1 Мусэ 16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэрХьэджэррэ Исмэхьилэрэ 1 Ауэ Сарай, Ибрам и фызыр, лъхуэртэкъым. Абы иӀэт унэӀут бзылъхугъэ Хьэджэр и цӀэу, Мысырым щыщу. 2 ЖриӀащ Сарай Ибрам: – КъэдаӀуэ, Зиусхьэным зэхуищӀащ си кӀуэцӀыр, сымылъхуэн папщӀэ; атӀэ щӀыхьэ си унэӀут бзылъхугъэм деж: абы къыбгъэдэкӀыу сэ сабий сиӀэнкӀи хъунщ. Ибрам едэӀуащ Сарай и псалъэм. 3 Ханаан щӀыналъэм Ибрам илъэсипщӀкӀэ щыпсэуа нэужь, Ибрам и фыз Сарай и унэӀут бзылъхугъэр, Мысырым щыщ Хьэджэр, иритащ фызу езым илӀ Ибрам. 4 ЩӀыхьащ ар Хьэджэр деж, модрейри лъэщыджэ хъуащ. Лъэщыджэ зэрыхъуам гу щылъитэжым, абы и зиусхьэн гуащэм нэмыплъ ириту щӀидзащ. 5 – Си гукъеуэмкӀэ уэрщ къуаншэр, – жриӀащ Сарай Ибрам, – сэ уэстащ си унэӀут бзылъхугъэр, уекӀуэлӀэну; ауэ абы, уэндэгъу зэрыхъуар щилъагъум, нэмыплъ къызиту щӀидзащ; къытхурехъу Зиусхьэныр уэрэ сэрэ хеящӀэ. 6 – Уи унэӀутыр уи ӀэмыщӀэ илъщ, – жриӀащ Ибрам, – уэ ещӀэ абы узыхуейр. Сарай дикъузэу щӀидзати, Хьэджэр щӀэпхъуэжащ. 7 Зиусхьэным и мелыӀычым ар къыщигъуэтащ губгъуэ нэщӀым къыщыщӀэж псынэм деж, Шур хуэкӀуэ гъуэгум и гъунэгъу псынэм деж. 8 ЖриӀащ абы: – Хьэджэр, Сарай и унэӀут! Дэнэ укъикӀа, дэни укӀуэрэ? – Сэ си зиусхьэн гуащэ Сарай и пащхьэ сыкъикӀри сыщӀэпхъуэжащ, – жиӀащ абы. 9 – Уи бысым зиусхьэн гуащэм деж гъэзэжи, абы хуэжыӀэщӀэ, – къыжриӀащ Зиусхьэным и мелыӀычым абы. 10 – Згъэбэгъуэнущ уэ къыптехъукӀынухэм я бжыгъэр, ахэр зэрыкуэд дыдэм къыхэкӀыу пхуэмыбжыну. 11 ИтӀани къыжриӀащ Зиусхьэным и мелыӀычым абы: – Уэ ууэндэгъущ, къуэ къэплъхунущи, фӀэпщынущ абы цӀэуэ Исмэхьил; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гу лъитащ Зиусхьэным уэ гугъуехьу пшэчым. 12 Ар цӀыхухэм яхэтынущ шыд Ӏэлым хуэдэу; ар псоми езауэурэ, псори езым къезэуэнущ, щыпсэунущ ар езым и къуэш псоми емызэгъыу. 13 Хьэджэр фӀищащ Зиусхьэну езым къепсэлъам мы цӀэр: «Уэ у-Ел-Ройщ». Абы къикӀыр: «Сэ сыкъэзылъагъу Тхьэр Уэрщ». Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, Хьэджэр жиӀащ: «Пэж дыдэу, сэ сызылъагъум щыслъэгъуа нэужь сыпсэу пӀэрэ?» 14 Абы къыхэкӀкӀэ а псынэм и цӀэщ Бэр-Лахай-рой. (Псэ зыӀутым, сэ сыкъэзылъагъум и псынэ). Ар дэтщ Кадешрэ Бэрэдрэ я зэхуакум. 15 Хьэджэр Ибрам къыхуилъхуащ къуэ, Ибрам и къуэм Хьэджэр къыхуилъхуам, Исмэхьил цӀэуэ фӀищащ. 16 Ибрам и ныбжьыр илъэс ищӀрэ хырэ хъурт Хьэджэр къуэ къыщыхуилъхуам щыгъуэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden