1 Кор. 8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр8-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Тхьэ нэпцӀхэм къурмэныпхъэ хуащӀам и лыр 1 Тхьэ нэпцӀхэм къурмэныпхъэ хуащӀам и лым теухуауэ мыр къыжызоӀэ: Дэ псоми щӀэныгъэ зэрыдиӀэр дощӀэ. ЩӀэныгъэм цӀыхухэм закъыфӀегъэщӀыж, фӀылъагъуныгъэм цӀыхухэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ ярегъэгъуэт. 2 ЦӀыху гуэрым щӀэныгъэ иӀэу къыфӀэщӀми, зэрищӀэн хуейм хуэдизу, иджыри ищӀэркъым. 3 Ауэ Тхьэр фӀыуэ зылъагъум Тхьэм къыбгъэдэкӀ щӀэныгъэ егъуэт. 4 Аращи, тхьэ нэпцӀхэм къурмэныпхъэ хуащӀам и лым теухуауэ мыр къыжызоӀэ: А тхьэ нэпцӀхэр дунейм зэрытемытри, зы Тхьэ закъуэм нэмыщӀ, нэгъуэщӀ тхьэ зэрыщымыӀэри дощӀэ. 5 ЦӀыхухэм тхьэуэ ялъытэхэр уафэми щӀылъэми щыӀэми, (цӀыхухэм тхьэуэ ялъытэхэмрэ зиусхьэну ялъытэхэмрэ куэду зэрыщыӀэм хуэдэу), 6 дэ зы Тхьэ закъуэщ диӀэр, ар Адэ лъапӀэр арщ. Псори къэзыгъэщӀар езыр арщ, езым щхьэкӀэ дэри дыпсэущ. Зы Зиусхьэн закъуэщ диӀэр, ар Хьисэ Мэссихьщ. Тхьэм абы щыӀэ псори къригъэгъэщӀащ, абы гъащӀэ къыдет. 7 Ауэ псоми апхуэдэ щӀэныгъэр яӀэкъым. ЦӀыху гуэрхэр тхьэ нэпцӀхэм есащи, апхуэдэ лыр щашхкӀэ, а лыр тхьэ нэпцӀ гуэрым къурмэныпхъэ пэжу хуэхъуа хуэдэу, а лыр яшх. Аращи, а лыр хьэлэлрэ хьэрэмрэ ямыщӀэу, ягукӀэ шэч ящӀурэ, а лыр щашхкӀэ, ягухэр ягъэуфӀей. 8 Ерыскъым Тхьэм нэхъ гъунэгъу дыхуищӀыркъым. Тшхыми, и фӀагъ къыдэкӀыркъым, дымышхми, и ягъэ къыдэкӀыркъым. 9 Ауэ фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм я гъуэгум фи щхьэхуитыныгъэр ахэр зыгъэлъэпэрэпэн мывэ щахуэмыхъуным фыхуэсакъ. 10 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а лыр хьэлэлрэ хьэрэмрэ имыщӀэу игукӀэ шэч зыщӀым уэ щӀэныгъэ зиӀэм тхьэ нэпцӀым и унэшхуэм апхуэдэ лы щыпшхыу илъагъумэ, а лыр абыи ебгъэшхынкъэ? 11 Апхуэдэу фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэ къуэшу Мэссихь и псэр зыщӀитар уэ уи щӀэныгъэмкӀэ уогъэкӀуэд. 12 А лыр хьэлэлрэ хьэрэмрэ ямыщӀэу шэч зыщӀ къуэшхэм гуэныхь ефщӀэу, абыхэм ягукӀэ зевгъэгъэкъуаншэмэ, Мэссихьщ гуэныхь зэфщӀа хъур. 13 Аращи, шхыну сшхымкӀэ си къуэшым гуэныхь езгъащӀэмэ, игъащӀэкӀэ лы сшхынукъым, си къуэшым гуэныхь къезмыгъэхьын щхьэкӀэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden