1 Кор. 13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр13-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ФӀылъагъуныгъэр 1 ЦӀыхухэмрэ мелыӀычхэмрэ я бзэхэмкӀэ сыпсалъэрэ, фӀылъагъуныгъэ сигу имылъмэ, жьгъыру макъ зыпыӀукӀ гъуаплъэм е макъ гуемыӀу зыгъэӀукӀ уэзджынэм сыхуэдэщ. 2 Тхьэм езым и псалъэхэр си гум кърилъхьэурэ, ахэр жысӀэну лъэкӀыныгъэ къызитауэ сиӀэми, щэху псори сщӀэми, щӀэныгъэ псори сиӀэми, бгыхэр нэгъуэщӀ щӀыпӀэм згъэӀэпхъуэфыну фӀэщхъуныгъэ сиӀэми, фӀылъагъуныгъэ симыӀэмэ, сэ сызырикӀщ. 3 СиӀэ хъуа псори зимыӀэхэм естми, си пкъыр мафӀэкӀэ ягъэсыну цӀыхухэм естми, фӀылъагъуныгъэ симыӀэмэ, абы фӀагъ къысхухэкӀынукъым. 4 ФӀылъагъуныгъэм шыӀэрэ гущӀэгъурэ иӀэщ. ФӀылъагъуныгъэр фыгъуэркъым, зыщытхъужыркъым икӀи зыкъыфӀэщӀыжыркъым. 5 ФӀылъагъуныгъэм хабзэншагъэ зэрихьэркъым, езым и щхьэм и фӀагъ къилъыхъуркъым, зигъэгусэркъым, бзаджагъэми егупсысыркъым. 6 ФӀылъагъуныгъэр бзаджагъэм щыгуфӀыкӀыркъым, щыпкъагъэрщ зыхуэгуфӀэр. 7 ФӀылъагъуныгъэм мыхъумыщӀэ псори егъэгъу, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэщ сыт щыгъуи, Тхьэм щогугъ сыт щыгъуи, шыӀэ иӀэщ сыт щыгъуи. 8 ФӀылъагъуныгъэр зэи кӀуэдыжынукъым. Тхьэм езым и псалъэхэр цӀыхухэм я гум кърилъхьэурэ, цӀыхухэм ахэр яӀуэтэн пачынущ. ЦӀыхухэм ямыщӀэ бзэхэмкӀи псэлъэн щагъэтыжынущ. ЩӀэныгъэри кӀуэдыжынущ. 9 Апхуэдэу щӀэхъунур ди щӀэныгъэр нэгъэсауэ зэрыщымытыр арщ, Тхьэм езым и псалъэхэр цӀыхухэм я гум кърилъхьэурэ, цӀыхухэм ахэр зэраӀуэтэжри нэгъэсауэ зэрыщымытыр арщ. 10 Нэгъэса Ӏуэхур къыщыкӀуэкӀэ, нэмыгъэса Ӏуэхур кӀуэдыжынущ. 11 Сабийуэ сыщыщытам, сабийм хуэдэу сыпсалъэрт, сабийм хуэдэуи сыгупсысэрт икӀи сабийм и зэхэщӀыкӀэм хуэдэт си зэхэщӀыкӀыр. Ауэ балигъ сыщыхъум, а сабиигъэр къызэзнэкӀащ. 12 Ӏуэху псори ӀупщӀу уэзымыгъэлъагъу гъуджэм диплъэм хуэдэщ иджыпстукӀэ, ауэ а махуэ гъэувам псори ӀупщӀу тлъагъунущ, ди пащхьэ ит цӀыхур ӀупщӀу зэрытлъагъум хуэдэу. Си щӀэныгъэр нэгъэсауэ щыткъым иджыкӀэ, ауэ а махуэм псори сщӀэнущ, Тхьэм щыпкъэу сызэрищӀэм хуэдэу. 13 Аращи, мы Ӏуэхуищыр мыкӀуэдыжынщ: фӀэщхъуныгъэр, Тхьэм ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсынум дызэрыщыгугъыр, фӀылъагъуныгъэр. Абыхэм ящыщу нэхъ иныр фӀылъагъуныгъэр арщ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden