Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Мусэ 17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


Ибрам Ибрэхьим зэрыхъуар

1 Ибрам илъэс бгъущӀрэ бгъурэ щыхъум, Зиусхьэныр абы къыхуэлъагъуэри, къыжриӀащ: – Псори зыхузэфӀэкӀ Тхьэр Сэращ; щыпкъагъэ уиӀэу щыпсэу Си пащхьэ икӀи лажьэ зыри зыхуумыгъэху.

2 Дэзгъэувэнщ Си зэгурыӀуэныгъэр Сэрэ уэрэ ди зэхуакуми, икъукӀэ узгъэбэгъуэнщ уэ.

3 ЩӀыгум зытридзащ Ибрам нэкӀукӀэ. Тхьэм, абы адэкӀи къепсалъэурэ, жиӀащ:

4 – Сэрэ уэрэ ди зэхуакум зэгурыӀуэныгъэу дэлъынур мыращ: уэ адэ уахуэхъунущ лъэпкъ куэдым.

5 ДяпэкӀэ уэ зэи къоджэжынукъым ИбрамкӀэ; атӀэ цӀэуэ уиӀэнущ: Ибрэхьим; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Сэ усщӀынущ лъэпкъ куэдым я адэ.

6 – ИкъукӀэ узгъэбэгъуэнущ, къыптезгъэхъукӀынущ уэ лъэпкъхэр, пащтыхьхэри къыптехъукӀынущ уэ.

7 – Сэри уэри, уэ и ужькӀэ къыптехъукӀынухэми, зы щӀэблэм къикӀрэ адрейм кӀуэуэ, ди зэхуакум мыкӀуэдыжын зэгурыӀуэныгъэ дэзгъэувэнущ: уэри уэ къыптехъукӀынухэми Сэ фи Тхьэу сыщытынущ.

8 Фэстынущ уэри уэ лъэпкъ къыптехъукӀынухэми щӀыналъэу уэ хамэу узыщыпсэур, Ханаан щӀыналъэ псори зэрыщыту, игъащӀэкӀэ фэ фи унейуэ щытыну; икӀи сахуэхъунущ абыхэм Тхьэ.

9 КъыжриӀащ адэкӀэ Тхьэм Ибрэхьим: – АтӀэ уэри гъэзащӀэ ди зэгурыӀуэныгъэр, вгъэзащӀэ уэри къыптехъукӀынухэми, зы щӀэблэм къикӀрэ адрейм кӀуэуэ.

10 Мыращ Сэри, фэри, иужькӀэ къыптехъукӀынухэми ди зэхуакум дэлъ зэгурыӀуэныгъэу гъэзэщӀэн хуейр: Фэ къыфхэт цӀыхухъу псори сунэт фщӀын хуейщ.

11 ПывупщӀ фи лыфэ кӀапэр: ар Сэрэ фэрэ ди зэхуаку дэлъ зэгурыӀуэныгъэм и нэщэнэ хъунущ.

12 – Зы щӀэблэм къикӀрэ адрейм кӀуэуэ цӀыхухъуу фи унэм къыщалъхуа дэтхэнэ сабийри, уэ къыптемыхъукӀауэ нэгъуэщӀ лъэпкъым щыщ цӀыхум деж къыщыпщэхуари сунэт фщӀын хуейщ къалъхуа нэужь еянэ махуэм.

13 – Ӏэмал имыӀэу сунэт фщӀын хуейщ уи унэм къыщалъхуари, уи дыжьынкӀэ къэпщэхуари. Апхуэдэу зэгурыӀуэныгъэу Сэрэ фэрэ дяку дэслъхьа мыкӀуэдыжын зэгурыӀуэныгъэм и дамыгъэ фи пкъым телъынущ.

14 Сунэт ямыщӀа цӀыхухъуу зи лыфэ кӀапэр пезымыгъэупщӀар хэкӀуэдыкӀынущ езым и лъэпкъым, ди зэгурыӀуэныгъэр зэрикъутам щхьэкӀэ.


Сарай Сарэ зэрыхъуар

15 КъыжриӀащ Тхьэм Ибрэхьим: – Уи фыз Сарай уемыджэ СарайкӀэ, атӀэ абы и цӀэу щрет: Сарэ.

16 – Сэ си нэфӀ щыхуэнущ абыи, абыкӀэ къыпхуэхъунущ къуэ; Сарэ си нэфӀ щыхуэнурэ абы къытехъукӀынущ цӀыху лъэпкъхэри, цӀыху лъэпкъхэм я пащтыхьхэри къытехъукӀынущ абы.

17 Абдеж щӀым зытридзащ Ибрэхьим нэкӀукӀэ, къэдыхьэшхри и щхьэ хужиӀэжащ: «Къыхуэхъуну пӀэрэ илъэсищэ зи ныбжьым къуэ? Сарэ илъэс бгъущӀ хъури лъхуэну пӀэрэ?»

18 ЖриӀащ Ибрэхьим Тхьэм: – НэгъуэщӀ мыхъуми, Исмэхьил закъуэ щыпсэуащэрэт Уи пащхьэм.

19 Ауэ Тхьэм жиӀащ: – Сарэ, уи фызым, къыпхуилъхунущ къуэ, икӀи фӀэпщынущ абы цӀэуэ Исхьэкъ; мыкӀуэдыжын зэгурыӀуэныгъэ абыи абы иужькӀэ къытехъукӀынухэми ди зэхуакум дэслъхьэнущ Сэ.

20 – Исмэхьил теухуауэ уэ уи лъэӀури зэхэсхащ Сэ: си нэфӀ щыхуэнущ абы, быныбэ къытезгъэкӀынущ, икъукӀэ згъэбэгъуэнущ; пщы пщыкӀутӀ къытехъукӀынущ абы; Сэ къытезгъэхъукӀынущ абы лъэпкъ ин дыди.

21 – Ауэ зэгурыӀуэныгъэр зыдэслъхьэнур Сэрэ Исхьэкърэ ди зэхуакурщ; илъэс къакӀуэ и мыпхуэдэ зэманым деж Сарэ ар къыпхуилъхунущ.

22 Тхьэм Ибрэхьим къепсэлъэн иухри, итӀанэ ӀукӀыжащ.

23 Ибрэхьим Исмэхьилу езым и къуэри, и унэм къыщалъхуа псори, и дыжьынхэмкӀэ къищэхуа цӀыхухъу псори, Ибрэхьим и унэм цӀыхухъуу щӀэс псори къызэщӀикъуэри, яхупиупщӀащ я лыфэ кӀапэр а махуэ дыдэм, Тхьэм къызэрыжриӀам хуэдэу.

24 Ибрэхьим и лыфэ кӀапэр щыпаупщӀам илъэс бгъущӀрэ бгъурэ хъурт.

25 Абы и къуэ Исмэхьил и лыфэ кӀапэр щыпаупщӀам илъэс пщыкӀущ хъурт.

26 Зы махуэм сунэт ящӀащ Ибрэхьими абы и къуэ Исмэхьили.

27 Абы и гъусэу сунэт ящӀащ абы и унэм щӀэс цӀыхухъу псори, унэм къыщалъхуахэри, нэгъуэщӀ лъэпкъхэм я деж дыжьынкӀэ къыщащэхуахэри.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan