1 Кор. 6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр6-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Чыристанхэр зэдауэ хъунукъым 1 Фэ фщыщ гуэрым, нэгъуэщӀ гуэрым щӀедэуэн Ӏуэху хуиӀэмэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я пащхьэм иримышэу, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ хеящӀэхэм я пащхьэм иришэну дауэ зэрытегушхуэр? 2 Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дунейм и цӀыхухэм хьэкум зэрытращӀыхьынур фщӀэркъэ? Дунейм и цӀыхухэм хьэкум ятефщӀыхьын хъумэ, дауэ Ӏуэху цӀыкӀухэмкӀэ хьэкум фщӀэну къыфтехуэркъэ? 3 МелыӀычхэми дэ хьэкум зэратетщӀыхьынур фщӀэркъэ? Ауэ щыхъукӀэ мы дунейм и ӀуэхугъуэхэмкӀи хьэкум тщӀыфынкъэ? 4 Апхуэдэ дауэ Ӏуэху фиӀэ щыхъукӀэ, члисэ зэхуэсым щыщхэм зэрамыпэс цӀыхухэм хьэкум тревмыгъэщӀыхь а Ӏуэхум. 5 ФызгъэукӀытэн щхьэкӀэ, ар вжызоӀэ. Къуэшхэм я зэдауэ ӀуэхумкӀэ хьэкум зыщӀэн зылъэкӀын, акъылыфӀагъэ зиӀэ гуэр къыфхэткъэ? 6 Ауэ иджы зэрыхъумкӀэ, зы къуэшым адрей къуэшыр хеящӀэм и пащхьэм ирешэ – фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я пащхьэрщ апхуэдэу щищӀри. 7 Пэжым фыхуеймэ, фэ фщыщ гуэрым адрей къуэшыр хеящӀэм и пащхьэм зэрыришэр фэркӀэ емыкӀущ. Апхуэдэу фщӀэ нэхърэ, адрейхэм я ягъэ къывэкӀыну икӀи фыкъагъэпцӀэну хуит фщӀымэ, нэхъыфӀщ. 8 Ауэ фэ фи щхьэкӀэ фи къуэш дыдэхэми фи ягъэ явогъэкӀ икӀи къывогъапцӀэ. 9 Шыпкъагъэ зимыӀэ цӀыхухэм Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къазэрылъымысынур фщӀэркъэ? Фи щхьэр къэвмыгъэпцӀэж: Зинэ зыщӀэхэми, тхьэ нэпцӀхэр зыгъэлъапӀэхэми, цӀыхухъухэм фыз папщӀэу екӀуалӀэхэми, 10 дыгъуакӀуэхэми, нэпсейхэми, ефакӀуэхэми, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьхэми, хъунщӀакӀуэхэми Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къалъысынукъым. 11 Фэ фщыщ гуэрхэри абыхэм хуэдэ цӀыхуу фыщытащ. Ауэ дэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀи езым и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи Тхьэм фи гуэныхьхэр фи гум иригъэкъэбзыкӀыжащ, езым и бын хъунуи фигъэуващ икӀи езым дежкӀэ щыпкъагъэ фиӀэу илъытащ. Тхьэр фипкъхэмкӀэ вгъэлъапӀэ 12 «Сэ сыт ищӀысри сщӀэну сыхуитщ», жаӀэ языныкъуэ цӀыхухэм. Ар пэжщ, ауэ Ӏуэхугъуэ псоми я фӀагъ къыдэкӀынукъым. Сыт ищӀысри сщӀэну сыхуитщ, ауэ Ӏуэху гуэрым тепщэныгъэ къысхуиӀэ хъунукъым. 13 «Шхыныр ныбэм щхьэкӀэ щыӀэщ, ныбэри шхыным щхьэкӀэщ щӀыщыӀэр», жаӀэ цӀыхухэм. Ари пэжщ, ауэ Тхьэм тӀури игъэкӀуэдынущ. Пкъыр зинэ щӀэным щхьэкӀэ щыӀэкъым, атӀэ Зиусхьэным щхьэкӀэщ. Зиусхьэнри пкъым щхьэкӀэщ щӀыщыӀэр. 14 Тхьэм Зиусхьэныр лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Дэри лӀахэм дакъыхигъэтэджыкӀыжынущ и лъэкӀыныгъэкӀэ. 15 Фэ фипкъхэр Мэссихь и Ӏэпкълъэпкъым и пкъыгъуэхэм зэрахуэдэр фщӀэркъэ? Абы щыгъуэ Мэссихь и Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэр псэжьым и пкъым щыщ пкъыгъуэ сщӀын? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. 16 Псэжьым зыгуэр гъусэ хуэхъумэ, а тӀур зыпкъ зэрыхъур фщӀэркъэ? Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «А тӀур зыпкъ хъунущ». 17 Ауэ Зиусхьэным зыгуэр гъусэ хуэхъумэ, зыгурэ зы псэрэ абы дэхъунущ. 18 Зинэ щӀэным пэӀэщэ зыфщӀ! НэгъуэщӀ сыт хуэдэ гуэныхьуи цӀыхум ищӀэр и пкъым епхакъым, ауэ зинэ зыщӀэм езым и пкъым гуэныхь ирещӀэж. 19 Фэ фи пкъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъым зэриунэ лъапӀэр, фипкъхэри фыфейуэ зэрыщымытыр фщӀэркъэ? 20 Тхьэм лъы уасэкӀэ фищэхужащ. Аращи, фипкъкӀи фи псэкӀи Тхьэр вгъэлъапӀэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden