Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Кор. 3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Тхьэм дызэгъусэу дыхуолажьэ

1 Си къуэшхэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъ цӀыхухэм сазэрепсалъэм хуэдэу, сынывэпсэлъэн слъэкӀыртэкъым, ауэ мы дунейм и цӀыхухэм сазэрепсалъэм хуэдэу сынывэпсалъэрт. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь и ӀуэхугъуэхэмкӀэ сабий цӀыкӀухэм фахуэдэт.

2 Сэ шхын фэзгъэшхтэкъым, ауэ шэ фезгъафэрт. Шхын фшхын флъэкӀыртэкъым, иджыри флъэкӀыркъым.

3 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дунейм и цӀыхухэм фахуэдэщ иджыри. Фыгъуэнымрэ зэщыхьэнымрэ фяку щыдэлъкӀэ, мы дунейм и цӀыхухэм фахуэдэкъэ? Адрей цӀыхухэр зэрыщыт хабзэм хуэдэу, фэри фыщыткъэ?

4 Фщыщ гуэрым «Сэ Паул и гупым сыщыщщ», нэгъуэщӀ гуэрми «Сэ Аполлос и гупым сыщыщщ», щыжиӀэкӀэ, мы дунейм и цӀыхухэм фахуэдэкъэ?

5 Паул хэт щыщ? Аполлос хэт щыщ? ФӀэщхъуныгъэ фиӀэ зыщӀа, Тхьэм хуэлажьэ цӀыхуу дыщыта къудейщ, Зиусхьэным дэ тщыщ дэтхэнэми и пщэм къызэрыдилъхьа Ӏуэхум хуэдэу.

6 Сэ жылэхэр хэссащ, Аполлос псы щӀигъэлъэдащ, ауэ Тхьэращ къэзыгъэкӀар.

7 Аращи, жылэхэр хэзысэми псыр щӀэзыгъэлъадэми пщӀэ яӀэкъым, щӀыхьышхуэ зиӀэр къэзыгъэкӀа Тхьэ закъуэрщ.

8 Жылэхэр хэзысэри псыр щӀэзыгъэлъадэри зэхуэдэщ. Хэти и Ӏуэхум пэкӀуэ и Ӏыхьэр игъуэтынущ.

9 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ дызэгъусэу Тхьэм дыхуолажьэ. Фэ Тхьэм и хьэсэм фыхуэдэщ, Тхьэм иухуэ унэм фыхуэдэщ.

10 Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуам тету, акъылыфӀагъэ зиӀэ ухуакӀуэм хуэдэу, а унэм лъабжьэ хуэзгъэуващ. НэгъуэщӀ гуэрым а лъабжьэм унэ трещӀыхь. Ауэ дэтхэнэ зыри а лъабжьэм унэ зэрытрищӀыхь щӀыкӀэм фӀыуэ иреплъ.

11 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм игъэува лъабжьэр Хьисэ Мэссихьщ. Абы фӀэкӀа нэгъуэщӀ лъабжьэ зыми игъэувын лъэкӀынукъым.

12 А лъабжьэм унэ тезыщӀыхьым къигъэсэбэпыр дыщэрами, дыжьынырами, мывэ лъапӀэхэрами, пхъэрами, удзыр е хьауазэрами,

13 хэти и Ӏуэхур зыхуэдэр нахуэ хъунущ, Зиусхьэныр къыщылъэгъуэжыну махуэм ар къигъэнэхуэнущи. А махуэр мафӀэм и щӀыгъуу къэкӀуэнущ, мафӀэм хэт и лэжьыгъэри зыхуэдэр къигъэнэхуэнущ.

14 А лъабжьэм зыгуэрым трищӀыхьар къелымэ, абы хуэфащэ ӀыхьэфӀыр игъуэтыжынущ.

15 Ауэ а лъабжьэм зыгуэрым трищӀыхьар мафӀэм исмэ, абы и Ӏыхьэри дэкӀуэдынущ. Езыр мыкӀуэду къелынущ, ауэ къызэрелынур мафӀэм къыхэкӀыж цӀыхур къызэрелынум хуэдэущ.

16 Тхьэм и унэшхуэм фызэрыхуэдэри Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи гум зэрилъри фщӀэркъэ?

17 Тхьэм и унэшхуэр зыгуэрым зэхикъутэмэ, Тхьэм а цӀыхур игъэкӀуэдынущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и унэшхуэр лъапӀэщи. А унэшхуэр фэращ.

18 Зыми и щхьэ къремыгъэпцӀэж. Фэ фщыщ гуэрым мы лъэхъэнэм акъылыфӀагъэ иӀэу зилъытэжмэ, акъылыфӀагъэ имыӀэу ирехъу, акъылыфӀагъэ пэж иӀэн щхьэкӀэ.

19 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы зэманым и цӀыхухэм акъылыфӀагъэу жыхуаӀэр Тхьэм дежкӀэ делагъэщ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «АкъылыфӀагъэ зиӀэхэр я акъылыфӀагъэ жыхуаӀэмкӀэ Тхьэм иубыдынущ».

20 Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэуи яхэтщ: «АкъылыфӀагъэ зиӀэхэм я гум илъхэм пщӀэ зэрамыӀэр Зиусхьэным ещӀэ».

21 Аращи, хэти цӀыху гуэрым щремытхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ псори фыфейщи.

22 Паули, Аполлоси, Кифэ, дунейри, гъащӀэри, лӀэныгъэри, иджы щыӀэри щыӀэнури фыфейщ.

23 Ауэ фэ Мэссихь фрейщ, Мэссихьи Тхьэм ейщ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan