1 Мусэ 15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэрТхьэм Ибрэхьим зэгурыӀуэныгъэ зэрырищӀылӀар 1 А къэхъукъащӀэхэм я ужькӀэ Зиусхьэныр Ибрам къыхуэлъагъуэри и псалъэ къылъигъэсащ: – Умышынэ, Ибрам; Сэ уэ СыуимэӀухущ; уи ӀыхьэфӀыр ин хъунущ. 2 Ибрам жиӀащ: – Тепщэу Зиусхьэн! Уэ къызэптынум сыт есщӀэнур, сэ быныншэу сыкъанэмэ; си унагъуэр зезыхьэ, Дамаск къалэм щыщ мы ЕлиӀэзэрщ си мылъкур къызыхуэнэнур. 3 ЖиӀащ адэкӀэ Ибрам: – Уэ бын къызэптакъыми, унагъуэ Ӏуэхур зезыхьэрщ си лӀэужьыр. 4 Абдеж Зиусхьэным и псалъэр абы къыхуехащ: – Хъунукъым ар уи лӀэужь; уэ уи пкъым къыпкърыкӀынуращ уи лӀэужь хъунур. 5 ИтӀанэ ар шэтырым къыщӀишри, жиӀащ Зиусхьэным: – Уафэм дэплъеи, бжыт вагъуэхэр, ахэр пхуэбжынумэ. АдэкӀи къыжриӀащ абы: – Апхуэдиз хъунущ къыптехъукӀынум я бжыгъэр. 6 Ибрам и фӀэщ хъуащ Зиусхьэным жиӀар, абы къыхэкӀыуи Зиусхьэным абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ. 7 – Мы щӀыналъэр ууей хъун папщӀэ, Халдей щыӀэ Ур къалэм укъыдэзыша Зиусхьэныр Сэращ, – къыжриӀащ Зиусхьэным абы. 8 – Ди тепщэ Зиусхьэн! – жиӀащ Ибрам, – сыткӀэ къэсщӀэну а щӀыналъэр сысей зэрыхъунур? 9 – Схуэгъэн Сэ илъэсищ зы ныбжь жэмыщӀэ, илъэсищ зи ныбжь бжэн, илъэсищ зи ныбжь тӀы, тхьэрыкъуэ анэ, тхьэрыкъуэ шыр, – къыжриӀащ Зиусхьэным абы. 10 Абы а псори хуигъэнащ, ахэр тӀууэ зэгуиупщӀыкӀри игъэтӀылъащ, зы Ӏыхьэр адрейм пэщылъу; ауэ къуалэбзухэр иупщӀэтакъым. 11 Къащхьэщылъэтащ абыхэм бгъащхъуэхэр; ауэ Ибрам Ӏуихужырт ахэр. 12 Дыгъэр щыкъухьэм, жей куур къытеуащ Ибрам; Къыщхьэщыхьащ абы шынагъуэри кӀыфӀыгъэшхуэри. 13 Абдеж Зиусхьэным къыжриӀащ Ибрам: – ЗэгъащӀэ уэ къыпщӀэхъуэхэр езыхэм я мыщӀыналъэм хамэ зэрыщыхъунур, пщылӀыпӀэми зэрырагъэувэнур, илъэс щиплӀым и кӀуэцӀкӀэ хьэзаби зэрырагъэшэчынур. 14 Ауэ Сэ хьэкум тесщӀэнущ ахэр зыгъэпщылӀыну лъэпкъым; абы и ужькӀэ уэ къыпщӀэхъуэхэр а хэкум къикӀыжынущ мылъкушхуэ яӀэу. 15 – Уэ езыр уахыхьэжынущ уи адэжьхэм, гупсэхугъуэ уиӀэу, ущӀалъэхьэжынущ жьыщхьэ махуэ ухъуауэ. 16 – ЕплӀанэ щӀэблэм деж къагъэзэжынущ къэпщӀэхъунухэм мыбдеж, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ эмор цӀыхухэм я хабзэншагъэхэм я пщалъэр иджыри гъэнщӀа хъуакъым. 17 Дыгъэр къухьэри, кӀыфӀ къыщыхъуам, Ӏугъуэ къызрих хьэкурэ Ӏэдакъэ мафӀэрэ дэкӀащ упщӀэтауэ щылъ псэущхьэхэм я зэхуакум. 18 А махуэм Зиусхьэным Ибрам ирищӀылӀащ зэгурыӀуэныгъэ, мыр жиӀэри: – Уэ къыптехъукӀынухэм изот Сэ мы щӀыналъэр, Мысыр псым къыщыщӀэдзауэ псы ин дыдэм, Евфрат псым, нэсу: 19 кен цӀыхухэм, кениз цӀыхухэм, кадмон цӀыхухэм, 20 хет цӀыхухэм, пэриз цӀыхухэм, рефэ цӀыхухэм, 21 амор цӀыхухэм, ханаан цӀыхухэм, гъиргъаш цӀыхухэм икӀи ебус цӀыхухэм я щӀыналъэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden