Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Мусэ 11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


Бабилон чэщанэр

1 ЩӀылъэ псом щыщыӀар зы бзэрэ зы псэлъэкӀэрэт.

2 КъуэкӀыпӀэмкӀэ къыщежьэри къакӀуэурэ, Шинар щӀыналъэм тафэ къыщагъуэтри, ахэр абдеж щытӀысащ.

3 – Чырбыш дгъэжынщи, мафӀэкӀэ дгъэжьэжынщ, – жаӀащ абыхэм. Арати, яӀэ хъуащ абыхэм мывэхэм я пӀэкӀэ чырбышхэр, сэхум и пӀэкӀэ щӀыгу мэзыш.

4 – Дыухуэнщ ди щхьэм папщӀэ къалэрэ уафэм щӀэуэу чэщанэрэ, ди цӀэри дгъэӀунщ, щӀылъэ псом дыщызэмыбгрыкӀыу, – жаӀащ абыхэм итӀанэ.

5 Къехащ итӀанэ Зиусхьэныр, цӀыхум и къуэхэм яухуэ къалэмрэ чэщанэмрэ еплъыну.

6 ЖиӀащ Зиусхьэным: – Мис, зы лъэпкъщ, зы бзэщ псоми яӀэр; мис мыращ абыхэм яухуэну зыщӀадзар; сытым и ужь ихьэми, псори яхузэфӀэкӀынущ.

7 АтӀэ дехынщи, щызэхэдгъэзэрыхьынщ абдежым абыхэм я бзэр, зым жиӀэр адрейм къыгурымыӀуэжу.

8 Арати, Зиусхьэным ахэр щӀылъэ псом щызэбгригъэкӀащ, абдежым къригъэкӀри, а щӀыкӀэмкӀи абыхэм щагъэтыжащ къалэр ухуэн.

9 Абы къыхэкӀкӀэ, абы цӀэуэ фӀащащ: Бабилон; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абдежым Зиусхьэным щызэхигъэзэрыхьащ щӀылъэ псом и бзэр, икӀи Зиусхьэным ахэр щӀылъэ псом щызэбгригъэкӀащ, абдежым къригъэкӀри.


Шем къытехъукӀахэр – Ибрам деж нэс

10 Шем къытехъукӀахэр: Шем илъэсищэ щыхъум, къыхуэхъуащ Арпахшад, псыдзэм и ужькӀэ илъэситӀ дэкӀауэ.

11 Арпахшад къыхуалъхуа нэужь, Шем псэужащ илъэс щитхукӀэ, нэгъуэщӀ къуэхэри пхъухэри къыхуалъхуащ.

12 Арпахшад, илъэс щэщӀрэ тхукӀэ псэуауэ, Шэлах къыхуэхъуащ.

13 Шэлах къалъхуа нэужь, Арпахшад псэужащ илъэс щиплӀрэ щыкӀэ, къуэхэри пхъухэри къыхуалъхуащ.

14 Шэлах, илъэс щэщӀкӀэ псэуауэ, Ӏэбэр къыхуэхъуащ.

15 Ӏэбэр къалъхуа нэужь, Шэлах псэужащ илъэс щиплӀрэ щыкӀэ, къуэхэри пхъухэри къыхуэлъхуащ.

16 Ӏэбэр, илъэс щэщӀрэ плӀыкӀэ псэуауэ, Пэлэгъ къыхуэхъуащ.

17 Пэлэгъ къалъхуа нэужь, Ӏэбэр псэужащ илъэс щиплӀрэ щэщӀкӀэ, къуэхэри пхъухэри къыхуэлъхуащ.

18 Пэлэгъ, илъэс щэщӀкӀэ псэуауэ, РэӀу къыхуэхъуащ.

19 РэӀу къалъхуа нэужь, Пэлэгъ псэужащ илъэс щитӀрэ бгъукӀэ, къуэхэри пхъухэри къыхуалъхуащ.

20 РэӀу, илъэс щэщӀрэ тӀукӀэ псэуауэ, Сэрыругъ къыхуэхъуащ.

21 Сэрыругъ къалъхуа нэужь, РэӀу псэужащ илъэс щитӀрэ блыкӀэ, къуэхэри пхъухэри къыхуэлъхуащ.

22 Сэрыругъ, илъэс щэщӀкӀэ псэуауэ, Нахъор къыхуэхъуащ.

23 Нахъор къалъхуа нэужь, Сэрыругъ псэужащ илъэс щитӀкӀэ, къуэхэри пхъухэри къыхуэлъхуащ.

24 Нахъор илъэс тӀощӀрэ бгъукӀэ псэуауэ, Тэрахъ къыхуэхъуащ.

25 Тэрахъ къалъхуа нэужь, Нахъор псэужащ илъэсищэрэ пщыкӀубгъукӀэ, къуэхэри пхъухэри къыхуалъхуащ.

26 Тэрахъ илъэс блыщӀкӀэ псэуауэ, къыхуэхъуащ Ибрами, Нахъори, Харани.

27 Мис Тэрахъ къытехъукӀахэр: Тэрахъ къыхуэхъуащ Ибрам, Нахъор, Харан сымэ. Харан къыхуэлъхуащ Лут.

28 И адэ Тэрахъ псэууэ, Харан щылӀащ езыр зыщалъхуа щӀыналъэу Халдей къэралыгъуэм щыӀэ Ур къалэм.

29 Ибрамрэ Нахъоррэ къашащ фыз; Ибрам и фызым Сарай и цӀэт; Нахъор и фызым и цӀэр Милкъэт, ар Милкъэрэ Искъэрэ я адэ Харан ипхъут.

30 Сарай лъхугъэншэт икӀи сабииншэт.


Тхьэр Ибрам къызэрыриджар

31 Тэрахъ и къуэ Ибрам, Харан и къуэ ЛутӀу и къуэрылъхур, и нысэ Сараеу езым и къуэ Ибрам и фызыр зыщӀигъури, ахэр и гъусэу, къыдэкӀащ Халдей къэралыгъуэм щыщ Ур къалэм, Ханаан щӀыналъэм кӀуэну, ауэ, Харан нэсауэ, ахэр къыщыувыӀащ абдежым.

32 Тэрахъ илъэс щитӀрэ тхукӀэ псэуауэ щылӀащ Харан къэралыгъуэм.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan