1 Мусэ 25 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэрКъэтурэ Ибрэхьим къыхуилъхуа бынхэмрэ Ибрэхьим зэрылӀамрэ 1 Къишащ Ибрэхьим аргуэру фыз, Къэтурэ и цӀэу. 2 Къэтурэ къыхуилъхуащ абы Зимран, Иокъшан, Мэдан, Мидиан, Ищбакъ, Шыуахъ сымэ. 3 Иокъшан къыхуэхъуащ Щэбэрэ Деданрэ. Дедан къытехъукӀахэр: ашур цӀыхухэр, лэтуш цӀыхухэр, лэум цӀыхухэр. 4 Мидиан и къуэхэр: Ӏэфэ, Ӏэфэр, Хъанох, АбидаӀ, ЕлдаӀа. Ахэр псори Къэтурэ къытехъукӀащ. 5 Ибрэхьим езым бгъэдэлъу хъуар Исхьэкъ иритащ. 6 Ибрэхьим унэӀуту иӀа бзылъхугъэхэм я къуэхэми яритащ саугъэтхэр. ИтӀанэ езыр псэу щӀыкӀэ, бгъэдигъэкӀащ ахэр Исхьэкъ, езым и къуэм пэжыжьэу, къуэкӀыпӀэмкӀэ щыӀэ щӀыналъэмкӀэ игъэкӀуащ. 7 Ибрэхьим къигъэщӀащ илъэсищэрэ блыщӀрэ тхурэ. 8 Дунейм ехыжащ Ибрэхьим; жьыщхьэ махуэ хъуауэ, и ныбжьыр хэкӀуэтэпауэ, гъащӀэм гу щихуауэ лӀащ ар, хыхьэжащ езым и лъэпкъым. 9 ЩыщӀалъхьэжащ ар абы и къуэхэу Исхьэкърэ Исмэхьилрэ хет лъэпкъым щыщ Цохар и къуэ Ефрон и губгъуэу Мамрэ пэщылъым щыӀэ Махпелэ бгъуэнщӀагъым. 10 А губгъуэращ хет цӀыхухэм я деж Ибрэхьим къыщищэхуауэ щытар. Абдежым щыщӀалъхьэжащ Ибрэхьими абы и фыз Сари я хьэдэхэр. 11 Ибрэхьим лӀа нэужь, Тхьэм и нэфӀ къыщыхуащ абы и къуэ Исхьэкъ. Исхьэкъ щыпсэурт Бэр-Лахъай-Рой деж. Исмэхьил къытехъукӀахэр 12 Мис Ибрэхьим и къуэу Исмэхьил къытехъукӀа цӀыхухэр; Исмэхьил Сарэ и ӀунэӀут бзылъхугъэ Хьэджэр, Мысырым щыщым, Ибрэхьим къыхуилъхуа къуэр. 13 Аращи, мис Исмэхьил и къуэхэм я цӀэхэр, ахэр къызэралъхуам елъытауэ: Исмэхьил и щыпэлъху Нэбаиот, абы и ужькӀэ Къэдар, Адбэл, Мибсам, 14 МишмаӀ, Думэ, Масэ, 15 Хъадад, Тэма, Етур, Нафиш икӀи Къэдэмэ. 16 Ахэр Исмэхьил и къуэхэщ, икӀи ахэрщ я цӀэхэр, я жылэхэм, я куэшыпӀэхэм елъытауэ. Ахэр я лъэпкъхэм я пщы пщыкӀутӀщ. 17 Исмэхьил и ныбжьыр хъурт илъэсищэрэ щэщӀрэ блырэ; дунейм ехыжащ ар, лӀащ, хыхьэжащ езым и лъэпкъым. 18 Ахэр щыпсэуащ Хьауилэ щыщӀэдзауэ Мысырым пэщылъ Шурэм нэсу, Ашур ущыхуэкӀуэкӀэ. Ахэр зэгурымыӀуэныгъэкӀэ псэуащ. Эсаурэ Екъубрэ Ребеккэ къызэрыхуэхъуар 19 Мис Исхьэкъ, Ибрэхьим и къуэм, къытехъукӀа цӀыхухэр. Ибрэхьим къыхуэхъуащ Исхьэкъ. 20 Исхьэкъ илъэс плӀыщӀ хъурт абы Ребеккэ, Паддан-Арам щыщ арамей Бэтуел и пхъур, арамей Лабан и шыпхъур, фызу къыщишам. 21 Зиусхьэным елъэӀурт Исхьэкъ езым и фызым папщӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар лъхуэртэкъым; Зиусхьэным зэхихащ ар, арати, хъуащ лъэщыджэ Ребеккэ, абы и фызыр. 22 Абы и къуэхэр и ныбэм щыныкъуакъуэ хъуати, абы жиӀащ: – Апхуэдэу хъунумэ, сыткӀэ сыхуей абы? ИкӀи кӀуащ еупщӀыну Зиусхьэным. 23 Зиусхьэным къыжриӀащ абы: – ЛъэпкъитӀ илъщ уи кӀуэцӀым, лъэпкъышхуэ зэныкъуэкъуу тӀу къикӀынущ уи ныбэм, зы лъэпкъыр хъунущ адрейм нэхърэ нэхъ лъэщ, нэхъыжьыр хуэлэжьэнущ нэхъыщӀэм. 24 Къэсащ, арати, абы и лъхуэгъуэр: икӀи, мис, затӀолъхуэныкъуэхэр абы и ныбэм илъщ. 25 Япэрейр ныбэм къикӀащ плъыжьу, фэм хуэдэу цыбэу; фӀащащ абы цӀэуэ Эсау. 26 ИтӀанэ ныбэм къикӀащ абы и къуэшыр, и ӀэмкӀэ Эсау и лъэдакъэр иӀыгъыу; фӀащащ абы цӀэуэ Екъуб. Исхьэкъ илъэс хыщӀ хъурт, ахэр къыщалъхуам. Эсау и щыпэлъхугъэр зэрищар 27 Сабийхэм я ныбжь нэсри, Эсау хъуащ хьэкӀэкхъуэкӀэ къэубыдыным хуэӀэзэ цӀыху, губгъуэлӀ; Екъуб хъуащ цӀыху Ӏэсэ, шэтырхэм щыпсэууэ. 28 Исхьэкъ фӀыуэ лъагъурт Эсау, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы къиущэкӀухэр фӀэӀэфӀт; Ребеккэ фӀыуэ илъагъур Екъубт. 29 ПщэфӀащ Екъуб махуэ гуэрым, Эсау губгъуэм ешауэ къыщикӀыжым. 30 ЖриӀащ Эсау Екъуб: – Къызэт сшхыну плъыжьыр, мо плъыжьыр; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сешащ, – жриӀащ Эсау Екъуб. Абы къыхэкӀыу абы фӀащащ цӀэ лей: Эдом. 31 Ауэ Екъуб жиӀащ: – Къызэщэ иджы уи щыпэлъхур. 32 – Мис, сэ солӀэ, сыт къысхуищӀэжынур щыпэлъхум? – жиӀащ Эсау. 33 – Тхьэлъанэ къысхуэщӀ иджыпсту, – жиӀащ Екъуб. Абы тхьэлъанэ къыхуищӀащ икӀи кърищащ щыпэлъхур Екъуб. 34 ИтӀанэ иритащ Екъуб Эсау щӀакхъуи джэшым къыхэщӀыкӀа шхыныгъуэри. Модрейри ешхэщ, ефэщ, тэджри ежьэжащ; щыпэлъхум и хуитыныгъэм апхуэдизэу уасэ хуищӀакъым Эсау. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden