къуэкӀыпӀэмкӀэ Ӏуигъэуващ херувим мафӀэ къызыпих джатэ зызыгъазэмрэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden