Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Мусэ 29 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


Екъуб Рахэл зэрыхуэзар

1 Екъуб тэджщ и гъуэгу техьэжри, къуэкӀыпӀэм и цӀыхухэм я щӀыналъэм кӀуащ.

2 Къилъэгъуащ абы губгъуэм псыкъуий иту, Ӏэщ цӀыкӀуу хъушищи абы и гъунэгъуу щытщ; а псыкъуийм кърахыурэ псы ирагъафэрт хъушэхэр. Псыкъуийм щхьэщылът мывэшхуэ.

3 Абдежым хъушэ псори щызэхуэса нэужь, псыкъуийм мывэр къытрагъэукӀуриикӀырти, мэлхэр псы ирагъафэрт Ӏэщыхъуэхэм; итӀанэ аргуэру мывэр тралъхьэжырт псыкъуийм.

4 – Си къуэшхэ! Дэнэ фыщыщ? – еупщӀащ Екъуб абыхэм. – Дэ Харан дыщыщщ, – жаӀащ абыхэм.

5 – ФцӀыхуу пӀэрэ фэ Нахъор и къуэ Лабан? – еупщӀащ абыхэм. – ДоцӀыху, – жаӀащ абыхэм.

6 – Узыншэу пӀэрэ ар? – аргуэру еупщӀащ абыхэм. – Уыншэщ, – жаӀащ абыхэм, – Рахэл, абы и пхъур, къокӀуэ мэлхэм я гъусэу.

7 – Махуэр иджыри кӀыхьщ, – яжриӀащ Екъуб Ӏэщыхъуэхэм, – хъуакъым Ӏэщ къехулӀэжыгъуэ; мэлхэр псы евгъафи, фыкӀуэ, вгъэхъу.

8 – Ар тхузэфӀэкӀынукъым, хъушэ псори къызэхуэмысу, мывэри псыкъуийм къытрамыгъэукӀуриикӀыу, – жаӀащ мыдрейхэм. – ИтӀанэ мэлхэр псы едгъэфэнщ.

9 Иджыри ар епсалъэрт абыхэм, Рахэл и адэм и мэлхэм яхэту къыщыӀухьам, абы ахэр игъэхъурт.

10 Екъуб, и анэм и дэлъху Лабан ипхъу Рахэлрэ и анэм и дэлъху Лабан и мэлхэмрэ къыщилъагъум, кӀуэщ, мывэр псыкъуийм къытригъэукӀуриикӀри псы иригъэфащ и анэм и дэлъху Лабан и мэлхэр.

11 ИтӀанэ Екъуб ба хуищӀащ Рахэл, зригъэӀэтащ абы и макъым, икӀи къэгъащ.

12 Екъуб Рахэл жриӀащ ар абы и адэм зэриӀыхьлыр, Ребеккэ зэрикъуэр. Модрейр жэри, жриӀэжащ ар и адэм.

13 Лабан, и шыпхъум и къуэ Екъуб и хъыбар щызэхихым, жэрыгъэкӀэ абы къыпежьащ, ӀэплӀэ, ба къыхуищӀри щӀишащ и унэм; мыдрейми и хъыбар псори Лабан хуиӀуэтэжащ.

14 Лабан къыжриӀащ абы: – ИпэжыпӀэкӀэ, уэ си къупщхьэми силми ущыщщ. Арати, щыпсэуащ абы деж Екъуб мазэ псэукӀэ.


Екъуб Леарэ Рахэлрэ къызэришар

15 Лабан Екъуб жриӀащ итӀанэ: – Дауэ хъун уэ пщӀэншэу укъысхуэлажьэу, узэрызиӀыхьлым щхьэкӀэ? КъызжеӀэ, сыт лэжьапщӀэу уэстын?

16 Лабан иӀэт пхъуитӀ; нэхъыжьым и цӀэт Леа; нэхъыщӀэм и цӀэр Рахэлт.

17 Леа набгъэт, ауэ Рахэл ипкъкӀи зэкӀужт, и нэкӀукӀи дахэт.

18 Екъуб Рахэл егуэкӀуати, жиӀащ: – Сэ сыпхуэлэжьэнщ илъэсиблкӀэ, уипхъу нэхъыщӀэ Рахэл папщӀэ.

19 – Ар уэ уэстмэ, нэхъыфӀщ нэгъуэщӀ гуэрым ест нэхърэ – жиӀащ Лабан, – щыпсэу си деж.

20 Арати, Екъуб лэжьащ Рахэл папщӀэ илъэсиблкӀэ; ауэ ахэр абы къыщыхъуащ махуэ зыбжанэу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы ар фӀыуэ илъэгъуат.

21 ИтӀанэ жриӀащ Екъуб Лабан: Къызэт си фызыр; къэсащ абы деж сыщыщӀыхьэн хуей пӀалъэр.

22 Лабан а щӀыпӀэм щыпсэу цӀыху псори зэхуишэсри, ищӀащ хьэгъуэлӀыгъуэ.

23 Пщыхьэщхьэм Рахэл и пӀэкӀэ ипхъу Леа хущӀишащ абы, игъапцӀэри; щӀыхьащ абы деж Екъуб.

24 Лабан езым и унэӀут бзылъхугъэ Зилпэ иритащ езым ипхъу Леа, абы хуэӀуэхутхьэбзэщӀэну.

25 Пщэдджыжьым ар Леау къыщӀэкӀащ. Арати, Екъуб жриӀащ Лабан: – Сыт уэ къызэпщӀар? Рахэл папщӀэкъэ сэ сыщӀыпхуэлэжьар? Сыт уэ сыкъыщӀэбгъэпцӀар?

26 – Дэ ди щӀыпӀэм щыхабзэкъым нэхъыжьым и пэ нэхъыщӀэр ирагъашэу, – жиӀащ Лабан. –

27 ИрекӀ мы тхьэмахуэр; итӀанэ уэттынщ нэхъыщӀэри, иджыри илъэсиблкӀэ укъызэрысхуэлэжьэнум и пщӀэу.

28 Екъуб апхуэдэуи ищӀащ; ирихьэкӀащ а тхьэмахуэр. ИтӀанэ Лабан къритащ абы ипхъу Рахэл фызу.

29 Лабан иритащ ипхъу Рахэл и унэӀутыну езым и унэӀут бзылъхугъэ Билхьэ.

30 Екъуб щӀыхьащ Рахэл деж. Леа нэхърэ нэхъыфӀу илъагъурт абы Рахэл; икӀи хуэлэжьащ Лабан аргуэру илъэсиблкӀэ.


Екъуб и къуэхэр

31 Зиусхьэным Екъуб Леа фӀыуэ къызэримылъагъум гу лъитэри, зэӀуихащ абы и кӀуэцӀыр, мыдрей Рахэл лъхуэртэкъым.

32 Леа уэндэгъу хъури къилъхуащ къуэ, фӀищащ абы цӀэуэ Рубэн; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ жиӀащ абы: – Зиусхьэныр къеплъащ си тхьэмыщкӀагъэм; иджы фӀыуэ силъагъунущ си лӀым.

33 Аргуэру лъэщыджэ хъури, къилъхуащ къуэ, икӀи жиӀащ: – Сэ фӀыуэ си лӀым сыкъызэримылъагъур Зиусхьэным зэхихати, къызитащ мыри. ФӀищащ абы цӀэуэ Симеон.

34 Аргуэру лъэщыджэ хъури, къилъхуащ къуэ. – АтӀэ иджы сэ къыскӀэрыпщӀэнущ си лӀым и гур; сэ абы къыхуэслъхуащ къуищ, – жиӀащ абы Абы къыхэкӀыу абы фӀащащ цӀэуэ Лэуий.

35 Аргуэру лъэщыджэ хъури, къилъхуащ къуэ. – АтӀэ иджы щытхъу хуэсӀэтынщ Зиусхьэным, – жиӀащ абы. Абы къыхэкӀыу фӀищащ абы цӀэуэ Иудэ. Абдеж щигъэтыжащ лъхуэн.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan