1 Мусэ 26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэрИсхьэкърэ Абимэлэхрэ 1 Къыщыхъуащ щӀыналъэм гъаблэ, Ибрэхьим и махуэхэм щыӀэгъа гъаблэм нэхърэ нэхъ Ӏеижу; арати, кӀуащ Исхьэкъ Филишт пащтыхь Абимэлэх деж, Гъэрар хэкум. 2 Зиусхьэныр Исхьэкъ къыхуэлъагъуэри, къыжриӀащ: – УмыкӀуэ Мысырым; щыпсэу Сэ ныбжесӀэну щӀыналъэм. 3 А хэкум щыпсэу; Сэри сыуигъусэнущ, си нэфӀи пщыхуэнущ; уэри уэ къыптехъукӀынухэми фэстынущ мы щӀыналъэ псори, къэзгъэщыпкъжынущ псалъэ быдэу Сэ уи адэ Ибрэхьим жесӀар. 4 Згъэбэгъуэнущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр уафэм ис вагъуэхэм я бжыгъэм хуэдизу, естынущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэм мы щӀыналъэ псори; уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэм я хьэтыркӀэ дунейм и лъэпкъ псоми си нэфӀ ящыхуэнущ. 5 Ибрэхьим Си псалъэм къызэредэӀуам папщӀэ икӀи Сэ абы и пщэм дэслъхьар зэригъэзэщӀам папщӀэ: Си унафэхэр, Сэ хуэзгъэувахэр икӀи Си хабзэхэр. 6 Исхьэкъ щытӀысащ Гъэрар хэкум деж. 7 А щӀыпӀэм щыпсэухэр къыщеупщӀам абы езым и фызым папщӀэ, абы жиӀащ: – Ар си шыпхъущ. Ар шынэрт «Сэ си фызщ» жиӀэну. А щӀыпӀэм щыпсэухэм Ребеккэ щхьэкӀэ самыукӀын папщӀэ, жиӀэри егупсысащ ар, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар и теплъэкӀэ дахащэт. 8 Зэман куэдкӀэ ар абдежым щыпсэуауэ, Филишт пащтыхь Абимэлэх щхьэгъубжэм дэплъри къилъэгъуащ Исхьэкъ Ребеккэм, и фызым, зэрыдэджэгур. 9 Арати, Абимэлэх Исхьэкъ къриджэри, жиӀащ: – Ар уи фызщ; атӀэ уэ дауэ жыпӀа: «Ар си шыпхъущ» жыпӀэу? – Сэ сегупсысащ: сытемыкӀуэдакӀэщэрэт сэ абы, – жриӀащ Исхьэкъ абы. 10 – Сыт уэ къыдэпщӀар? – жиӀащ Абимэлэх. – Дэ тщыщ гуэр уи фызым еӀэбатэмэ, гуэныхьым дыхэбдзэнут уэ. 11 Абдеж Абимэлэх зэрылъэпкъыу унафэ яхуищӀащ, мыр жиӀэри: – Хэт мы цӀыхуми абы и фызми еӀэбми, абы ажал лъысынущ. 12 Исхьэкъ а щӀыналъэм итӀысхьащ, гъавэ щисэри къытрихащ а гъэм хьэуэ хуэдищэкӀэ нэхъыбэ: апхуэдэу и нэфӀ къыщыхуащ абы Зиусхьэным. 13 Исхьэкъ мылъку куэд зэхуихьэсри, къулей дыдэ хъуащ. 14 Абы иӀэт Ӏэщ цӀыкӀу хъушэхэри, Ӏэщышхуэ хъушэхэри, унэӀут куэди лэжьакӀуэ куэди, филишт цӀыхухэм щӀадзащ абы къефыгъуэу. 15 Арати, абы и адэ Ибрэхьим щыпсэум щыгъуэ абы и унэӀутхэм къатӀауэ щытыгъа псыкъуийхэр филишт цӀыхухэм ирагъэуэжащ, ягъэсеижащ. 16 ИтӀанэ Абимэлэх жриӀащ Исхьэкъ: – ТхэкӀ дэ; уэ ухъуащ дэ нэхърэ куэдкӀэ нэхъ лъэщ. 17 Арати, Исхьэкъ абдежыр къибгынэри, щигъэуващ шэтырхэр Гъэрар аузым, щищӀащ псэупӀэ абдежым. 18 Исхьэкъ и адэ Ибрэхьим щыпсэум къатӀауэ щытыгъа икӀи Ибрэхьим лӀа нэужь филишт цӀыхухэм иратхъуэжа псыкъуийхэр аргуэру къитӀыжри, абыхэм яфӀищыжащ езым и адэм яфӀищауэ щыта цӀэхэр. 19 Исхьэкъ и унэӀутхэр махуэ гуэрым аузым щытӀэурэ къыщагъуэтащ абдежым псыфӀ зэрыт псыкъуий. 20 Къедауэрт гъэрар Ӏэщыхъуэхэр Исхьэкъ и Ӏэщыхъуэхэм, «Псыр дыдейщ» жаӀэурэ. Арати, абы псыкъуийм Ӏэсэкъ цӀэуэ фӀищащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къедэуащ абы. 21 ИтӀанэ къратӀыкӀащ нэгъуэщӀ псыкъуий; абы папщӀи къедауэрт; абыи фӀищащ цӀэуэ Ситнэ. 22 Абдежым иӀэпхъукӀри, къитӀащ Исхьэкъ нэгъуэщӀ псыкъуий, абы папщӀэ къедэуэжакъым; икӀи фӀищащ абы цӀэуэ Рехьовот, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, жиӀащ абы, «Зиусхьэным дэ иджы щӀыпӀэ хуит къыдитащи, дыщыбэгъуэнущ щӀылъэм». 23 Абы икӀри кӀуащ ар Бэр-Шэвэ. 24 А жэщ дыдэм абы Зиусхьэныр къыхуэлъагъуэри, къыжриӀащ: – Сэращ уи адэ Ибрэхьим и Тхьэр; умышынэ, Сэ сыуигъусэщ; сэ си нэфӀ пщыхуэнурэ згъэбэгъуэнущ уэ къыптехъукӀыну бынхэр, Си ӀурыщӀэ Ибрэхьим и хьэтыркӀэ. 25 Абы абдежым къурмэнщӀыпӀэ щиухуэри, елъэӀуащ Зиусхьэным. Щигъэуващ абдеж и шэтырыр, Исхьэкъ и унэӀутхэми къыщатӀащ абдежым псыкъуий. 26 ИтӀанэ Гъэрар къикӀри Исхьэкъ къыхуэкӀуащ Абимэлэх, абы и ныбжьэгъу Ахузати, абы и дзэпщ Пихоли. 27 – Сытым щхьэкӀэ фыкъысхуэкӀуа фэ, – яжриӀащ абыхэм Исхьэкъ, – сэ сыкъэфлъагъу мыхъуу икӀи сыкъызыхэвгъэкӀауэ? 28 – Дэ нахуэу къэтлъэгъуащ Зиусхьэныр уэ уи гъусэу зэрыщытыр, – жаӀащ абыхэм, – абы къыхэкӀыуи дэ жытӀащ: уэрэ дэрэ тхьэлъанэ зэдэтщӀынщи, дызэгухьэнщ. 29 Уэ бзаджагъэ къыдумыщӀэну, дэри уэ дызэрыномыӀэбам, дифӀ фӀэкӀа зэрумылъэгъуам, мамырыгъэкӀи узэрыдутӀыпщыжам хуэдэу; Зиусхьэным и нэфӀ къыпщыхуащ уэ иджы. 30 Абы яхуигъэуващ абыхэм гухэхъуэ Ӏэнэр, ахэри ешхащ, ефащ. 31 Пщэдджыжьым жьыуэ къэтэджри, тхьэлъанэ зэдащӀащ; арати, иутӀыпщыжащ Исхьэкъ ахэр, мыдрейхэри къыбгъэдэкӀыжащ абы мамырыгъэкӀэ. 32 А махуэ дыдэм Исхьэкъ и унэӀутхэр къакӀуэри абы хъыбар кърагъэщӀащ псыкъуий къызэратӀамкӀэ, «Дэ къэдгъуэтащ псы» къыжраӀащ. 33 Абы фӀищащ цӀэуэ Щивэ. Абы къыхэкӀыу нобэр къыздэсым а къалэм и цӀэщ Бэр-Шэвэ. Хамэ цӀыхубзу Эсау фыз хуэхъуахэр 34 Эсау, илъэс плӀыщӀ хъуауэ, къишащ фызу хет цӀыху Берый ипхъу Ехьудит икӀи хет цӀыху Елон ипхъу Басмат. 35 Ахэр къехьэлъэкӀырт Исхьэкърэ Ребеккэрэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden