1 Кор. 7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр7-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ЛӀыгъэ-фызыгъэр 1 Фэ сэ къысхуэфтха Ӏуэхугъуэхэм ятеухуауэ мыр вжызоӀэ: ЛӀым фыз къимышэныр фӀыщ. 2 Ауэ зинэ щӀэным зыщихъумэн щхьэкӀэ, хэти езым и фыз иреӀэ, дэтхэнэ фызми езым илӀ иреӀэ. 3 ЛӀым фызым хуищӀэн хуейр хурещӀэ, фызми лӀым хуищӀэн хуейр хурещӀэ. 4 Фызыр езым и пкъыми тепщэкъым, абы и тепщэр лӀыращ. Апхуэдабзэуи, лӀыри и пкъым и тепщэкъым, абы и тепщэр фызыращ. 5 ТӀури фызэгурыӀуэу икӀи зэману вгъэувамкӀэ нэщӀымрэ Тхьэм елъэӀунымрэ я ужь фыщитынум деж фӀэкӀа пэӀэщӀэ зызэхуэвмыщӀ. ИтӀанэ, зывмышыӀэфмэ, фызэкӀуалӀэ, шейтӀаным фыдимыхьэхын щхьэкӀэ. 6 Мыр унафэу ныфхуэсщӀыркъым, атӀэ апхуэдэу влэжьыну хуит фысщӀу арщ. 7 Сэ схуэдэу цӀыху псори щытыну сыхуейт. Ауэ Тхьэм хэти езым и лъэкӀыныгъэ къритащ – зым зы лъэкӀыныгъэ, адрейми нэгъуэщӀ лъэкӀыныгъэ. 8 Къэзымыша-дэмыкӀуахэми, фызабэхэми мыр яжызоӀэ: Сэ схуэдэу фызкъэмышэу фыкъанэмэ, фӀыщ. 9 Ауэ зашыӀэн ялъэмыкӀмэ, нэчыхькӀэ зэрырегъуэт. Хъуэпсэныгъэм мафӀэм хуэдэу гур исыным нэхърэ нэчыхьыр нэхъыфӀщ. 10 Нэчыхь зиӀэхэм мыпхуэдэу унафэ яхузощӀ. Унафэ яхуэзыщӀыр сэракъым, Зиусхьэныр арщ: Фызыр и лӀым бгъэдэкӀыж хъунукъым. 11 Фызыр и лӀым бгъэдэкӀыжмэ, дэкӀуэжын хуейкъым е и лӀым екӀужын хуейщ. Апхуэдабзэщи, лӀыми и фызыр иригъэкӀыж хъунукъым. 12 Адрей цӀыхухэм сэ яжызоӀэ, Зиусхьэныракъым яжезыӀэр: Къуэш гуэрым фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ фыз иӀэмэ, фызри абы дэпсэуну хуеймэ, ар лӀым иригъэкӀыж хъунукъым. 13 Апхуэдабзэщи, фыз гуэрым фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ лӀы иӀэмэ, лӀыри абы дэпсэуну хуеймэ, фызым и лӀыр зыбгъэдигъэкӀыж хъунукъым. 14 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ лӀыр фызым и хьэтыркӀэ Тхьэм ейщ. Апхуэдэуи, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ фызри лӀым и хьэтыркӀэ Тхьэм ейщ. Армыхъумэ фэ фи бынхэр мыкъабзэу хъунт, ауэ иджы ахэри Тхьэм ейщ. 15 ФӀэщхъуныгъэ зимыӀэр и щхьэгъусэм бгъэдэкӀыжыну хуеймэ, бгъэдрекӀыж. Апхуэдэу щыхъукӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ къуэшыр е шыпхъур и щхьэгъусэм епхауэ щыткъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дызэзэгъыу дызэдэпсэуну дыкъыхуриджащ Тхьэм. 16 Уэ, фыз, дэнэ щыпщӀэн, уи лӀыр мыкӀуэду къебгъэлынкӀэ хъунщ. Уэ, лӀыми, дэнэ щыпщӀэн, уи фызыр мыкӀуэду къебгъэлынкӀэ хъунщ. Тхьэм псэукӀэу къыхуигъэувам тетын хуейщ хэти 17 Хэти, Зиусхьэным къыхуигъэува псэукӀэм тету, и бынхэм ящыщ хъуну Тхьэм къыщыхуриджэм зэрыщытам хуэдэу псэун хуейщ. Члисэ зэхуэс псом аращ сэ яхуэсщӀ унафэр. 18 Тхьэм цӀыху гуэр и бын хъуну къыщыхуриджэм, сунэт ящӀамэ, абы трырет. Тхьэм цӀыху гуэр къыщриджэм, сунэт ямыщӀамэ, ари абы трырет. 19 Сунэт дащӀами дамыщӀами, аракъым Ӏуэхур здэщыӀэр. Ӏуэхур здэщыӀэр Тхьэм и унафэхэр дгъэзэщӀэныр арщ. 20 Тхьэм къыщриджэм зэрыщытам хуэдэу щрет хэти. 21 Тхьэм и бынхэм ящыщ ухъуну уэ укъыщыхуриджэм пщылӀу ущытамэ, абы уримыгумэщӀ. Ауэ щхьэхуит ухъуну Ӏэмал уиӀэмэ, и пӀалъэр блумыгъэкӀ. 22 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным къыщриджэм пщылӀу щытар щхьэхуит хъуащ, Зиусхьэныр абы и псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ. Апхуэдабзэуи Зиусхьэным къыщриджэм щхьэхуиту щытар Мэссихь хуэлажьэхэм ящыщ хъуащ. 23 Тхьэм лъы уасэкӀэ фищэхужащ. Аращи, нэгъуэщӀ цӀыхухэм пщылӀ фахуэмыхъу. 24 Аращи, си къуэшхэ, Тхьэм къыщриджэм зэрыщытам хуэдэу, Тхьэм и пащхьэм ирет хэти. Къэзымыша-дэмыкӀуахэмрэ фызабэхэмрэ 25 Хъыджэбзхэм ятеухуауэ Зиусхьэным ищӀа унафэ сиӀэкъым. Ауэ Зиусхьэным и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ узыщыгугъ хъун цӀыхуу сызэрыщытым къыхэкӀкӀэ мы Ӏуэхугъуэм сызэреплъыр нывжызоӀэ. 26 Иджырей гузэвэгъуэ дызыхэтым къыхэкӀкӀэ фызэрыщытым хуэдэу фыщытыныр нэхъыфӀу солъытэ. 27 Фыз гуэрым нэчыхькӀэ уепхамэ, ибгъэкӀыжыным и ужь уимыт. Фыз уимыӀэмэ, фыз умылъыхъуэ. 28 Ауэ къапшэмэ, абыкӀэ гуэныхь пщӀауэ хъуркъым; хъыджэбз гуэри дэкӀуэмэ, абыкӀэ гуэныхь ищӀауэ хъуркъым. Къэзышэ-дэкӀуэхэри мы дуней хьэзабым хэтынущ, ар фэ къыфщыщӀынуи сыхуейкъым. 29 Си къуэшхэ, зи гугъу фхуэсщӀыр мыращ: Къэнэжа зэманыр мащӀэщ. Зэманыр мащӀэщи, иджы щыщӀэдзауэ, фыз зиӀэхэр фыз зимыӀэхэм хуэдэ ирехъу; 30 гъыхэри мыгъым хуэдэ ирехъу; гуфӀэхэри мыгуфӀэм хуэдэ ирехъу; зыгуэр къэзыщэхур зыри къызыӀэщӀэмыхьэм хуэдэ ирехъу; 31 мы дунейм и хуэӀуэхущӀэхэр а Ӏуэхухэм хэмытыщэм хуэдэ ирехъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дунейм и щытыкӀэм зызэблихъуурэ и кӀэм нос. 32 Гузэвэгъуэ фимыӀэну сыхуейщ. Къэзымышам и нэӀэ Зиусхьэным и Ӏуэхугъуэхэм ятрегъэт – Зиусхьэным игу зэрырихьыным хущӀокъу. 33 Къэзышам дунейм и Ӏуэхугъуэщ зэрихуэр – фызым игу зэрырихьыным и ужь итщ. Фызымрэ хъыджэбзымрэ я Ӏуэхур зытетыр апхуэдэкъым. 34 Хъыджэбздэсым Зиусхьэным и Ӏуэхущ зэрихуэр, и пкъымрэ и гумкӀэ зэрыкъэбзэным хущӀокъу. ДэкӀуам зэрихуэр дуней Ӏуэхугъуэщ – и лӀым игу зэрырихьыным и ужь итщ. 35 Мы Ӏуэхухэр щӀыжысӀэр Ӏэпхлъэпх фысщӀыну аркъым, атӀэ си фӀагъ фэзгъэкӀыурэ, зэпымыууэ икӀи зыми фызэтримыгъэувыӀэфу хабзэм тету Зиусхьэным фыхуэлэжьэну арщ. 36 ЛӀы гуэрым къишэну къыхиха хъыджэбз зи ныбжь ирикъуар къимышэныр емыкӀуу илъытэмэ, кърешэ, ар гуэныхь хъунукъым. Апхуэдэхэм нэчыхь ирагъуэт. 37 Ауэ лӀы гуэрым къимышэну игукӀэ мурад быдэ ищӀамэ, зыми химыгъэзыхьауэ щытынкӀэ мэхъу. Зыхуейр и ӀэмыщӀэ илъщ, къыхиха хъыджэбзри къимышэну триубыдакӀэщ. А лӀым хъыджэбзыр къимышэмэ, тэмэму ещӀэ. 38 Аращи, къыхиха хъыджэбзыр къэзышэм тэмэму ещӀэ, ауэ къэзымышэм нэхъ тэмэмыж ещӀэ. 39 И лӀыр псэуху, фызыр абы епхащ. ЛӀыр лӀэмэ, фызыр хэт хуейми дэкӀуэжыну хуитщ, ауэ зыдэкӀуэж лӀым и псэм Зиусхьэныр хэлъын хуейщ. 40 Сэ сызэреплъымкӀэ, дэмыкӀуэжмэ, нэхъ сыхьэт махуэ ежьащ – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр сэ си гум илъущ апхуэдэу сызэреплъыр. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden