Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Мусэ 28 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Къриджащ Исхьэкъ Екъуб, и нэфӀ щигъэхуащ, унафэуи мыр хуищӀащ: – Къыумышэ ханаан цӀыхубзхэм ящыщ фызу.

2 Тэдж, кӀуэ Паддан-Арам, уи анэм и адэ Бэтуел и унэм, къиш абы фызу уи анэм и дэлъху Лабан ипхъухэм ящыщ.

3 Псори зыхузэфӀэкӀ Тхьэм и нэфӀ къыпщрехуэ. Урегъэбагъуэ икӀи ухрегъахъуэ, къыптрехъукӀ уэ цӀыху лъэпкъ куэдыр;

4 Апхуэдэуи къыплърегъэс Тхьэм Ибрэхьим къылъигъэса нэфӀыр, уэри уэ къыптехъукӀыну бынхэми, Тхьэм Ибрэхьим кърита щӀыналъэу уэ хамэу узыщыпсэур уэ къыпхуэнэжьыну.

5 Арати, Исхьэкъ иутӀыпщащ Екъуб, икӀи ар кӀуащ Паддан-Арам, арамей лъэпкъым щыщ Бэтуел и къуэ, Екъубрэ Эсаурэ я анэ Ребеккэ и дэлъху Лабан деж.


Эсау Исмэхьил ипхъу къызэришар

6 Эсау илъэгъуащ Исхьэкъ и нэфӀ Екъуб зэрыщигъэхуар икӀи и нэфӀ къыщигъэхуауэ ар Паддан-Арам, абы фыз къришын папщӀэ, зэригъэкӀуар, «Къыумышэ ханаан бзылъхугъэхэм ящыщ фызу» жиӀэуи абы унафэ зэрыхуищӀар.

7 Екъуб и адэмрэ и анэмрэ едаӀуэу Паддан-Арам зэрыкӀуари илъэгъуащ Эсау.

8 Абдеж къыгурыӀуащ Эсау ханаан бзылъхугъэхэр езым и адэ Исхьэкъ зэрыфӀэмыфӀыр.

9 Арати, Эсау Исмэхьил деж кӀуэри, къишащ фызу Махъалат, Ибрэхьим и къуэ Исмэхьил и пхъур, Нэбаиот и шыпхъур, адрей и фызхэм я щӀыӀужкӀэ.


Екъуб и пщӀыхьэпӀэр

10 Екъуб Бэр-Шэвэ икӀри кӀуащ Харан.

11 ЩӀыпӀэ гуэрым нэсри къыщынащ абдежым нэху къыщекӀыну, дыгъэр къухьати. А щӀыпӀэм деж щылъ мывэхэм ящыщ зы къищтэщ, ар пӀэщхьагъыу игъэтӀылъри, щыгъуэлъащ а щӀыпӀэм.

12 Абдежым илъэгъуащ пщӀыхьу: пкӀэлъей тетщ щӀылъэм, уафэм щӀэуэу; Тхьэм и мелыӀычхэри къох икӀи докӀуей абыкӀэ.

13 ИкӀи Зиусхьэныр абы ищхьэкӀэ тетщи, жеӀэ: – Зиусхьэныр, уи адэ Ибрэхьими Исхьэкъи я Тхьэр, Сэращ. Уэ узытелъ щӀыналъэр Сэ фэстынущ уэри къыптехъукӀыну бынхэми.

14 ИкӀи хъунущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр щӀылъэ пшахъуэм и бжыгъэм хуэдизу куэд; щыпсэунущ ахэр къухьэпӀэмкӀи къуэкӀыпӀэмкӀи, ищхъэрэкӀи ипщэкӀи; уэрэ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэмрэ фи хьэтыркӀэ си нэфӀ ящызгъэхуэнущ дунейм и лъэпкъ псоми.

15 Зыщумыгъэгъупщэ, Сэ сыуигъусэщ; икӀи ущысхъумэнущ дэнэ дежи, дэнэ укӀуэми, икӀи къозгъэгъэзэжынущ уэ мы щӀыналъэм; уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым, бжэсӀар Сэ згъэзэщӀэху.

16 Екъуб къызэщыури, жиӀащ: – Хьэкъщ Зиусхьэныр мы щӀыпӀэм зэрыщыӀэр; ар сэ сщӀакъым!

17 ИкӀи къэшынэри, жиӀащ: – Сыту шынагъуэ мы щӀыпӀэр! Мыр Тхьэ унэщ, мыр уафэхэм я куэбжэщ, армыхъу нэгъуэщӀкъым.

18 Къэтэджащ Екъуб пщэдджыжьым жьыуэ, пӀэщхьагъыу игъэтӀылъыгъа мывэр къищтэри игъэуващ ар фэеплъу; трикӀащ абы и щхьэм дагъэ.

19 ФӀищащ а щӀыпӀэм цӀэуэ Бэтэл; а къалэм япэм и цӀэу щытар Лузщ.

20 Екъуб тхьэлъанэ ищӀащ: – Тхьэр си гъусэмэ, сэ сызытет гъуэгум сыкъыщихъумэмэ, сшхыну щӀакхъуэрэ щыстӀэгъэну щыгъынрэ къызитмэ,

21 икӀи сэ мамырыгъэкӀэ си адэм и унэм згъэзэжмэ, абы щыгъуэ Зиусхьэныр си Тхьэ хъунущ,

22 Фэеплъу сэ згъэува мы мывэри хъунущ Тхьэм и унэ; Уэ, Тхьэ, тыгъэ къысхуэпщӀ псоми ящыщу Ӏыхьэ пщӀанэри сэ Уэ уэстынщ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan