Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Мусэ 24 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


Исхьэкъ фыз къызэришар

1 Ибрэхьим лӀыжь хъуат, и ныбжьыр хуабжьу хэкӀуэтат. Зиусхьэным и нэфӀ къыщыхуат Ибрэхьим сыт ищӀыскӀи.

2 ЖриӀащ Ибрэхьим езым и унэӀутым, абы и унэм деж щынэхъыжьым, абы и мылъкур зезыгъакӀуэм: – Уи Ӏэр си куэ щӀагъым къыщӀэлъхьи,

3 тхьэлъанэ къысхуэщӀ Зиусхьэну уафэми щӀылъэми я ТхьэмкӀэ, сэ сызыхэс Ханаан цӀыхухэм япхъухэм ящыщ си къуэм фызу къызэрыхуумышэнумкӀэ;

4 АтӀэ укӀуэнущ си щӀыналъэм, си Ӏыхьлыхэм я деж, абы къыхуипшынущ фыз си къуэ Исхьэкъ.

5 – Бзылъхугъэр си гъусэу мы щӀыналъэм къэкӀуэну хуэмеинкӀи хъунущ, – жриӀащ абы унэӀутым, – апхуэдэу хъумэ, езгъэгъэзэжын хуей уи къуэм уэ укъызэрыкӀа щӀыналъэм?

6 – Сакъ, йомыгъэгъэзэж абы си къуэм, – жриӀащ абы Ибрэхьим.

7 Зиусхьэну уафэм и Тхьэм, си адэм и унэмрэ сэ сызыщалъхуа щӀыналъэмрэ сыкъизышам, икӀи «Уэ къыптехъукӀыну бынхэм естынщ мы щӀыналъэр» жиӀэурэ псалъэ быдэ къызэзытам – Абы нигъэкӀуэнущ Езым и мелыӀычыр уяпэ иту, уэри къыхуэпшэнущ фыз си къуэм, абы щыщу.

8 Ауэ фызым уи гъусэу къэкӀуэну имыдэмэ, уэ хуит ухуэхъужынущ уэ къысхуэпщӀа мы тхьэлъанэм; си къуэм йомыгъэгъэзэж закъуэ абы.

9 Арати, унэӀутым и Ӏэр и зиусхьэн Ибрэхьим и куэ щӀагъым щӀилъхьэри, тхьэлъанэ ищӀащ абыкӀэ.

10 ИтӀанэ унэӀутым езым и зиусхьэным и махъшэхэм ящыщу махъшипщӀ къыхихури, ежьащ. Апхуэдэуи абы здришэжьащ и зиусхьэным и хъугъуэфӀыгъуэ зэмылӀэужьыгъуэхэр. Ар ежьэри кӀуащ Месопотамием, Нахъор зи цӀэ къалэм.

11 КъыщигъэувыӀащ махъшэхэр къалэбгъум, абы дэмыхьэу, псыкъуийм деж, пщыхьэщхьэхуегъэзэкӀыу, бзылъхугъэхэм псы кърагъэхъуэну къыщыдэкӀ зэманым.

12 ЖиӀащ абдеж: – Зиусхьэн, си тепщэ Ибрэхьим и Тхьэ! Нобэ си Ӏуэху къигъэкӀ, фӀы къыхуэщӀэ си тепщэ Ибрэхьим.

13 Мыбдежым сыбгъэдэтщ сэ псы къыщӀэжыпӀэм, къалэдэсхэм япхъухэри къыдокӀ псы кърагъэхъуэну;

14 Иджы «КъэгъэщӀейт уи кхъуэщыныр, псы сефэнущи» зыжесӀэу, «Ефэ, сэ уи махъшэхэри езгъэфэнщ», къызжезыӀэжыну пщащэр арщ Уэ хухэпхар Уи ӀурыщӀэ Исхьэкъ; икӀи абыкӀэ къэсщӀэнущ си зиусхьэным Уэ фӀы къызэрыхуэпщӀэр.

15 Абы и псалъэр нимыгъэсауэ, къыдэкӀащ Ребеккэ, Ибрэхьим и къуэш Нахъоррэ и фыз Милкъэрэ я къуэ Бэтуел и пхъур, и кхъуэщыныр и дамэм тету.

16 Пщащэр теплъэкӀэ дахэкӀейт, лӀым имыцӀыхуа хъыджэбзт. Ар псы къыщӀэжыпӀэм къыӀухьэщ, и кхъуэщыным псы къригъахъуэри, ежьэжащ.

17 УнэӀутыр абы пежажьэри, жриӀащ: – Сегъафэт уи кхъуэщыным ит псым щыщ тӀэкӀу.

18 – Ефэ, си зиусхьэн, – жиӀащ абы. Кхъуэщыныр и дамащхьэм кърихьэхри псы иригъэфащ ар.

19 Ар псы иригъэфа нэужь, Ребеккэ жиӀащ: – Сэ уи махъшэхэми псыкъуийм псы къахуисхынщ, абыхэм загъэнщӀыху.

20 Кхъуэщыным ита псыр хьэкхъуафэм ирикӀэри, аргуэру бгъэдэлъэдащ псыкъуийм, псы кърихыну, апхуэдэурэ псы кърихащ абы и махъшэ псоми папщӀэ.

21 Ибрэхьим и унэӀутыр еплъырт абы, игъэщӀагъуэу, зиущэхуауэ, Зиусхьэным абы и гъуэгур иузэщӀарэ имыузэщӀарэ къищӀэну хуейуэ.

22 Махъшэхэм псы ефэн щаухым, а лӀым къищтащ дыщэ ахъшэ ныкъуэ зи хьэлъагъ дыщэ тхьэгъурэ абы и Ӏэхэм ирилъхьэн дыщэ ӀэпщэхъуитӀрэ дыщэ ахъшипщӀ я хьэлъагъыу. Ахэр пщащэм иритащ итӀанэ.

23 ЖиӀащ абы итӀанэ: – Хэт урипхъу уэ? КъызжеӀэт сэ; уи адэм и унэм щыӀэу пӀэрэ дэ нэху дыкъыщекӀын щӀыпӀэ?

24 – Сэ срипхъущ Милкъэ Нахъорым къыхуилъхуа Бэтуел, – къыжриӀащ абы.

25 АдэкӀи абы къыжриӀащ: – Дэ диӀэщ хьэуазэ куэди Ӏуси; щыӀэщ нэху фыкъыщекӀын щӀыпӀи.

26 Ар щыжиӀэм, иритащ унэӀутым дыщэ тхьэгъурэ дыщэ ӀэпщэхъутӀрэ. Зигъэщхъащ абдеж а лӀым, щхьэщӀэ хуищӀащ Зиусхьэным.

27 Мыр жиӀэри: – ЩӀыхьышхуэр ейщ Зиусхьэну Ибрэхьим и Тхьэм, и фӀыгъуэрэ и пэжыгъэрэ си тепщэр хэзымыгъэнам, – жиӀащ абы. – Зиусхьэным гъуэгу занщӀэкӀэ сыкъыхуишащ си тепщэм и Ӏыхьлыхэм я унэм.

28 Пщащэр жэрыгъэкӀэ кӀуэжри, хъыбарыр щиӀуэтэжащ и анэм и унэм.

29-30 Ребеккэ иӀэт дэлъху, Лабан и цӀэу. И шыпхъум и тхьэгъумрэ абы и Ӏэхэм илъ Ӏэпщэхъухэмрэ къыщилъагъум, «Апхуэдэу къызэпсэлъащ а лӀыр» жиӀэурэ Ребеккэ къиӀуэтэжыр щызэхихым, Лабан къыдэжри къэкӀуащ а лӀым деж, псы къыщӀэжыпӀэм. Ар щытщ махъшэхэм ябгъэдэту псы къыщӀэжыпӀэм деж.

31 – Къеблагъэ, Зиусхьэным и нэфӀ зыщыхуа, – жиӀащ Лабан, – Сыт уэрамым ущӀыдэтыр? Сэ къэзгъэхьэзыращ унэри махъшэхэм папщӀэ увыӀэпӀэри.

32 Арати, еблэгъащ ар. Лабан къатрихащ махъшэхэм уанэхэр, яритащ абыхэм хьэуазэрэ Ӏусрэ, яритащ псы а цӀыхуми, абы и гъусэ цӀыхухэми я лъакъуэхэр иратхьэщӀыну.

33 ИтӀанэ хуагъэуващ абы шхын; ауэ абы жиӀащ: – Сышхэнукъым си Ӏуэхур къэзмыӀуатэу. – КъэӀуатэ, – жаӀащ мыдрейхэм.

34 – Сэ Ибрэхьим сриунэӀутщ, – жиӀащ абы.

35 – Зиусхьэным икъукӀэ и нэфӀ къыщыхуащ си тепщэм, икӀи ар хъуащ щэджащэ. Езым къритащ абы мэлхэри выхэри, дыжьыни дыщи, унэӀут цӀыхухъухэри унэӀут бзылъхугъэхэри, махъшэхэри шыдхэри.

36 Сарэ, си тепщэм и фызым, жьы хъуауэ си тепщэм къыхуилъхуащ къуэ, езым бгъэдэлъу хъуар зритар.

37 ИкӀи сигъэщӀащ си тепщэм тхьэлъанэ, мыр жиӀэри: «Къыхуумышэ си къуэм зи щӀыналъэм сыщыпсэу ханаан цӀыхухэм япхъухэм ящыщ фызу;

38 АтӀэ си адэм и унэмрэ си Ӏыхьлыхэмрэ я деж кӀуэи, къыхуэшэ си къуэм фыз».

39 – Сэ жесӀащ си тепщэм: «Си гъусэу бзылъхугъэр къысхуэмыкӀуэнри хэлъщ».

40 Абы къызжиӀащ сэ: «Зи пащхьэ сэ сыщызекӀуэ Зиусхьэным ныбдигъэкӀуэнущ Езым и мелыӀычыр, уи гъуэгу махуэ хъунущ, уэри къахэпшынущ си къуэм папщӀэ фыз сэ къыздалъхуахэм, къипшынущ ар си адэм и унэм.

41 Си Ӏыхьлыхэм я деж укӀуа нэужь, пщхьэщызох си тхьэлъанэр, абыхэм къуамытмэ, пщхьэщызох тхьэлъанэр».

42 – Арати, сыкъэкӀуащ сэ иджы псы къыщӀэжыпӀэм, икӀи жысӀащ: «Зиусхьэн, си тепщэ Ибрэхьим и Тхьэ! Сэ сызэрыкӀуэ гъуэгур Уэ махуэ пщӀымэ,

43 иджы мыбдежым, сэ сыӀутщ псы къыщӀэжыпӀэм. Пщащэу псы къригъэхъуэну къыдэкӀыу сэ: „Уи кхъуэщыным ит псым щыщ тӀэкӀу сегъафэт“ зыжесӀэр,

44 „Уэри ефэ, уи махъшэхэми папщӀэ псы къисхынщ“, къызжезыӀэжыращ фызу Зиусхьэным си тепщэм и къуэм хухихар».

45 – Иджыри сухатэкъым ар жысӀэн сигукӀэ, абдеж, мис, ныдэкӀащ Ребеккэ, и кхъуэщыныр и дамащхьэм тету, псы къыщӀэжыпӀэм щхьэщыхьэри псы къригъэхъуащ; сэри жесӀащ абы: «Сегъафэт».

46 Абы и къуэщыныр занщӀэу иригъэувэхри жиӀащ: «Ефэ; уи махъшэхэри сэ езгъэфэнщ». Сэри сефащ, махъшэхэри абы псы иригъэфащ.

47 Сэ сеупщӀащ абы, мыпхуэдэу жысӀэри: «Хэт урипхъу уэ?» Абы жиӀащ: «Нахъор и къуэ Бэтуелу абы Милкъэ къыхуилъхуам срипхъущ». Сэ абы естащ тхьэгъурэ и Ӏэхэм щхьэкӀэ ӀэпщэхъуитӀрэ.

48 Зызгъэщхъри згъэлъэпӀащ сэ Зиусхьэныр, щӀыхьи хуэсщӀащ Зиусхьэным, си тепщэ Ибрэхьим и Зиусхьэну си тепщэм и къуэшым и пхъур абы и къуэм хуэсшэн папщӀэ, гъуэгу занщӀэкӀэ сыкъэзышам.

49 Иджы къызжефӀэ, фи мураду пӀэрэ фэ си тепщэм фӀыгъуэрэ пэжыгъэрэ хуэфщӀэну, хьэмэрэ фи мымурадрэ; къызжефӀэ ари, сэ згъэзэнщ ижьымкӀэ е сэмэгумкӀэ.

50 Жэуап къатащ Лабанрэ Бэтуелрэ, мыр жаӀэурэ: – Зиусхьэным къыбгъэдэкӀащ мы Ӏуэхур; дэ тхузэфӀэкӀынукъым абы дыпэрыуэу ӀейкӀи фӀыкӀи зыгуэр жытӀэну.

51 Ребеккэ уи пащхьэм итщ; здэши, кӀуэж; хурехъу ар фыз уи тепщэм и къуэм, Зиусхьэным зэрыжиӀауэ.

52 Ибрэхьим и унэӀутым абыхэм я псалъэхэр щизэхихым, щӀыгум нэсу щхьэщэ хуищӀащ Зиусхьэным.

53 УнэӀутым дыжьын хьэпшыпхэри, дыщэ хьэпшыпхэри, щыгъынхэри кърихри, иритащ Ребеккэ; абы и дэлъхуми и анэми яритащ тыгъэ лъапӀэхэр.

54 ИтӀанэ ешхащ, ефащ ари абы и гъусэ цӀыхухэри, нэхуи къыщекӀащ абдежым. Пщэдджыжьым къыщытэджым, абы жиӀащ: – СывутӀыпщыж си тепщэм деж.

55 Ауэ абы и дэлъхумрэ и анэмрэ жаӀащ: – Иресыж пщащэр ди унэм махуипщӀ нэхъ мыхъуми; итӀанэ уежьэжынщ.

56 – Сывмыгъэгувэ, – яжриӀащ унэӀутым, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным махуэ ищӀащ си гъуэгур; сывутӀыпщыжи, сыкӀуэжынущ си тепщэм деж.

57 – Пщащэр къедджэнщи, деупщӀынщ жиӀэнумкӀэ, – жаӀащ абыхэм.

58 Ребеккэ къраджэри, жраӀащ абы: – УкӀуэну мы цӀыхум уригъусэу? – СыкӀуэнущ, – жиӀащ абы.

59 Арати, яутӀыпщащ я шыпхъу Ребеккэри, ар зыпӀа бзылъхугъэри, Ибрэхьим и унэӀутри, абы и цӀыхухэри.

60 Тхьэм и нэфӀ къыщыхуэну хуелъэӀуащ Ребеккэ, мыр жраӀэри: – Ди шыпхъу! КъыптрехъукӀ уэ минурэ минхэр, къаӀэщӀрехьэ уэ къыптехъукӀыну бынхэм я бийхэм я лъапсэхэр!

61 Ребекки абы и ӀуэхутхьэбзащӀэ бзылъхугъэри тэджри, махъшэхэм шэсащ, икӀи ежьащ а цӀыхум и ужьым иту. УнэӀутым Ребеккэ зыщӀигъури, ежьэжащ.

62 Исхьэкъ къикӀащ Бэр-Лахай-Рой; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар щыпсэурт Нэгэв губгъуэ нэщӀым.

63 Пщыхьэщхьэ хъуауэ, Исхьэкъ губгъуэм ихьащ гупсысэну; и напӀэхэр иӀэту къыщыдэплъейм, къилъэгъуащ: къокӀуэ махъшэхэр.

64 Ребеккэ плъэри, Исхьэкъ къыщилъагъум, къепсыхащ махъшэм.

65 ЖриӀащ абы унэӀутым: – Хэт губгъуэм иту мо цӀыху къытхуэкӀуэр? – Ар си тепщэр арщ, – жиӀащ унэӀутым. Абдеж абы щхьэтепхъуэр къищтэри зытрипхъуащ.

66 УнэӀутым Исхьэкъ хуиӀуэтэжащ езым ищӀа псори.

67 ЩӀишащ Исхьэкъ ар езым и анэ Сарэ и шэтырым; икӀи екӀуэлӀащ Ребеккэ, екӀуалӀэри хъуащ ар абы и фыз. Исхьэкъи ар фӀыуэ илъэгъуащ; апхуэдэуи щхьэщыкӀащ Исхьэкъ езым и анэм папщӀэ иӀэ гукъеуэр.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan