Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Кор. 9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


9-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Апостолым иӀэ хуитыныгъэхэр

1 Сэ сыапостолкъэ? Сэ сыщхьэхуиткъэ? Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь слъэгъуакъэ? Зиусхьэным хуэсщӀа Ӏуэхум фӀыуэ къыпэкӀуар фэракъэ?

2 НэгъуэщӀ цӀыхухэм я дежкӀэ апостолу сыщымытми, фэркӀэ сыапостолщ. Зиусхьэныр фи псэм щыщ зэрыхъуам къыхэкӀкӀэ, сызэрыапостолыр зыгъэпэж мыхъурыр фэращ.

3 Сызыгъэкъуаншэхэм яжесӀэр мыращ:

4 Дэри дышхэну икӀи дефэну дыхуимыту ара?

5 Кифэ, адрей апостолхэм, Зиусхьэным и къуэшхэм хуэдэу дэри фӀэщхъуныгъэ зиӀэ фыз гъусэ зыхуэтщӀыну дыхуиткъэ?

6 Я щхьэ япӀыжын папщӀэ, езыхэм я ӀэкӀэ лэжьэн хуей закъуэр сэрэ Варнавэрэ?

7 ЗауэлӀыр езым и ахъшэкӀэ зауэрэ? Хэт жызум хадэ зыщӀэу, жызум зымышхыр? Шэ емыфэу Ӏэхъушэр хэт зыгъэхъур?

8 ЦӀыху акъылкӀэ къыжысӀэрэ мы Ӏуэхугъуэхэр? Апхуэдэукъэ Торэт хабзэм зэрыжиӀэр?

9 Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм мыпхуэдэу итщ: «Вым гуэдз щиӀуэкӀэ, и жьэр зэтумыпхэ». Апхуэдэу щыжиӀэкӀэ, выхэра Тхьэр зыхуэгузавэр?

10 Тхьэм жыхуиӀэр дэркъэ шэчыншэу? Аращ, дэр щхьэкӀэщ ар щӀатхар; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ вакӀуэлӀри гъавэ зыӀуэ лӀыри я Ӏыхьэ а гъавэм къыхэкӀыну гугъэ ямыӀэу лажьэ хъунукъым.

11 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и жылэфӀыр фи гум итлъхьащи, фэ, ди Ӏуэхум фӀыуэ къыпэкӀуэр зыгъуэтхэм, мы дунеймкӀэ дызыхуэныкъуэр къыдэфтмэ, егъэлея хъурэ?

12 НэгъуэщӀ цӀыхухэм зыхуэныкъуэхэр зэрефтынум щыгугъыну хуитыныгъэ яӀэмэ, абыхэм нэхърэ дэ куэдкӀэ нэхъ хуитыныгъэ диӀэкъэ? Ауэ а хуитыныгъэм и фӀагъ къэдгъэсэбэпакъым. Абы и пӀэкӀэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым зэран дыхуэмыхъун щхьэкӀэ, псори дигу тыдогъахуэ.

13 ЦӀыхухэм Тхьэм и унэшхуэм щхьэкӀэ псапэу ятым щыщ абы щылажьэхэм я шхын Ӏыхьэ къызэрыхэкӀыр фщӀэркъэ? Къурмэн щӀыпӀэм щылажьэхэми я Ӏыхьэ абы телъ къурмэныпхъэм къызэрыхэкӀыр фщӀэркъэ?

14 Апхуэдэу, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэм зэрыпсэун Ӏыхьэр хъыбарыфӀымкӀэ зэрагъуэтын хуейр Зиусхьэным и унафэщ.

15 Апхуэдэ хуитыныгъэр сэ къэзгъэсэбэпакъым, а хуитыныгъэри згъуэтын щхьэкӀэкъым мыр щӀэстхыр. Сызэрыпагэ Ӏуэхур зыгуэрым игъэкӀуэдыным нэхърэ, лӀэныгъэр нэхъ къызощтэ.

16 Ауэ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрахуэсӀуатэм щхьэкӀэ сызыщытхъужын слъэкӀынукъым, Тхьэм и хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзмыӀуатэу хъунукъыми. ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзмыӀуатэмэ, гъуэгу мыгъуэ сытеуващ.

17 Ар сыхуейуэ сщӀэмэ, ӀыхьэфӀыр згъуэтынущ. Ауэ сфӀэмыфӀу сщӀэмэ, Тхьэм си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур згъэзащӀэ къудейуэ арщ.

18 Абы щыгъуэ сыт си ӀыхьэфӀыр? Си ӀыхьэфӀыр мыращ: ХъыбарыфӀым сыхуэлажьэурэ, уаси къыпэмыкӀуэу цӀыхухэм ар зэрахуэсӀуатэр арщ, си хуитыныгъэр къэзмыгъэсэбэпу.

19 Зыми тепщэныгъэ къысхуимыӀэу, сыщхьэхуиту щытми, цӀыху куэд Мэссихь и гъуэгум тезгъэхьэн щхьэкӀэ, псоми ӀуэхутхьэбзащӀэ сахуэхъуащ.

20 Журтхэр Мэссихь и гъуэгу тезгъэхьэн щхьэкӀэ, абыхэм хуэдэу зысщӀащ. Торэт хабзэм и тепщэныгъэм сыщӀэмыту щытми, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэт цӀыхухэр Мэссихь и гъуэгу тезгъэхьэн щхьэкӀэ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэт цӀыхухэм хуэдэу зысщӀащ.

21 Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэмыт цӀыхухэри Мэссихь и гъуэгу тезгъэхьэн щхьэкӀэ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэмыт цӀыхухэм хуэдэу зысщӀащ. Тхьэм и хабзэм и тепщэныгъэм сыщӀэмыту аракъым абы къикӀыр, Мэссихь и хабзэм и тепщэныгъэм сыщӀэтщ.

22 ФӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм хуэдэу зысщӀащ. Лъэныкъуэ псомкӀи цӀыху псоми хуэдэу зысщӀащ, нэгъуэщӀ мыхъуми, цӀыху гуэрхэр мыкӀуэду къелын щхьэкӀэ.

23 ХъыбарыфӀым си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, мы Ӏуэху псори сощӀэ, хъыбарыфӀым фӀыгъуэу къыпэкӀуэм щыщ си Ӏыхьэр згъуэтын щхьэкӀэ.

24 Псори къызэдэжэурэ зэпоуэ, ауэ абыхэм ящыщу зы закъуэщ текӀуэныгъэм и саугъэтыр къэзыхьыр, ар фщӀэркъэ? Ар къэфхьын щхьэкӀэ, фызэдэжэ.

25 Жэр, сыт ищӀыскӀи зыхуосакъыж. КӀуэдыжыну саугъэтыр къахьын щхьэкӀэ, мажэ ахэр, дэ мыкӀуэдыжын саугъэтым и ужь дитщ.

26 Аращи, сыщыжэкӀэ, сыздэжэ щӀыпӀэр сымыщӀэу аракъым. Жьым ӀэштӀымкӀэ хэуэм сыхуэдэкъым.

27 Си пкъым гугъуехь изогъэшэч икӀи согъэдаӀуэ, адрей цӀыхухэм хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэта нэужь, Тхьэм лъэныкъуэ сримыгъэзын папщӀэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan