1 Кор. 16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр16-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Коринф дэс цӀыхухэм Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм папщӀэ зэхуахьэса ахъшэр 1 Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм папщӀэ зэхуэфхьэс ахъшэм теухуауэ мыр нывжызоӀэ. Галатие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм ящӀэну зэражесӀам хуэдэу, фэри фщӀэ: 2 Къилэжьам къыхэкӀауэ Ӏыхьэ гуэр тхьэмахуэм и япэрей махуэ къэс зэхурехьэси, хэти ирегъэтӀылъ. Сэ сынэкӀуа нэужь, зэхуэвмыхьэсын щхьэкӀэ, апхуэдэу фщӀэ. 3 Сэ сынакӀуэмэ, фэ къыхэфха къуэшхэм тхылъ естынущ, фи тыгъэр здезгъэхьынурэ, Ерусалим згъэкӀуэнущ. 4 Сэри сыкӀуэну къезэгъыу къэтлъытэмэ, ахэр си гъусэу нэкӀуэнущ. Паул и мурадхэр 5 Македоние хэкум сыкӀуэцӀрыкӀа нэужь, фи деж сынэкӀуэнущ, Македоние хэкум сыкӀуэцӀрыкӀыну сигу илъщи. 6 Фи деж тэлайкӀэ зыщысӀэжьэнкӀэ, е щӀымахуэр щизхынкӀэ хъунущ. Дэнэ сыкӀуэу щытми, си гъуэгумкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыкъысхуэхъунущ. 7 ИджыпстукӀэ кӀуэрыкӀуэм тету фыслъагъуу, фи къалэм сыблэкӀыну сыхуейкъым, ауэ Зиусхьэным жиӀэмэ, фи деж зыкъомрэ сыкъэнэн си гугъэщ. 8 Пэнтэкост махуэшхуэм нэсыху Ефес къалэм сыкъыдэнэнущ, 9 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ куэбжэшхуэ икӀи куэбжэ бгъуфӀэ Тхьэм къысхузэӀуихащ, къыспэувхэри куэдщ. 10 Тимофей накӀуэмэ, фи деж шынагъуэ щыхэвмыгъахуэ. Сэ схуэдэу, абыи Зиусхьэным и Ӏуэху ещӀэ. 11 Зыми нэмыплъ кърыремыт. Арэзыуэ си деж къэкӀуэжыну и гъуэгукӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыхуэхъу. Къуэшхэр си гъусэу сыпоплъэ. 12 Ди къуэш Аполлос теухуауэ мыр нывжызоӀэ. Къуэшхэм я гъусэу фи деж нэкӀуэну куэду селъэӀуащ. Ауэ иджыпстукӀэ нэкӀуэну хуеякъым. И Ӏуэху щрихьэлӀэ, нэкӀуэнущ. Иужьрей фӀэхъус псалъэхэр 13 Фымыжейуэ фысакъ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фытемыкӀ, лӀыгъи быдагъи зыхэвгъэлъ. 14 ФщӀэ псори фӀылъагъуныгъэкӀэ фщӀэ. 15 Си къуэшхэ, зыгуэркӀэ сыныволъэӀу. ЗэрыфщӀэщи, Ахаие хэкум ис цӀыхухэм щыщу Стефан и унагъуэр арщ япэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуар. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм ядэӀэпыкъуным зратащ абыхэм. 16 СыныволъэӀу, апхуэдэ цӀыхухэми, абыхэм ядэлажьэхэми, я гъусэ гугъуехьакӀуэхэми фахуэӀурыщӀэ. 17 Стефан, Фортунат, Ахаик сымэ си деж къыщыкӀуам сыгуфӀащ. Мыбы фэ фызэрыщымыӀэм къыхэкӀкӀэ фи пӀэ иуващ ахэр. 18 Абыхэм сэ сигури фэ фигури ягъэпсэхужащ. Апхуэдэ цӀыхухэм щӀыхь яхуэфщӀ. 19 Асие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм фӀэхъус къывахыж. Зиусхьэныр фэ фи псэми абыхэм я псэми зэрыщыщым щхьэкӀэ, Акилэрэ Прискиллэрэ фӀэхъус къывахыж. Абыхэм я унэм щызэхуэс члисэ зэхуэсым щыщхэми гухуабагъэкӀэ фӀэхъус къывахыж. 20 Къуэш псоми фӀэхъус къывахыж. ГукъабзагъэкӀэ ӀэплӀэ зэфшэкӀыурэ, фӀэхъус зэфх. 21 Сэ, Паул, си ӀэкӀэ си фӀэхъусыр фызох. 22 Зиусхьэныр фӀыуэ зымылъагъум Тхьэм и нейр къыщрехуэ. Маранафэ. 23 Ди Зиусхьэну Хьисэ и нэфӀ къыфщрехуэ. 24 Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ сэ фэ псори фӀыуэ фызолъагъу. Ӏэмин. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden