Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Кор. 10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


10-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Тхьэ нэпцӀхэм защыфхъумэ

1 Си къуэшхэ, ди адэжьхэр Мусэ бегъымбарым и гъусэу, уафэпшэр пашэ яхуэхъуурэ, а уафэпшэм и щӀагъым щызекӀуэу зэрыщытар икӀи псори хым къызэрызэпрыкӀыжар фымыщӀэу фыщытыну сыхуейкъым.

2 Уафэпшэр пашэ яхуэхъуурэ, хым къызэпрыкӀыжа цӀыху псори Мусэ и гъуэгу ирикӀуэн щхьэкӀэ яумэхъахэм хуэдэу щытт.

3 А псоми Тхьэм деж къикӀа шхыныр яшхырт.

4 А псори Тхьэм къарит псыми ефэрт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр зэфэу щыта псыр къадэщӀыгъу мывэшхуэм къыхэкӀырт. А мывэшхуэр Мэссихьщ.

5 Ауэ абыхэм я нэхъыбэр Тхьэм игу ирихьыртэкъым. Абы къыхэкӀкӀэ, губгъуэ нэщӀым икӀуэдащ.

6 Ахэр Ӏуэху бзаджэхэм щӀэхъуэпсу зэрыщытам хуэдэу дыщӀэмыхъуэпсын щхьэкӀэ, абыхэм къащыщӀар дэркӀэ дерсщ.

7 Абыхэм ящыщ гуэрхэм хуэдэу, тхьэ нэпцӀхэр фымыгъэлъапӀэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ЦӀыхухэр шхэну икӀи ефэну тӀысащ. ИтӀанэ джэгуну тэджащ».

8 Абыхэм ящыщ зыкъомым зэращӀэу щытам хуэдэу, зинэ дывмыгъащӀэ. Апхуэдэу, цӀыху мин тӀощӀрэ щырэ зы махуэ закъуэм кӀуэдащ.

9 Зиусхьэнри дывмыгъэгъэунэху, абыхэм ящыщ зыкъомым зэращӀу щытам хуэдэу. Ахэр блэхэм яукӀащ.

10 Фымытхьэусыхэ, абыхэм ящыщ зыкъомым зэращӀу щытам хуэдэу. Ахэр ажал къэзыхь мелыӀычым игъэкӀуэдащ.

11 Мы Ӏуэхухэр абыхэм къащыщӀащ, цӀыхухэм дерс яхуэхъун щхьэкӀэ. Дэ, лӀэщӀыгъуэхэм я кӀэухым нэблэгъа цӀыхухэм, къыдгурагъэӀуэн щхьэкӀэ, мы Ӏуэхухэр ятхащ.

12 Апхуэдэу щытми, лъэ быдэкӀэ щыт зи гугъэ цӀыхур зэрымыджэлэным хуресакъ.

13 ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхуу адрей цӀыхухэр зыхуэзэхэм фӀэкӀа фэ фыхуэзакъым. Тхьэр пэжщ, флъэкӀынум нэхърэ нэхъыбэ, гуныхьщӀэным фыдезыгъэхьэхын Ӏуэху фыхуэзэну хуит ищӀынукъым. Ауэ гуныхьщӀэным фыдезыгъэхьэхын Ӏуэху гуэр фыщыхуэзэкӀэ, абы фыпэувыфыну Тхьэм гъуэгу къывитынущ.

14 Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, тхьэ нэпцӀ гъэлъэпӀэным пэӀэщӀэ зыфщӀ.

15 Фэ, зэхэщӀыӀкӀ зиӀэхэм, ар нывжызоӀэ. Сэ къыжысӀэм фи щхьэкӀэ фегупсыс.

16 Ди Зиусхьэну Хьисэ и лӀэныгъэр ди гум къэдгъэкӀыжу, дызэгъусэу дыщышхэкӀэ, санэ фалъэм щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ худощӀ. Санэм дыщефэкӀэ, Мэссихь и лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ езым гъусэ дыхуэхъуркъэ? ЩӀакхъуэр щызэгуэтщӀыкӀкӀэ, Мэссихь и пкъым гъусэ дыхуэхъуркъэ?

17 ЩӀакхъуэр зы закъуэу зэрыщытым щхьэкӀэ, дэ дыкуэду щытми, дызщ; а щӀакхъуэ закъуэм дэ ди Ӏыхьи хэлъщи.

18 Израил лъэпкъым феплъ. Къурмэныпхъэм и лыр зышххэр Тхьэуэ къурмэн зыхуащӀым гъусэ хуэхъуркъэ?

19 Сэ жыхуэсӀэр сыт? Къурмэныпхъэм и лыр зыгуэру щыту, е тхьэ нэпцӀыр зыгуэру щыту жысӀэрэ?

20 Хьэуэ, ар жысӀэркъым. Ауэ хамэ лъэпкъхэм къурмэн щащӀкӀэ, жин бзаджэхэрщ къурмэн зыхуащӀыр, Тхьэр аркъым. Фэ жин бзаджэхэм гъусэ фахуэхъуну сыхуейкъым.

21 Зиусхьэным и фалъэмкӀи жин бзаджэхэм я фалъэмкӀи фызэдефэ хъунукъым. Зиусхьэным и Ӏэнэми жин бзаджэхэм я Ӏэнэми фыпэрыс хъунукъым.

22 Хьэмэрэ Зиусхьэныр дгъэгубжьыну ара дызыхэтыр? Езым нэхърэ дынэхъ лъэщ?


Сыт фщӀэми, цӀыхухэм Тхьэм щӀыхь хуевгъэщӀын щхьэкӀэщ ар щӀэфщӀэнур

23 «Сыт ищӀысри тщӀэну дыхуитщ», жаӀэ цӀыхухэм. Ар пэжщ, ауэ Ӏуэху псори дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъуркъым. Сыт ищӀысри тщӀэну дыхуитщ, ауэ псоми я фӀагъ къыдэкӀыркъым.

24 Езым и фӀагъ зыхэлъым и ужь иремыт хэти, атӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм я фӀагъ зыхэлъым и ужь ирырет.

25 Гурыщхъуэ фымыщӀэу бэзэрым щащэ псори фшхы.

26 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «ЩӀылъэри щӀылъэм тет псори Зиусхьэным ейщ».

27 ФӀэщхъуныгъэ зимыӀэ гуэрым фигъэшхэну фригъэблэгъамэ икӀи фыкӀуэну фыхуеймэ, гурыщхъуэ фымыщӀу Ӏэнэм къытралъхьэр фшхы.

28 Ауэ цӀыху гуэрым, «Мыр тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм илщ», къывжиӀэмэ, къывжезыӀам щхьэкӀи гум илъым щхьэкӀи ар фымышх; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «ЩӀылъэмрэ щӀылъэм тет псомрэ Зиусхьэным ейщ».

29 Гум илъу жыхуэсӀэр фи гум илъыр аркъым, къывжезыӀам и гум илъыр арщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэгъуэщӀ цӀыху гуэрым и гурыщхъуэм си хуитыныгъэр сыт щӀигъэкъуэншэнур?

30 Тхьэм фӀыщӀэ хуэсщӀу зыгуэр сшхымэ, зэрысшхымкӀэ цӀыхухэм сыт сыщӀагъэкъуэншэн хуейр?

31 Аращи, фышхэми, фефэми е нэгъуэщӀ гуэр фщӀэми, цӀыхухэм Тхьэм фӀыщӀэ хуевгъэщӀын щхьэкӀэщ щӀэфщӀэнур.

32 Журтхэми, алыджхэми, Тхьэм и члисэ зэхуэсым щыщхэми я гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ фащыхуэмыхъу.

33 Сэри сщӀэ Ӏуэху псомкӀи цӀыху псоми я гум сызэрырихьыным сыхэтщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ си фӀагъкъым зи ужь ситыр, атӀэ цӀыху куэдым я фӀагъщ, ахэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлын щхьэкӀэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan