Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Мусэ 13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


Ибрамрэ ЛутӀрэ зэрызэбгъэдэкӀар

1 Ежьащ Ибрам Мысырым икӀыу ипщэкӀэ, и фызри, езым бгъэдэлъ псори, ЛутӀи щӀыгъуу.

2 Ибрам икъукӀэ бейт, Ӏэщи, дыжьыни, дыщэи и куэдт.

3 Пищэрт абы и Ӏэпхъуэшэпхъуэным ипщэкӀэ къикӀрэ БэтэлкӀэ кӀуэуэ, япэм езым и шэтырыр здэщыта щӀыпӀэу Бэтэлрэ Ӏай къалэмрэ я зэхуакум дэтым нэсу,

4 япэу езым иухуауэ щытыгъа къурмэнщӀыпӀэр здэщыӀэ щӀыпӀэм нэсу; абдежми Ибрам щелъэӀуащ Зиусхьэным.

5 Ибрам и гъусэу кӀуэ ЛутӀ иӀэт Ӏэщ цӀыкӀуи, Ӏэщышхуи, шэтырхэри.

6 КъемэщӀэкӀырт абыхэм щӀыгур, зэгъусэу псэун папщӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм я мылъкухэр апхуэдизкӀэ куэдти, ахэр зэгъусэу псэуфыртэкъым.

7 Арати, къыдэхъуащ зэдауэ Ибрам и Ӏэщыхъуэхэмрэ ЛутӀи Ӏэщыхъуэхэмрэ яку; ханаан цӀыхухэри пэриз цӀыхухэри абы щыгъуэ щыпсэурт а щӀыналъэм.

8 ЖриӀащ Ибрам ЛутӀ итӀанэ: – Къыдремыхъуэ уэри сэри, си мэлыхъуэхэми уи мэлыхъуэхэми дяку къайгъэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ дызэӀыхьлыщ.

9 ЩӀыналъэ псори уи пащхьэ къилъкъэ? АтӀэ збгъэдэкӀи, зэфӀэкӀащ. Уэ сэмэгумкӀэ укӀуэмэ, сэ ижьымкӀэ сыкӀуэнщ; уэ ижьымкӀэ укӀуэрэ, сэ – сэмэгумкӀэ.

10 ЛутӀ и напӀэр къиӀэтри къилъэгъуащ Юрдан и Ӏэшэлъашэ псори, а щӀыналъэр Цоар нэсу псыкӀэ гъэнщӀауэ зэрыщытыр, Зиусхьэным и жыг хадэмрэ Мысыр щӀыналъэмрэ хуэдэу. Ар Зиусхьэным Содомрэ Ӏаморэрэ игъэкӀуэдын и пэщ.

11 И щхьэм папщӀэ ЛутӀ къыхихащ Юрдан псым и Ӏэшэлъашэ псори; ежьащ ЛутӀ кӀуэкӀыпӀэмкӀэ итӀанэ. Арати, зэхэкӀащ ахэр.

12 Ибрам щӀидзащ Ханаан щӀыналъэм щыпсэууэ; ЛутӀ аузым и Ӏэшэлъашэм ит къалэхэм щыпсэуну щӀидзэри, щригъэувыкӀащ и шэтырхэр Содом нэсу.

13 Ауэ Содом дэсхэр бзаджэт, Зиусхьэным и пащхьэм гуэныхь куэд къыщахьат.

14 Зиусхьэным жриӀащ Ибрам, абы ЛутӀ хэкӀа нэужь: – КъэӀэт уи напӀэр, уэ иджы уздэщыӀэ щӀыпӀэм иплъыкӀи, плъэ ищхъэрэкӀи, ипщэкӀи, къуэкӀыпӀэмкӀи, къухьэпӀэмкӀи.

15 ЩӀыгуу уи нэм къиубыдыр зэрыщыту Сэ уэстынущ уэри уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэми игъащӀэкӀэ фиӀэну.

16 Згъэбэгъуэнущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр пшахъуэм хуэдэу; зыгуэрым пшахъуэр ибжын хузэфӀэкӀмэ, уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэри бжа хъунущ.

17 – Тэдж, къызэхэкӀухь мы щӀыналъэр и кӀыхьагъкӀи и бгъуагъкӀи: сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Сэ уэ уэстынущ ар.

18 Ибрам шэтырыр иришажьэри ежьащ, икӀи щытӀысащ Хэврон къалэм щыӀэ Мамрэ жыгеилъэм деж; абдежми абы щыхуиухуащ Зиусхьэным къурмэнщӀыпӀэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan