1 Мусэ 23 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэрСарэ зэрылӀамрэ зэрыщӀалъхьэжамрэ 1 Сарэ къигъэщӀащ илъэсищэрэ тӀощӀрэ блырэ: ар и кӀыхьагъщ Сарэ и гъащӀэм. 2 ИтӀанэ щылӀащ Сарэ Кириат-Арбэ, иджы ХэвронкӀэ зэджэм, Ханаан щӀыналъэм щыӀэм. Арати, къэкӀуащ Ибрэхьим Сарэ папщӀэ пыхьэну, ар игъеину. 3 Ибрэхьим лӀам и хьэдэм къыщхьэщыкӀыжри, яжриӀащ хет цӀыхухэм мыпхуэдэу: 4 – Сэ хамэу икӀи хэхэсу сыфхэсщ, къызэфт фи щӀыпӀэм щыщ сысейуэ, кхъэлэгъунэ щысщӀу, си лӀар си нэхэм япэӀэщӀэу щыщӀэслъхьэжыну. 5 Хет цӀыхухэм жэуап къратурэ, Ибрэхьим къыжраӀащ: 6 – КъыдэдаӀуэт, ди зиусхьэн; уэ Тхьэм пщыуэ укъытхигъэсщ; ди лӀахэр здыщӀэтлъхьэж щӀыпӀэхэм ящыщу нэхъыфӀ дыдэм щыщӀэлъхьэж уи лӀар; дэ тщыщу зыми къыппиубыдынукъым уи лӀар здыщӀэплъхьэжыну щӀыпӀэр. 7 Ибрэхьим къэтэджри щхьэщэ яхуищӀащ хет цӀыхухэм, а щӀыналъэм и лъэпкъым. 8 Абыхэм епсалъэри, яжриӀащ: – Си лӀар зэрыщӀэслъхьэжынумкӀэ фыарэзыуэ щытмэ, сэ фыкъызэдаӀуи, фысхуелъэӀу Цохар и къуэ Ефрон, 9 Махпелэ бгъуэнщӀагъыу абы и губгъуэ кӀапэм деж щыӀэр сысейуэ, си лӀар щыщӀэслъхьэжыну уасэ хуэфащэкӀэ фи деж къыщызитыну. 10 Езы Ефрон яхэст хет цӀыхухэм; арати, жэуап къритащ хет цӀыхуу Ефрон Ибрэхьимым, хет цӀыхуу къалэ куэбжэм къыдыхьа псоми зэхахыу, мыр жиӀэри: 11 – Хьэуэ, си зиусхьэн, къызэдаӀуэ сэ: сэ узот уэ губгъуэри, абы щыщ бгъуэнщӀагъри, тыгъэу узот си лъэпкъэгъухэм я пащхьэм ситу, щӀэлъхьэж уи лӀар. 12 Ибрэхьим щхьэщэ хуищӀащ а щӀыналъэм и цӀыхухэм. 13 ИтӀанэ а щӀыналъэм и цӀыхухэм зэхахыу, Ефрон жриӀащ: – УкъызэдаӀуэмэ, сэ узот губгъуэм папщӀэ дыжьын: нысӀых, сэри щыщӀэслъхьэжынщ абдежым си лӀар. 14 Ефрон Ибрэхьим жэуап къритыжащ: 15 – Си зиусхьэн! КъызэдаӀуэ сэ: щӀыгум и уасэр дыжьын ахъшэ щиплӀщ; си дежкӀи уи дежкӀи ар сыт? ЩӀэлъхьэж уи лӀар. 16 Ибрэхьим арэзы техъуащ Ефрон жиӀам; икӀи хуишэчащ Ибрэхьим Ефроным дыжьыныр, хет цӀыхухэм зэхахыу уасэу абы жыхуиӀам хуэдиз, дыжьын ахъшэ щиплӀ, сатуущӀэхэм я деж щызекӀуэм хуэдэ. 17 Арати, хъуащ Ефрон и губгъуэу Махпелэм щыӀэр, Мамрэ пэщылъыр, губгъуэри абы щыщ бгъуэнщӀагъри, губгъуэм ит жыг псори, абы ихъуреягъкӀэ и гъунапкъэхэм къриубыдэу 18 Ибрэхьим и щӀапӀэ, хет цӀыхуу а къалэ куэбжэм дыхьэ псоми ялъагъуу. 19 Абы и ужькӀэ Ибрэхьим щыщӀилъхьэжащ Сарэ, езым и фызыр, Махпелэ деж щыӀэ губгъуэм и бгъуэнщӀагъым, иджы ХэвронкӀэ зэджэ Мамрэ пэщылъу, Ханаан щӀыналъэм. 20 Апхуэдэу къылъысащ Ибрэхьим хет цӀыхухэм къабгъэдэкӀыу губгъуэри абы щыщ бгъуэнщӀагъри, езым ейуэ, хьэдэхэр щыщӀилъхьэжын папщӀэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden