Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Мусэ 1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


МУСЭ БЕГЪЫМБАРЫМ И ЯПЭ ТХЫЛЪ Тхьэм дунейр зэриухуар

1 Тхьэм япэщӀыкӀэ къигъэщӀащ уафэмрэ щӀылъэмрэ.

2 ЩӀылъэр зэпцӀтэкъым икӀи нэщӀт, кӀыфӀыгъэри щхьэщытт хышхуэ лъащӀэншэм; Тхьэм и Псэр щыхуарзэрт псы гущӀыӀум.

3 ЖиӀащ Тхьэм: – Ирехъу нэху. Нэху хъуащ.

4 Илъэгъуащ Тхьэм нэхугъэр зэрыфӀыр; къыхигъэкӀащ Тхьэм нэхугъэр кӀыфӀыгъэм.

5 Нэхугъэм Тхьэм фӀищащ «махуэ», кӀыфӀыгъэм – «жэщ». Хъуащ жэщ, щащ нэху: ар зы махуэт.

6 АдэкӀэ жиӀащ Тхьэм: – Къыщрехъу псыкум уафэлъащӀэ икӀи къыгурырегъэкӀ абы псым псыр.

7 КъигъэщӀащ, арати, Тхьэм уафэлъащӀэ, абыкӀэ зэщхьэщигъэкӀащ уафэлъащӀэм и щӀагъ щӀэт псымрэ абы и щӀыӀум тет псымрэ. Апхуэдэуи хъуащ.

8 ФӀищащ Тхьэм уафэлъащӀэм уафэ. Хъуащ жэщ, щащ нэху: ар етӀуанэ махуэт.

9 – Щызэхурес уафэ щӀагъым щӀэт псыр зы щӀыпӀэм деж, икӀи кърехъу гъущапӀэ, – жиӀащ Тхьэм. Апхуэдэуи хъуащ.

10 ФӀищащ Тхьэм абы «щӀылъэ», псым и зэхуэсыпӀэхэм яфӀищащ «хы». Илъэгъуащ Тхьэм ар зэрыфӀыр.

11 – КъыхрекӀ щӀылъэм щхъуантӀагъэр, жылэ зиӀэ удзыр, икӀи щӀыгум хэт жыгыр, езыхэм хуэдэ жылэ зиӀэ пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкӀэр, – жиӀащ Тхьэм. Апхуэдэуи хъуащ.

12 КъыхэкӀащ щӀылъэм щхъуантӀагъэр, езым хуэдэ жылэ зиӀэ удзыр, езым хуэдэ жылэ зиӀэ пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкӀэ жыгыр. Илъэгъуащ Тхьэм ар зэрыфӀыр.

13 Хъуащ жэщ, щащ нэху: ар ещанэ махуэт.

14 – Къыщрехъу нэхунэхэр уафэлъащӀэм – жиӀащ Тхьэм, – махуэр жэщым къыгуэкӀын папщӀэ. Щрет ахэр нэщэнэу, зэманхэр, махуэхэр, гъэхэр зэхэха хъун папщӀэ.

15 Щрехъу ахэр уафэлъащӀэм нэхугъэ, щӀылъэм тепсэн папщӀэ. Апхуэдэуи хъуащ.

16 КъигъэщӀащ Тхьэм нэхунэ ин дыдэу тӀу: нэхунэ нэхъ иным махуэр зэригъэкӀуэн папщӀэ, нэхунэ нэхъ цӀыкӀум жэщыр зэригъэкӀуэн папщӀэ; къигъэщӀащ вагъуэхэри;

17 Тхьэм ахэр уафэлъащӀэм щӀригъэувар щӀылъэм тепсэн папщӀэщ,

18 махуэри жэщри зэрагъэкӀуэн папщӀэщ, нэхугъэр кӀыфӀыгъэм къыхигъэкӀын папщӀэщ. Илъэгъуащ Тхьэм ар зэрыфӀыр.

19 Хъуащ жэщ, щащ нэху: ар еплӀанэ махуэт.

20 ЖиӀащ Тхьэм: – Псым псэ зиӀэ псэущхьэхэр хэз ирехъу, къралъэтыхь къуалэбзухэм, уэгум итрэ щӀым къыщхьэщыту.

21 КъигъэщӀащ Тхьэм апхуэдэу бдзэшхуэхэри, псым хэс нэгъуэщӀ псэущхьэ зэмылӀэужьыгъуэхэри, къуалэбзу зэмылӀэужьыгъуэхэри. Илъэгъуащ Тхьэм ар зэрыфӀыр.

22 Тхьэм и нэфӀ ящыхуащ абыхэм, мыр жиӀэурэ: – Фылъхуэ-фыпӀэ, фыбагъуэ, хыӀухэм я псыр из фщӀы, къуалэбзухэри щребагъуэ щӀылъэм.

23 Хъуащ жэщ, щащ нэху: ар етхуанэ махуэт.

24 ЖиӀащ адэкӀэ Тхьэм: – Къытрырехъуэ щӀылъэм псэущхьэхэр псэущхьэ лъэпкъыу, Ӏэщхэри, хьэпщхупщхэри, хьэкӀэкхъуэкӀэхэри езыхэм я лъэпкъыу. Апхуэдэуи хъуащ.

25 Арати, къигъэщӀащ Тхьэм хьэкӀэкхъуэкӀэхэри езыхэм я лъэпкъыу, Ӏэщ лъэпкъхэри, щӀылъэм къыщызыпщыхь хьэпщхупщхэри езыхэм я лъэпкъыу. Илъэгъуащ Тхьэм ар зэрыфӀыр.

26 ЖиӀащ Тхьэм: – КъэдгъэщӀынщ цӀыхур Ди теплъэу, Дэ тхуэдэу; яхурехъу ахэр тепщэ хым хэс бдзэжьейхэми, уэгум щызелъатэ псоми, Ӏэщми, щӀылъэ псоми, щӀылъэм къыщызыпщыхь хьэпщхупщ лъэпкъыгъуэ псоми.

27 ИкӀи Езым и теплъэ иӀэу, Езым ещхьу къигъэщӀащ Тхьэм цӀыхур; цӀыхухъурэ бзылъхугъэу къигъэщӀащ ахэр.

28 И нэфӀ ящыхуэщ абыхэми Тхьэм, яжриӀащ: – Фылъхуэ-фыпӀэ, фыбагъуэ, щӀылъэм тез фыхъуи, ар къэвгъэӀурыщӀэ, тепщэ фахуэхъу хым хэс бдзэжьейхэми, уэгум щызелъатэ псоми, щӀылъэм тет псэущхьэ псоми.

29 ЖиӀащ итӀанэ Тхьэм: – Аращи, Сэ фэстащ щӀылъэ псом сыт хуэдэ удз тетми, а псоми я жылэ къызыхэкӀ удз зэмылӀэужьыгъуэхэри, жылэ къэзыт пхъэщхьэмыщхьэ жыг лӀэужьыгъуэ псори; ахэр шхыныгъуэ фхуэхъунущ.

30 ЩӀылъэм тет хьэкӀэкхъуэкӀэ псоми, уэгум ит къуалэбзу псоми, щӀылъэм тет псэущхьэ къыщызыпщыхь псоми, псэ зыӀуту псоми Сэ естащ удз щхъуантӀэу щыӀэу хъуар шхыныгъуэу. Апхуэдэуи хъуащ.

31 Илъэгъуащ Тхьэм Езым къигъэщӀа псори, икӀи ар икъукӀэ фӀыщ. Жэщ хъуащ, нэху щащ: ар еханэ махуэт.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan