1 Кор. 2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Мэссихь жорым зэрыкӀэрылӀыхьам и хъыбар 1 Тхьэм теухуа щыхьэтыгъэр къыфхуэсӀуэтэну фи деж сыныщыкӀуэм, си къуэшхэ, псалъэ дахэхэр жысӀэурэ, акъылыфӀагъэкӀи сынывэпсалъэурэкъым а хъыбарыр зэрыфхуэсӀуэтар. 2 Фи деж сыщыщыӀэм, Хьисэ Мэссихь и хъыбарым фӀэкӀа зыри сымыщӀэным тезубыдащ, псом япэу сщӀэр езыр жорым зэрыраӀулӀарщ. 3 Къару симыӀэу, сышынэу, сигури ину къикӀэзызыкӀыу фи деж сыщыӀащ. 4 КъыжысӀахэмрэ хъыбару къыфхуэсӀуэтахэмрэ яхэтакъым цӀыхум и акъылыфӀагъэр яӀэу, фи фӀэщ зыгъэхъун псалъэхэр, ауэ си псалъэхэр къигъэпэжу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и къарур яӀэт. 5 Апхуэдэу щӀэхъуар фи фӀэщхъуныгъэр цӀыхум и акъылыфӀагъэм темыщӀыхьауэ, Тхьэм и лъэкӀыныгъэм тещӀыхьауэ щытын щхьэкӀэщ. Тхьэм и акъылыфӀагъэр 6 Апхуэдэу щытми, акъылыфӀагъэ зыхэлъ хъыбару Тхьэм и ӀуэхухэмкӀэ гурыӀуэныгъэ нэгъэса зиӀэ цӀыхухэм яхуэтэӀуатэ. Ау а акъылыфӀагъэр мы зэманым тепщэныгъэ зиӀэу кӀуэдыжынухэм я акъылыфӀагъэр аракъым. 7 Зи хъыбарыр къэтӀуатэр Тхьэм и акъылыфӀагъэу щэхуу щытыр арщ. Тхьэм а акъылыфӀагъэр цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ щытащ, ауэ лъэхъэнэ псоми япэу Тхьэм зэриухам тету, а акъылыфӀагъэм и гъуэгукӀэ щӀыхьышхуэ диӀэ хъунущ. 8 Мы зэманым тепщэныгъэ зиӀэхэм ящыщ зыми а акъылыфӀагъэр къищӀакъым. Абыхэм къащӀатэмэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ Зиусхьэныр жорым ираӀулӀынтэкъым. 9 Ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Зы ни илъэгъуакъым, зы тхьэкӀуми зэхихакъым, зы цӀыхуи игу къэкӀакъым Тхьэм езыр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэм яхуигъэхьэзырар». 10 А Ӏуэхухэр Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ дэ къытхуигъэнэхуащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэху псори егъэунэху, ар Ӏуэхухэм я кууупӀэхэми ялъоӀэс. 11 ЦӀыхум игу илъыр езым фӀэкӀа нэгъуэщӀ цӀыхухэм ящыщу хэт зыщӀэр? Апхуэдабзэу, Тхьэм и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фӀэкӀа зыми зэхищӀыкӀыркъым. 12 Ауэ Тхьэм ди гум кърилъхьа псэр мы дунейм и псэракъым, атӀэ езым и Псэ ЛъапӀэр арщ, Тхьэм къыдита тыгъэхэр зэхэтщӀыкӀын щхьэкӀэ. 13 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зигу илъ цӀыхухэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и Ӏуэхур зэхедгъэщӀыкӀыурэ, Тхьэм къыдита тыгъэхэм ятеухуауэ допсалъэ, ауэ жытӀэр цӀыхум и акъылыфӀагъэм дигъэщӀа псалъэхэр аркъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм дигъэщӀа псалъэхэр арщ. 14 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум имылъ цӀыхум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ Ӏуэхухэр идэркъым. Ахэр абы фӀэделагъэщ, зэхищӀыкӀыни лъэкӀынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэ закъуэрщ цӀыхухэм ахэр зэхезыгъэщӀыкӀыфынур. 15 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъ цӀыхум Ӏуэху псори зэхещӀыкӀ, ауэ а цӀыхур зыми зэхищӀыкӀын лъэкӀынукъым. 16 «Зиусхьэным и гум илъыр хэт къэзыщӀар, ар зыгуэр хуигъэӀущыну?» Мэссихь и гум илъыр дэ дигуми илъщ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden