1 Кор. 15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр15-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Мэссихь лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам теухуауэ 1 ФэзгъэщӀа хъыбарыфӀыр фи гум къэзгъэкӀыжыну сыхуейщ. А хъыбарыфӀыр вдауэ, фи фӀэщу абы фытетщ. 2 ФымыкӀуэду а хъыбарыфӀымкӀэ Тхьэм фыкърегъэл, фэзгъэщӀа Ӏуэхухэм быдэу фытетмэ. Апхуэдэу щымытмэ, фи фӀэщхъуныгъэр пщӀэнщ хъуащ. 3 Ӏуэху псоми япэу хъыбарыфӀу Хьисэ Мэссихь къысӀэщӀилъхьар къыфхуэзгъэнащ: Тхьэм и псалъэ тхахэм тету, ди гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкӀэ, лӀащ Мэссихь. 4 Кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжащ, ауэ ещанэ махуэм ар Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ, Тхьэм и псалъэ тхахэм тету. 5 Мэссихь Кифэ зыкъригъэлъэгъуащ итӀанэ. И гъуэгу ирикӀуэ лӀы пщыкӀутӀым закъригъэлъэгъуащ абы и ужькӀэ. 6 Къуэш щитху нэхърэ нэхъыбэм закъригъэлъэгъуащ итӀанэ. Абыхэм ящыщу нэхъыбэр псэущ, ящыщ гуэрхэри дунейм ехыжащ. 7 Хьисэ Екъуби зыкъригъэлъэгъуащ абы и ужькӀэ, итӀанэ апостол псоми закъригъэлъэгъуащ. 8 Псом я ужькӀэ сэ, сабий мылъхуэсым хуэдэм, зыкъызигъэлъэгъуащ. 9 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апостолхэм ящыщу нэхъ цӀыкӀур сэращ, апостол къызжаӀэнуи схуэфащэкъым: Тхьэм и члисэ зэхуэсым щыщхэр исхуэкӀыу щытащ. 10 Ауэ Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуам къыхэкӀкӀэ иджы сызэрыщытым хуэдэ сыхъуащ. И нэфӀ къызэрысщыхуар пщӀэншэ хъуакъым. Адрей псоми нэхърэ нэхъ куэдрэ сылэжьащ, ауэ сэракъым лэжьар, Тхьэм и нэфӀ къысщыхуэри сигъэлэжьащ. 11 ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм ялъэзыгъэӀэсыр сэрауэ щытми, адрей апостолхэрауэ щытми, а хъыбарыфӀырщ ялъэдгъэӀэсыр. Фэри фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуащ а хъыбарыфӀымкӀэ. ЛӀахэр къызэрытэджыжынур 12 Тхьэм Мэссихь лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжам и хъыбарыр цӀыхухэм яхуэтӀуатэ пэтми, фэ фщыщу цӀыху гуэрхэм, «ЛӀахэр къызэрытэджыжынур пэжкъым», жаӀэу, дауэ жаӀэн ялъэкӀрэ? 13 ЛӀахэр къэмытэджыжынумэ, абы щыгъуэ Тхьэм Мэссихьи лӀахэм къахимыгъэтэджыкӀыжынтэкъым. 14 Тхьэм Мэссихь лӀахэм къахимыгъэтэджыкӀыжамэ, фэ фэдгъащӀэ хъыбарыфӀым пщӀэ иӀэнутэкъым, ди фӀэщхъуныгъэми пщӀэ иӀэнутэкъым. 15 Абы нэмыщӀу, Тхьэм щыхьэт нэпцӀ дыхуэхъуауэ къыщӀидзынт, Тхьэм Мэссихь лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжам щыхьэт дыхуэхъуащ, ауэ «Тхьэм лӀахэр къигъэтэджыжынукъым», жаӀэу, а цӀыхухэм зэрыжаӀэм тету щытамэ, Тхьэм Мэссихьи къигъэтэджыжынтэкъым. 16 Тхьэм лӀахэр къимыгъэтэджыжынумэ, Мэссихьи къигъэтэджыжынтэкъым. 17 Тхьэм Мэссихь лӀахэм къахимыгъэтэджыкӀыжамэ, фи фӀэщхъуныгъэр пщӀэншэ хъунт, фи гуэныхьхэри иджыри фтелъынут. 18 МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэу лӀахэр кӀуэдауэ хъунт абы щыгъуэм. 19 Мэссихь дызэрыщыгугъыр дуней гъащӀэ закъуэр арамэ, цӀыху псоми нэхърэ нэхъ гъуэгу мыгъуэ теувахэр дэращ. 20 Ауэ зэрыщыӀэщи, Тхьэм Мэссихь лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ, Тхьэм адрей лӀахэр къызэригъэтэджыжынумкӀэ Мэссихь сакъылэт къытхуэхъун щхьэкӀэ. 21 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лӀэныгъэр къызыпкърыкӀар зы цӀыху закъуэщ, апхуэдэуи лӀахэм я къэтэджыжыныр къызыпкъырыкӀынур зы цӀыхущ. 22 ЦӀыху псори Ӏэдэм къызэрытехъукӀахэм щхьэкӀэ, зэрылӀэжынум хуэдэу, Мэссихь зи псэм щыщ цӀыху псори Тхьэм къигъэпсэужынущ. 23 Ауэ а Ӏуэхур къызэрыхъунур хэти щичэзум дежщ: лӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжар Мэссихьщ. Абы дунейм къыщигъэзэжкӀэ, и цӀыхухэр къэтэджыжынущ. 24 Дунейм и кӀэухыр къэсынущ абы и ужькӀэ. Ар къыщыскӀэ, Мэссихь Ӏэтащхьэ псори, тепщэныгъэ зиӀэ псори, лъэкӀыныгъэ зиӀэ псори игъэкӀуэда нэужь, Тхьэуэ Адэ лъапӀэм тепщэныгъэшхуэр абы къритынущ. 25 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь тепщэныгъэр иӀэн хуейщ, Тхьэм Мэссихь и бийхэр Мэссихь и лъэгу щӀигъэувэху. 26 Иужьрей бийуэ Тхьэм игъэкӀуэдынур лӀэныгъэр арщ; 27 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Тхьэм псори Мэссихь и лъэгу щӀагъым щӀигъэуващ». Тхьэм псори Мэссихь и тепщэныгъэм щӀигъэувауэ жиӀэу, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщи, Мэссихь и тепщэныгъэм псори щӀэзыгъэува Тхьэр зэрахэмытыр нахуэщ. 28 Тхьэм псори езым и Къуэ Мэссихь и тепщэныгъэм щӀигъэува нэужь, и Къуэри Тхьэуэ псори зи щӀагъ щӀэзыгъэувам и тепщэныгъэм щӀэувэнущ. Апхуэдэу, Тхьэр цӀыху псом я дежкӀи сыти мэхъу. 29 Тхьэм лӀахэр къимыгъэтэджыжынумэ, лӀахэм я пӀэкӀэ зезыгъэумэхъ цӀыхухэм сыт я гум илъыр? Тхьэм лӀахэр къимыгъэтэджыжынумэ, лӀахэм я пӀэкӀэ сыт зыщӀрагъэумэхъыр? 30 Дэри сыхьэт къэс шынагъуэм сыт зыщӀыхэдгъахуэр? 31 Си къуэшхэ, Мэссихь Хьисэ ди Зиусхьэныр фэ фи псэм зэрыщыщымкӀэ сызэрыпагэр зэрыщыпкъэм хуэдэу, лӀэныгъэм махуэ къэси сызэрыпэгъунэгъури пэжщ. 32 ЦӀыхухэм я гупсысэкӀэм тету сегупсысу щытатэмэ, Ефес къалэм сыщыӀэу, хьэкӀэкхъуэкӀэ хуэдэ цӀыхухэм сащебэным, сыт абы и фӀагъыу къыхэкӀыну щытар? Тхьэм лӀахэр къимыгъэтэджыжыну щытмэ, «Дывгъашхэ, девгъафэ, сыту жыпӀэмэ пщэдей дылӀэнущ». 33 Аращи, цӀыхухэм зыкъевмыгъэгъапцӀэ: Ныбжьэгъу Ӏейхэм цӀыху щэныфӀэр ягъэкӀуэд. 34 ЕкӀугъэм фытету зыкъэфщӀэж. Гуэныхь лэжьыным и ужь фикӀ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр зымыщӀэ цӀыху гуэрхэр къыфхэтщ. ФызгъэукӀытэн щхьэкӀэ, жызоӀэ ар. ЛӀахэм къахэтэджыкӀыжа цӀыхухэм я пкъыр 35 Зыгуэрым жиӀэнкӀэ мэхъу: «ЛӀахэр дауэ къызэрытэджыжынур? Я пкъыр сытым хуэдэну?» 36 Уэ, цӀыху зэхэщӀыкӀыншэ! ЩӀым хэпсэр мылӀэмэ, къэпсэужыфынукъым. 37 ЩӀым жылэ щыхэпсэкӀэ, къэкӀынум и пкъыракъым хэпсэр, атӀэ жылэ къудейщ, гуэдзым и жылэщ е нэгъуэщӀым и жылэщ. 38 Тхьэр зэрыхуейм тету пкъы кърет, дэтхэнэ зы жылэ лъэпкъми езым и пкъыр кърет. 39 Пкъы псори зэхуэдэкъым. ЦӀыхум и пкъыр зыщ, хьэкӀэкхъуэкӀэхэм я пкъыр щхьэхуэщ, къуалэбзухэм я пкъыр нэгъуэщӀщ, бдзэжьейхэри аращ. 40 Уафэм и пкъыхэри щыӀэщ. ЩӀылъэм тет пкъыхэри щыӀэщ. Уафэм щыӀэ пкъыхэм я дахагъэр щхьэхуэщ, щӀылъэм тет пкъыхэми я дахагъэр нэгъуэщӀщ. 41 Дыгъэм езым и дахагъэр иӀэжщ, мазэми нэгъуэщӀ дахагъэ иӀэщ, вагъуэхэри аращ. Вагъуэхэм я дахагъэкӀэ зэщхьэщокӀ. 42 ЛӀахэр къызэрытэджыжынум и Ӏуэхури апхуэдэщ зэрыщытынур. ЩӀым хасэ жылэм хуэдэу, щӀым щӀалъхьэ пкъыр кӀуэдынущ, ауэ къэтэджыжыну пкъыр мыкӀуэду къелынущ. 43 Зэрамыпэсу щӀым щӀалъхьэ, ауэ щӀыхьышхуэ иӀэу къэтэджыжынущ. Къару имыӀэжу щӀалъхьэ, ауэ къару иӀэу къэтэджыжынущ. 44 ЩӀалъхьэр лымрэ къупщхьэмрэ къахэщӀыкӀа пкъыращ, къэтэджыжынур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм цӀыхум къритыну пкъыр арщ. Лымрэ къупщхьэмрэ къахэщӀыкӀа пкъыр щыӀэмэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм цӀыхум къритыну пкъыри щыӀэщ. 45 Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Япэрей цӀыхуу Ӏэдэм зи цӀэр псэ зыхэт цӀыху хъуащ». Ауэ иужьрей Ӏэдэмыр арщ гъащӀэ къыдэзыт псэр. 46 Япэу къакӀуэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм цӀыхум кърит пкъыр аркъым, атӀэ лымрэ къупщхьэмрэ къахэщӀыкӀа пкъыр арщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм цӀыхум къритыну пкъыр къыщыкӀуэнур иужькӀэщ. 47 Япэрей цӀыхур мы дунейм щыщу щытащ, Тхьэм ар ятӀэм къыхигъэхъукӀащ. ЕтӀуанэрей цӀыхур уафэм щыщщ – Зиусхьэныр арщ. 48 Мы дунейм тет цӀыхухэр Тхьэм ятӀэм къыхигъэхъукӀа цӀыхум хуэдэщ. Уафэм щыпсэу цӀыхухэр уафэм щыщым хуэдэнущ. 49 Тхьэм ятӀэм къыхигъэхъукӀа цӀыхум дызэрыхуэдэм ещхьу, уафэм щыщми дыхуэдэнущ. 50 Ауэ, си къуэшхэ, мыр нывжызоӀэ: Лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыхум Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къылъысыфынукъым. КӀуэдыжын хуейм мыкӀуэдыжын гъащӀэр ӀыхьэфӀу иӀэ хъуфынукъым. 51 ФыкъэдаӀуэ, щэху гуэр нывжесӀэнущ: Дэ псори дылӀэнукъым, 52 ауэ занщӀэу, напӀэзыпӀэм, дунейм и кӀэухым деж бжьамиишхуэм и макъыр къыщыӀукӀэ, Тхьэм дэ псори дызэрихъуэкӀынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бжьамиишхуэм и макъыр къэӀунущ, лӀахэри мыкӀуэдыжыну къэтэджыжынущ, Тхьэми дызэрихъуэкӀынущ. 53 Пкъы кӀуэдыжынум мыкӀуэдыжыныгъэм и фащэр зыщитӀэгъэн хуейщ, лӀэжыну пкъыми мыкӀуэдыжын гъащӀэм и фащэр зыщитӀэгъэн хуейщ. 54 Пкъы кӀуэдыжынум мыкӀуэдыжыныгъэм и фащэр зыщитӀэгъа нэужь, лӀэжыну пкъыми мыкӀуэдыжын гъащӀэм и фащэр зыщитӀэгъа нэужь, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр пэж хъунущ: «Тхьэм текӀуэныгъэр къихьри, лӀэныгъэр игъэкӀуэдащ». 55 «Уэ, лӀэныгъэ, уи шэрэзым и къарур дэнэ щыӀэ? Уэ, жыхьэнмэ, уи текӀуэныгъэр дэнэ щыӀэ?» 56 ЛӀэныгъэм и шэрэзыр гуэныхьыращ. УнафэкӀи гуэныхьым тепщэныгъэ къытхуиӀэщ. 57 Ауэ Тхьэм щӀыхьышхуэр ейщ. Абы ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь текӀуэныгъэр къыдитэнэу ищӀащ. 58 Аращи, си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкӀыу щыпкъагъэм фытет. Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Ӏуэхум зэпымыууэ и ужь фит, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным хуэфщӀэ Ӏуэхур пщӀэншэ зэрымыхъунур фощӀэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden