Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Кор. 12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


12-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм цӀыхухэм къарит лъэкӀыныгъэхэр

1 Си къуэшхэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм цӀыхухэм къарит лъэкӀыныгъэхэр зыхуэдэр фымыщӀэу фыкъэзгъэнэну сыхуейкъым.

2 Мэссихь щывмыщӀэм щыгъуэ, тхьэ нэпцӀ бзагуэхэм фыкъызэрырашэкӀам хуэдэу, а тхьэ нэпцӀхэм я деж фыкӀуэу зэрыщытар фощӀэ.

3 Аращи, мыр къывгурызгъэӀуэну сыхуейщ: Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ къэпсалъэу, Хьисэ ебгын зыми лъэкӀынукъым, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ мыхъумэ, зыми «Хьисэщ Зиусхьэныр» жиӀэфынукъым.

4 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм цӀыхухэм къарит лъэкӀыныгъэхэр зэхуэмыдэщ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыщ.

5 ЦӀыхухэм Зиусхьэным хуащӀэ Ӏуэхухэр зэхуэмыдэщ, ауэ а цӀыху псори а зы Зиусхьэным хуолажьэ.

6 Тхьэм цӀыхухэм Ӏуэху ящӀэну лъэкӀыныгъэ зэраритыр зэхуэмыдэщ, ауэ а Ӏуэху псори цӀыху псоми ящӀэну лъэкӀыныгъэ езыт Тхьэр зыщ.

7 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм дэтхэнэ зыми зэхуэмыдэу закърегъэлъагъу, и фӀагъ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми яригъэкӀын щхьэкӀэ.

8 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, акъылыфӀагъэ зыхэлъ псалъэхэр жиӀэну зы цӀыхум лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм тету, щӀэныгъэ зиӀэ псалъэхэр жиӀэну лъэкӀыныгъэ кърет;

9 нэгъуэщӀ цӀыхуми, а зы Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, фӀэщхъуныгъэ иӀэну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми, а зы Псэ ЛъапӀэ дыдэм къыбгъэдэкӀыу, сымаджэхэр игъэхъужыну лъэкӀыныгъэхэр кърет;

10 нэгъуэщӀ цӀыхуми Ӏуэху телъыджэхэр илэжьыну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхум и гум Тхьэм езым и псалъэхэр кърилъхьэурэ, ахэр жиӀэну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэху гуэр къыбгъэдэкӀрэ къыбгъэдэмыкӀрэ зэхищӀыкӀыну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми имыщӀэ бзэхэмкӀэ псэлъэну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми а бзэхэр зэридзэкӀыну лъэкӀыныгъэ кърет.

11 А Псэ ЛъапӀэращ цӀыхухэм ахэр ящӀэну лъэкӀыныгъэ къезытыр. Щхьэхуэ-щхьэхуэу, зэрыхуейм тету Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр лъэкӀыныгъэ псоми къарет.


Пкъыр зыщ, пкъым и пкъыгъуэхэр куэдщ

12 Пкъым и пкъыгъуэхэр куэд хъуми, пкъыр зыщ. А пкъыгъуэхэр куэд хъуми, псори а зы пкъым щыщщ. Мэссихь и Ӏуэхури апхуэдэщ.

13 Дэ псори дыжуртми, дыалыджми, дыпщылӀми, дыщхьэхуитми, а зы Псэ ЛъапӀэр ди гум илъын щхьэкӀэ дыщаумэхъым, Мэссихь и пкъым щыщ дыхъуащ псори. Мэссихьи а зы Псэ ЛъапӀэм ди Ӏыхьэ хэлъ ищӀащ.

14 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пкъым и пкъыгъуэхэр зыкъым, атӀэ куэд мэхъу.

15 Лъакъуэм, «Ӏэуэ сызэрыщымытым щхьэкӀэ, пкъым сыщыщкъым», жиӀэмэ, абы щхьэкӀэ пкъым щымыщ хъурэ?

16 ТхьэкӀумэми, «Нэуэ сызэрыщымытым щхьэкӀэ, пкъым сыщыщкъым», жиӀэмэ, абы щхьэкӀэ пкъым щымыщ хъурэ?

17 Пкъыр зэрыщыту нэуэ щытатэмэ, дэӀуэным и Ӏуэху дауэ хъунт? Апхуэдэуи, пкъыр зэрыщыту тхьэкӀумэу щытатэмэ, мэ къыпщӀихьэным и Ӏуэху дауэ хъунт?

18 Тхьэм пкъым и пкъыгъуэ псори зэхилъхьащ, дэтхэнэ зыри езыр зэрыхуейм тету.

19 Пкъым зы пкъыгъуэ закъуэ фӀэкӀ хэмылъатэмэ, ар дауэ хъунт?

20 ДыкъызэригъэщӀащи, пкъым и пкъыгъуэхэр куэд мэхъу, итӀани пкъыр зыуэ щытщ.

21 Нэм, «Уэ сыпхуэныкъуэкъым», жиӀэу, Ӏэм жриӀэфынукъым. Щхьэми, «Сэ сыфхуэныкъуэкъым», жиӀэу, лъакъуэхэм яжриӀэфынукъым.

22 Пкъым щыщ пкъыгъуэу нэхъ мыхьэнэншэу тлъытэхэм нэхъ дахуэныкъуэщ.

23 Пкъым щыщ пкъыгъуэу пщӀэ зыхуэмыфащэу тлъытэхэм нэхъ дахуосакъ.

24 Пкъым щыщ пкъыгъуэу ди укӀытапӀэхэр нэхъ дыхуэсакъыу догъэпщкӀу. Пкъым щыщ пкъыгъуэу ди мыукӀытапӀэхэр дгъэпщкӀун хуейкъым. Пкъым щыщ пкъыгъуэу пщӀэ зимыӀэхэм адрейхэм нэхърэ нэхъ пщӀэ яхуищӀу, Тхьэм пкъыр зэхилъхьащ.

25 Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар дэ, езым и пкъым щыщхэр, дызэпэмыуву, зэхуэдэу дызыхуэсакъыжыну арщ.

26 Аращи, пкъым щыщ пкъыгъуэ гуэр гугъу ехьмэ, ар пкъым щыщ пкъыгъуэ псоми дашэч. Апхуэдэу, пкъым щыщ пкъыгъуэ гуэрым пщӀэ игъуэтмэ, абы а пкъым щыщ пкъыгъуэ псори догуфӀэ.

27 Фэ Мэссихь фрипкъщ, фэ фщыщ дэтхэнэ зыри а пкъым щыщщ.

28 Япэрауэ члисэ зэхуэсым хуэлэжьэну Тхьэм цӀыху гуэрхэр апостолу игъэуващ. ЕтӀуанэрауэ, цӀыху гуэрхэри бегъымбару игъэуващ. Ещанэрауэ, цӀыху гуэрхэми адрей цӀыхухэм Ӏуэхухэр ирагъэщӀэну игъэуващ. Ӏуэху телъыджэхэр ящӀэну цӀыху гуэрхэри игъэуващ. Сымаджэхэр ягъэхъужын щхьэкӀэ, лъэкӀыныгъэхэр яӀэну цӀыху гуэрхэр игъэуващ итӀанэ. НэгъуэщӀхэри адрей цӀыхухэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъуну, нэгъуэщӀхэри унафэщӀу лэжьэну, нэгъуэщӀхэри езыхэм ямыщӀэ бзэхэмкӀэ псэлъэну игъэуващ.

29 ЦӀыху псори апостолу щыткъым, пэжкъэ? ЦӀыху псори бегъымбару щыткъым, пэжкъэ? ЦӀыху псоми адрей цӀыхухэм Ӏуэхухэр ирагъащӀэркъым, пэжкъэ? ЦӀыху псоми Ӏуэху телъыджэхэр ялэжыркъым, пэжкъэ?

30 ЦӀыху псоми сымаджэхэр ягъэхъужыну лъэкӀыныгъэхэр яӀэкъым, пэжкъэ? Езыхэм ямыщӀэ бзэхэмкӀэ цӀыху псори псалъэркъым, пэжкъэ? ЦӀыху псоми апхуэдэ бзэхэр зэрадзэкӀыркъым, пэжкъэ?

31 ЛъэкӀыныгъэу я нэхъ инхэм я ужь фит. Иджы гъуэгу нэхъыфӀыр сэ фэзгъэлъагъунщ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan