Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Кор. 14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


14-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм цӀыхухэм къарит нэгъуэщӀ лъэкӀыныгъэхэр

1 Фигухэм фӀылъагъуныгъэ зэрилъыным фи фӀэщу фыхущӀэкъу. Тхьэм лъэкӀыныгъэхэр къызэрывитыным фыхущӀэкъу, Тхьэм езым и псалъэхэр фигухэм кърилъхьэурэ, псом хуэмыдэжу ахэр къыжыфӀэну лъэкӀыныгъэ къызэрывитыным и ужь фит.

2 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ имыщӀэ бзэмкӀэ псалъэр цӀыхухэм епсалъэркъым, атӀэ Тхьэм йопсалъэ, къыжиӀэ псалъэхэр зыми къыгурыӀуэркъыми. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ щэхухэр къыжеӀэ.

3 Ауэ Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьэурэ, ахэр жызыӀэр цӀыхухэм йопсалъэ, гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ ярегъэгъуэт, ягурегъаӀуэ икӀи егъэгушхуэ.

4 Езым имыщӀэ бзэкӀэ къэпсалъэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ зрегъэгъуэтыж, ауэ Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьэурэ, ахэр жызыӀэм члисэ зэхуэсым щыщхэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ ярегъэгъуэт.

5 Фэ псори фымыщӀэ бзэхэмкӀэ фыпсэлъэну сыхуейщ, ауэ абы нэхърэ Тхьэм езым и псалъэхэр фи гум кърилъхьэурэ, ахэр къызэрыжыфӀэным и лъэкӀыныгъэ фиӀэну нэхъ сыхуейщ. Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьэурэ, ахэр жызыӀэр имыщӀэ бзэкӀэ къэпсалъэм нэхърэ нэхъ инщ, а бзэр зыгуэрым зэримыдзэкӀмэ, члисэ зэхуэсым щыщхэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ яригъэгъуэтын щхьэкӀэ.

6 Иджы, си къуэшхэ, фи деж сынакӀуэу, сымыщӀэ бзэкӀэ сыкъэпсалъэмэ, сыт си фӀагъыу къывэкӀынур? Тхьэм къысхуигъэнэхуа Ӏуэхухэр вжезмыӀэу, е щӀэныгъэ фэзмыту, е Тхьэм езым и псалъэу си гум кърилъхьэхэр жызмыӀэмэ, е Ӏуэху гуэрхэр фэзмыгъащӀэмэ, си фӀагъыу зыри къывэкӀынукъым, пэжкъэ?

7 Абы ещхьу, шыкӀэ пшынэм, къамылым, е нэгъуэщӀ гуэрхэу макъ къызыпыӀукӀхэм макъ зэхуэмыдэхэр ямыӀэмэ, я макъамэр дауэ зэхэпщӀыкӀыну?

8 Бжьамиишхуэм и макъыр мыӀупщӀмэ, хэт зауэм зыхуэзыгъэхьэзырынур?

9 Фи Ӏуэхури зытетыр апхуэдэщ. ЗэхамыщӀыкӀын псалъэхэр фи бзэкӀэ къыжыфӀэмэ, жыфӀэр дауэ зэхащӀыкӀыну? Жьыбгъэм фыхэпсалъэ къудейщ.

10 Дунейм бзэ зэхуэмыдэ куэд тетщ, псоми зыгуэр къокӀ.

11 Ауэ бзэм къикӀыр сэ зэхэзмыщӀыкӀмэ, къэпсалъэм дежкӀэ сыхамэ цӀыхущ, езыри сэркӀэ хамэ цӀыхущ.

12 Фэри Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу лъэкӀыныгъэхэр къызэрывитынум фыхущӀокъури, члисэ зэхуэсым щыщхэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ евгъэгъуэтын щхьэкӀэ, апхуэдэ лъэкӀыныгъэхэр нэгъэсауэ фиӀэ зэрыхъуным фыхущӀэкъу.

13 Аращи, имыщӀэ бзэкӀэ къэпсалъэм а бзэри зэридзэкӀыну лъэкӀыныгъэ къритынкӀэ Тхьэм ирелъэӀу.

14 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сымыщӀэ бзэкӀэ Тхьэм селъэӀумэ, си псэкӀэ солъэӀу, ауэ си акъылыр лажьэркъым.

15 Абы щыгъуэ сыт сщӀэнур? Си псэкӀи си акъылкӀи Тхьэм селъэӀунущ. Си псэкӀи си акъылкӀи тхьэщӀыхь уэрэдхэр жысӀэнущ.

16 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ умыщӀэ бзэкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм щӀыхь хуэпщӀмэ, мы Ӏуэхухэр зэхэзымыщӀыкӀ цӀыхухэм ящыщ гуэрым уи тхьэщӀыхьым «Ӏэмин» хужиӀэн дауэ зэрылъэкӀынур? ЖыпӀэр къыгурыӀуэнукъым, пэжкъэ?

17 Уэ Тхьэм фӀыщӀэ хубощӀ, ауэ абы и фӀагъ адрейм екӀыркъым.

18 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ сымыщӀэ бзэкӀэ фэ псоми нэхърэ нэхъыбэу сызэрыпсалъэм щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ.

19 Ауэ члисэ зэхуэсым сыщыӀэу, сымыщӀэ бзэкӀэ псалъэ мин къыжысӀэным нэхърэ, цӀыхухэм Ӏуэху гуэрхэр езгъэщӀэн щхьэкӀэ, си акъылкӀэ псалъитху къыжысӀэныр нэхъ къызощтэ.

20 Си къуэшхэ, фи гупсысэкӀэкӀэ сабийхэм яхуэдэ фымыхъу. Бзаджагъэ зыхэмылъ сабийхэм лажьэ зэрамыӀэм хуэдэу, фэри фремыӀэ, фи гупсысэкӀэкӀи зи ныбжь нэса цӀыхухэм хуэдэ фыхъу.

21 Зиусхьэным мыпхуэдэу къызэрыжиӀэр Торэт хабзэм итщ: «ХамэбзэхэмкӀи хамэхэм я жьэкӀи мы лъэпкъым сепсэлъэнущ. Сепсалъэ пэтми, къызэдэӀуэнукъым».

22 Аращи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ цӀыху гуэр имыщӀэ бзэхэмкӀэ псалъэмэ, ар нэщэнэ зыхуэхъур фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр аркъым, атӀэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэрщ. Ауэ Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьа цӀыхум ахэр къыщыжиӀэкӀэ, ар нэщэнэ зыхуэхъур фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэр аркъым, атӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэрщ.

23 Члисэ зэхуэсым щыщ псори фызэӀущӀауэ, фымыщӀэ бзэхэмкӀэ псори фыпсалъэу, а Ӏуэхухэр зэхэзымыщӀыкӀ е фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ цӀыху гуэрхэр а зэхуэсым къыхыхьэмэ, «Фэ фыделэщ», жаӀэнкъэ?

24 Тхьэм езым и псалъэу фигухэм кърилъхьэр фэ псоми къыжыфӀэ щыхъукӀэ, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ цӀыху гуэр е а Ӏуэхухэр зэхэзымыщӀыкӀ цӀыху гуэр фи зэхуэсым къыхыхьэмэ, фэ псоми къыжыфӀэ псалъэхэм зэхрагъэщӀыкӀынущ гуэныхьыщӀэ цӀыхуу зэрыщытыр, и гум илъри ягъэунэхунущ.

25 А цӀыхум и гум илъ щэхухэр нахуэ къохъу апхуэдэу. И бгъэгукӀэ щӀым зытридзэурэ, абы Тхьэр игъэлъэпӀэнущ икӀи «ИпэжыпӀэкӀэ Тхьэр фи гъусэщ», жиӀэнущ.


Члисэ зэхуэсым екӀуу икӀи зэтеухуауэ Тхьэр игъэлъэпӀэн хуейщ

26 Сыт итӀанэ, си къуэшхэ? ФыщызэхуэскӀэ, зым тхьэщӀыхь уэрэд жреӀэ, адрейм Ӏуэху гуэр фрегъащӀэ, нэгъуэщӀми Тхьэм къыхуигъэнэхуа Ӏуэху гуэр къреӀуатэ, зыр имыщӀэ бзэкӀэ ирепсалъэ, адрейм ар зэрыредзэкӀ. Мы Ӏуэху псоми гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ фагъэгъуэтыну ирехъу.

27 Езыхэм ямыщӀэ бзэкӀэ цӀыху гуэрхэр псэлъэн хъумэ, цӀыхуитӀ е цӀыхуищ, нэхъыбэ иремыхъу, зыр зым кӀэлъыкӀуэу ирепсалъэ. Абыхэм къыжаӀэр нэгъуэщӀым зэрыредзэкӀ.

28 Ауэ зэзыдзэкӀыфын цӀыху щымыӀэмэ, имыщӀэ бзэкӀэ псалъэм члисэ зэхуэсым щремыпсалъэ. И щхьэмрэ Тхьэмрэ ирепсалъэ.

29 Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьэурэ, ахэр жызыӀэну лъэкӀыныгъэ зрит цӀыхухэм ящыщ цӀыхуитӀ е цӀыхуищ фи зэхуэсым къыщрепсалъэ, къыжаӀэри адрейхэм ирагъэунэху.

30 Тхьэм зэхуэсым хэтхэм ящыщ гуэрым Ӏуэху гуэр къыхуигъэнахуэмэ, япэу къэпсэлъар иреувыӀэж.

31 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ псоми Тхьэм езым и псалъэу фи гум кърилъхьэр зыр зым и ужь иту жыфӀэн флъэкӀынущ, адрей цӀыху псоми зыгуэр зрагъэщӀэн, псори гушхуэн щхьэкӀэ.

32 Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьэурэ, ахэр жызыӀэну лъэкӀыныгъэр зрит цӀыхухэм я ӀэмыщӀэ а лъэкӀыныгъэр илъщ,

33 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр гузэгъэгъуэм и Тхьэуэ щытщ, Ӏуэху зэхэмыбзым и Тхьэуэ щыткъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я члисэ зэхуэс псоми я Ӏуэху зытетыр апхуэдэщ.

34 ЦӀыхубзхэр члисэ зэхуэсым щрещым. Ахэр псэлъэну хуиткъым, атӀэ Торэт хабзэм зэритым хуэдэу, я щхьэгъусэхэм яхуэӀурыщӀэн хуейщ.

35 Ӏуэху гуэр зрагъэщӀэну хуеймэ, я щхьэгъусэхэм унэм щреупщӀ; члисэ зэхуэсым цӀыхубзыр щыпсэлъэныр екӀуркъым.

36 Тхьэм и псалъэхэр фэра къызыбгъэдэкӀар, жызоӀэ? Е а псалъэхэр зылъэӀэсар фи закъуэ?

37 ЦӀыху гуэрым и гум Тхьэм езым и псалъэхэр кърилъхьэурэ, ахэр жиӀэну лъэкӀыныгъэ иӀэу къыфӀэщӀмэ, е Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр и гум илъу и гугъэмэ, мы ныфхуэстхыр Зиусхьэным зэриунафэр къыгурыреӀуэ.

38 Ар къызыгурымыӀуэ цӀыхум къыгурыремыӀуэ.

39 Аращи, си къуэшхэ, Тхьэм езым и псалъэхэр фи гум кърилъхьэурэ, ахэр жыфӀэну лъэкӀыныгъэ къызэрывитынум фыхущӀэкъу, ямыщӀэ бзэхэмкӀэ псэлъэнумэ, цӀыхухэм ар япэвымыубыд.

40 Ӏуэху псори екӀурэ зэтеухуауэ щытын хуейщ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan