1 Мусэ 20 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэрИбрэхьим Абимэлэх деж 1 Ибрэхьим абдеж зыщиӀэтщ, Нэгэв лъэныкъуэкӀэ кӀуэри Кадешрэ Шуррэ я зэхуакум деж щытӀысащ; абы и ужькӀэ Гъэрар дэтӀысхьащ. 2 Ибрэхьим жиӀащ езым и фыз Сарэ щхьэкӀэ: «Ар си шыпхъущ». Арати, Гъэрар и пащтыхь Абимэлэх игъакӀуэри къригъэщащ Сарэ. 3 Тхьэр Абимэлэх жэщым, пщӀыхьым хэту, къыхуэлъагъуэри къыжриӀащ абы: – УлӀэнущ уэ къэпщта бзылъхугъэм щхьэкӀэ; сыту жыпӀэмэ абы лӀы иӀэщ. 4 Ауэ Абимэлэх абы еӀэбатэкъыми, жиӀащ: – Зиусхьэн! Дауэ бгъэкӀуэдын Уэ лъэпкъ хейр? 5 Мы лӀыр аракъэ къызжезыӀар: «Ар си шыпхъущ» жиӀэу? Езы бзылъхугъэми къызжиӀакъэ: «Ар си дэлъхущ» жиӀэри? Сэ ар зэрысщӀар сигу хьэрэмыгъэншэмрэ си Ӏэ къабзэхэмрэкӀэщ. 6 Абдеж къыжриӀащ Тхьэм абы, пщӀыхьым хэту: – Сэри сощӀэ ар уи гум и хьэрэмыгъэншагъэкӀэ зэрыпщӀар, икӀи ущысхъумащ Си дежькӀэ гуэныхь щыблэжьыным; абы къыхэкӀыуи абы уезгъэӀусакъым. 7 АтӀэ иджы етыж фызыр лӀым: сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар бегъымбарщ, Тхьэм пхуелъэӀунурэ, уэри упсэунущ; ауэ иумытыжмэ, зэгъащӀэ Ӏэмал имыӀэу уэри ууей псори фызэрылӀэнур. 8 Абимэлэх пщэдджыжьым жьыуэ къэтэджри къриджащ и унэӀут псори, икӀи яхуиӀуэтэжащ а псалъэ псори абыхэм я тхьэкӀумэкӀэ зэхахыу; а цӀыхухэри икъукӀэ къэшынащ. 9 АдэкӀэ Абимэлэх Ибрэхьим къриджэри, жриӀащ абы: – Сыт уэ къыдэпщӀар? УэркӀэ сыт гуэныхьу злэжьар, сэри си пащтыхьыгъуэми гуэныхь ин дыдэр къытщхьэщыбгъэхьэн хуэдэу? Уэ сэ къызэпщӀащ ящӀэ мыхабзэ Ӏуэхухэр. 10 Сыт уэ узэгупсысар а Ӏуэхур щыблэжьым щыгъуэ? 11 – Сэ сегупсысащ: щыӀэкъым мы щӀыпӀэм Тхьэм фӀэлӀыкӀ, сэри саукӀынщ си фызым щхьэкӀэ, – жиӀащ Ибрэхьим. 12 – Пэж дыдэуи, ар си шыпхъущ; ар си адэм ипхъущ, ауэ си анэм ипхъукъым; сэ си фызи хъуащ. 13 Си адэм и унэм сыкъыщӀишу Тхьэм сыщришэжьам щыгъуэ сэ абы жесӀащ: «МыбыкӀэ си хьэтыр къэлъагъуи, сыт хуэдэ щӀыпӀэ дыкӀуэми, дэнэ дежи щыжыӀэ сэр щхьэкӀэ: „Мыр си дэлъхущ“ жыӀи». 14 Абимэлэх Ӏэщ ини цӀыкӀуи, унэӀут цӀыхухъуи цӀыхъубзи иритащ Ибрэхьим; иритыжащ абы и фыз Сари. 15 ЖиӀащ адэкӀэ Абимэлэх: – Си щӀыналъэр илъщ уи пащхьэм; щыпсэу уэ здыпфӀэфӀым деж. 16 Сарэ жриӀащ: – Сэ естащ уи дэлъхум дыжьыну ахъшэ мин; уи гъусэ псоми я пащхьэм лажьэ зэрыщыуимыӀэм и щыхьэтщ ар, псом я пащхьэми уэ ущыхейщ. 17 Абдеж Ибрэхьим Тхьэм елъэӀури Тхьэм игъэхъужащ Абимэлэх, абы и фызри, абы и унэӀут цӀыхубзхэри, лъхуэни щӀадзэжащ абыхэм. 18 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным Абимэлэх и унэм щӀэс цӀыхубз псори сабий ямыгъуэтыну ищӀыгъат Ибрэхьим и фыз Сарэ щхьэкӀэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden