1 Кор. 11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр11-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ 1 Мэссихь и лъэужьым сызэрырикӀуэм хуэдэу, фэри си лъэужьым фрикӀуэ. Тхьэм щелъэӀукӀэ, цӀыхубзхэм я щхьэхэм ӀэлъэщӀ трапхъуэн хуейщ 2 ЖысӀа псори фи гум къызэрывгъэкӀыжым щхьэкӀи, фэзгъэщӀа Ӏуэхухэм фызэратетым щхьэкӀи фӀыщӀэ фхузощӀ. 3 Мыр фщӀэну сыхуейщ: Дэтхэнэ лӀыми и щхьэр Мэссихьщ, дэтхэнэ фызми и щхьэр и лӀырщ, Мэссихь и щхьэри Тхьэр арщ. 4 Дэтхэнэ цӀыхухъуу зи щхьэм ӀэлъэщӀ тезыпхъуауэ Тхьэм елъэӀуми, е Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьауэ ахэр къыжызыӀэми и щхьэр егъэпудыж. 5 Апхуэдэу, дэтхэнэ цӀыхубзу Тхьэм щхьэпцӀэу елъэӀуми, е Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьауэ ахэр къыжызыӀэми и щхьэр егъэпудыж, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыхубзым и щхьэр упсам хуэдэщи. 6 ЦӀыхубз гуэрым и щхьэм ӀэлъэщӀ трипхъуэну хуэмеймэ, и щхьэцыр преупщӀыж. Ауэ и щхьэц пиупщӀыныр е и щхьэр иупсыныр цӀыхубзымкӀэ емыкӀуу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ и щхьэм ӀэлъэщӀ трырепхъуэ. 7 ЦӀыхухъум щхьэм ӀэлъэщӀ трипхъуэн хуейкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухъур Тхьэм и теплъэм хуэдэщ икӀи Тхьэм и щӀыхьышхуэр къегъэлъагъуэ. Фызым и лӀым и щӀыхьышхуэр къегъэлъагъуэ. 8 ЦӀыхухъур цӀыхубзым къыхэкӀакъым, атӀэ цӀыхубзыр цӀыхухъум къыхэкӀащ. 9 Тхьэм цӀыхухъур цӀыхубзым къыхуигъэщӀакъым, атӀэ цӀыхубзырщ лӀым къыхуигъэщӀар. 10 Аращи, лӀым и тепщэныгъэм фызыр зэрыщӀэтым и нэщэнэу икӀи мелыӀычхэм щхьэкӀэ и щхьэм ӀэлъэщӀ трырепхъуэ. 11 Апхуэдэу щыт пэтми, дэркӀэ, Зиусхьэныр зи гум илъ цӀыхухэмкӀэ, цӀыхубзыр цӀыхухъум епхауэ щытщ, цӀыхухъури цӀыхубзым епхауэ щытщ. 12 ЦӀыхубзыр цӀыхухъум къызэрыхэкӀам хуэдэу, цӀыхухъури цӀыхубзым къыхокӀ, ауэ Ӏуэху псори къызыбгъэдэкӀыр Тхьэращ. 13 Фэри фегупсыс: ЦӀыхубзым и щхьэм ӀэлъэщӀ тримыпхъуауэ Тхьэм елъэӀуныр емыкӀукъэ? 14 ЦӀыхум игукӀэ ищӀэркъэ цӀыхухъум и щхьэц кӀыхьмэ, зэремыкӀур, 15 ауэ цӀыхубзым и щхьэцыр кӀыхьмэ, къызэрекӀур? Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм цӀыхубзым щхьэц кӀыхь къритащ, щхьэтепхъуэ папщӀэу 16 Мы ӀуэхумкӀэ зыгуэр къыдэныкъуэкъуну хуеймэ, дэри Тхьэм и члисэ зэхуэсхэми нэгъуэщӀ хабзэ зэрыдимыӀэр ирырещӀэ. Зиусхьэным и пщыхьэщхьэшхэр ( Маттэ 26:26-29 ; Марк 14:22-25 ; Лука 22:14-20 ) 17 Мы унафэхэр щыфхуэсщӀкӀэ, сыфщытхъун слъэкӀынукъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фызэрызэхуэсым фӀы къыхэкӀыркъым, атӀэ къыхэкӀыр Ӏейщ. 18 Япэрауэ, члисэм фыщызэхуэсмэ, гуп-гупрэ фызэрызэхэкӀыр зэхызох. Зы лъэныкъуэкӀи ар си фӀэщ мэхъу. 19 Гуп-гупурэ фызэхэкӀын хуейщ, фэ фщыщу щыпкъагъэр зигу илъхэр нахуэ хъун щхьэкӀэ. 20 Абы нэмыщӀ, фышхэну фыщызэхуэскӀэ, Зиусхьэным и пщыхьэщхьэшхэракъым фшхыр. 21 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фышхэ щыхъукӀэ, зыр адрейм пэмыплъэу, шхэн щӀыводзэ. Апхуэдэу, зыр ныбэнэщӀу къонэ, адрейр чэф мэхъури мэудафэ. 22 Фыщышхэн икӀи фыщефэн унэхэр фиӀэкъэ? Е Тхьэм и члисэ зэхуэсыр зэвмыпэсу, зыри зимыӀэр вгъэукӀытэну ара? Сыт нывжесӀэнур? Сыфщытхъун? Хьэуэ, сыфщытхъунукъым. 23 Мы къыфхуэзгъэнэхуа Ӏуэхухэр езы Зиусхьэным къысхуигъэнэхуащ. Зиусхьэныр тепщэныгъэ зиӀэхэм щаӀэщӀыхьа жэщым щӀакхъуэр къищтэщ, 24 Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀу, зэгуищӀыкӀри къыжиӀащ: «Мы щӀакхъуэр, фӀагъ къыфхудэкӀуэн щхьэкӀэ, сипкъ зэгуэщӀыкӀынуращ. Фигу сыкъэвгъэкӀыжын щхьэкӀэ, мы щӀакхъуэр фшхы». 25 Пщыхьэщхьэшхэ нэужьым, Зиусхьэным фалъэр къищтэри, жиӀащ: «Мы фалъэм ит санэр Тхьэм езымрэ фэрэ фяку къыдилъхьэ зэгурыӀуэныгъэщӀэращ. А зэгурыӀуэныгъэщӀэр зыгъэщыпкъэр сэ жорым щысщӀэкӀыну лъыращ. Мы санэм фефэн хъумэ, фигу сыкъэвгъэкӀыжын щхьэкӀэ, фефэ». 26 Зиусхьэныр къэкӀуэжыху, мы щӀакхъуэр фшхын хъуми, мы фалъэм итым фефэн хъуми, Зиусхьэныр зэрылӀам и хъыбарыр абыкӀэ фӀуатэу арщ. 27 Аращи, хэт хуэмыфащэу Зиусхьэным и щӀакхъуэр ишхми, е абы и фалъэм итым ефэми, Зиусхьэным и пкъымрэ и лъымрэ дежкӀэ гуэныхь ищӀауэ къуаншэ мэхъу. 28 Хэти езым игу илъыр ирегъэунэхуж, итӀанэ щӀакхъуэр ирешхи, фалъэм итми ирефэ. 29 ЩӀакхъуэр Зиусхьэным зэрипкъыр зэхимыщӀыкӀыу, хуэмыфащэу ар зышхыу икӀи санэм ефэм зэришхымкӀи зэрефэмкӀи къуаншэ мэхъу. 30 Абы щхьэкӀэ къару зимыӀэу икӀи сымаджэу цӀыху куэд къыфхэтщ, лӀахэри мащӀэкъым. 31 Дэ зыдгъэунэхужауэ щытамэ, Тхьэм апхуэдэу дигъэпшынэнутэкъым. 32 Ауэ мы зэманым Зиусхьэным хьэкум къыщыттрищӀыхькӀэ, дызрегъэдаӀуэ, дунейм и цӀыхухэм дащӀыгъуу дэри къуаншэ дымыхъун щхьэкӀэ. 33 Аращи, си къуэшхэ, фышхэн щхьэкӀэ фызэхуэсмэ, зыр зым преплъэ. 34 Зыгуэр мэжалӀэ хъумэ, и унэм щрешхэ, фыщызэхуэсам деж къуаншэ фымыхъун папщӀэ. СынакӀуэмэ, адрей Ӏуэхухэм я унафэр сщӀынущ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden