Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Кор. 5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Зинэ зыщӀа цӀыхур Паул зэригъэкъуэншар

1 Фэ фщыщ гуэр зинэ щӀэным зэрыхэтыр цӀыхухэм яӀуэтэж; и анэ нэпӀэсыр зезышэж фхэтщ. Апхуэдэ хабзэ хамэ лъэпкъхэми яхэлъкъым.

2 Абы фытет пэтрэ, фэ зыкъыффӀощӀыж! ЗыкъыффӀэщӀыжын и пӀэкӀэ ар фи гу щӀыхьэу, апхуэдэ зылэжьа лӀыр зыхэфхун хуейт.

3 Си щхьэрэ сипкъкӀэ фи деж сыщымыӀэми, сигурэ си псэкӀэ фи деж сыщыӀэщ сэ, фи дежи сызэрыщыӀэм хуэдэу, ар зыщӀар згъэкъуэншакӀэщ.

4 Ди Зиусхьэну Хьисэ и цӀэкӀэ фызэӀущӀэу, сэри сигурэ си псэкӀэ фи деж сыщыӀэу щыхъукӀэ, ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и лъэкӀыныгъэкӀэ

5 а лӀыр шейтӀаным ефт, и пкъыр кӀуэдми, Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм абы и псэр мыкӀуэду къелын щхьэкӀэ.

6 Фызэрызыщытхъужыр фӀыкъым. Пщагъэ тӀэкӀум тхьэвыр зэрыщыту зэригъэфӀэӀур фщӀэркъэ?

7 Аращи, гуэныхьым и пщагъэжьыр зыхэфх, тхьэвыщӀэ къабзэм хуэдэ фыхъун щхьэкӀэ – иджы тхьэв мытэджа къабзэу фызэрыщытым хуэдэу. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь къурмэныпхъэ къытхуэхъуащ. Ар ӀутӀыж махуэшхуэм Тхьэм къурмэныпхъэ хуащӀ щынэм хуэдэщ.

8 Аращи, махуэшхуэр дывгъэгъэлъапӀэ, ауэ зэрыдгъэлъэпӀэнур бзаджагъэмрэ икӀагъэмрэ я пщагъэжьымкӀэкъым, атӀэ гукъабзагъэмрэ щыпкъагъэмрэ я щӀакхъуэ мыфӀэӀу къабзэмкӀэщ.

9 Зинэ зыщӀэхэм гъусэ фахуэмыхъуну ныфхуэстхащ.

10 Сэ зи гугъу сщӀыр мы дунейм и цӀыхухэм ящыщу зинэ зыщӀэхэр, нэпсейхэр, хъунщӀакӀуэхэр, тхьэ нэпцӀхэр зыгъэлъапӀэхэр аракъым. Апхуэдэу щытамэ, дунейм фытекӀыжын хуейт.

11 Ныфхуэстхар мыращ: Фи къуэшу зыгуэрым зилъытэжми, абы зинэ ищӀэмэ, е нэпсеймэ, е тхьэ нэпцӀхэр игъэлъапӀэмэ, е нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ тепсэлъыхьмэ, е ефакӀуэу щытмэ, е хъунщӀакӀуэу щытмэ, апхуэдэ цӀыхум гъусэ фыхуэмыхъу. Апхуэдэ цӀыхум икӀи фыдэмышхэ.

12 Члисэ зэхуэсым щымыщхэм хьэкум ятесщӀыхьыну си Ӏуэху хэлъ? Члисэ зэхуэсым щыщхэр аракъэ хьэкум фэ зытефщӀыхьын хуейр?

13 Члисэ зэхуэсым щымыщхэм Тхьэм хьэкум ятрищӀыхьынущ. Аращи, «ЦӀыху бзаджэр зыхэвгъэкӀ».

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan