Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр6-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ 1 УнэӀутыгъэм и бжьыр зытелъ псоми я тепщэхэм щӀыхь псори яхуэфащэу ялъытэн хуейщ, цӀыхухэм Тхьэм и цӀэмрэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэмрэ ямыгъэулъиин щхьэкӀэ. 2 ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ тепщэхэр зиӀэ унэӀутхэм, зэкъуэшу зэрыщытым щхьэкӀэ, абыхэм нэмыплъ иратын хуейкъым, атӀэ нэхъри нэхъыфӀыжу яхуэлэжьэн хуейщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ялэжь Ӏуэхум зи фӀагъ къекӀыр фӀэщхъуныгъэ зиӀэу фӀыуэ ялъагъур арщ. Мы Ӏуэхухэр унэӀутхэм егъащӀэ икӀи яхуэгъэбыдэ. ЦӀыху гуэрхэм адрей цӀыхухэм ирагъащӀэ Ӏуэху пхэнжхэмрэ мылъкум щӀэхъуэпсынымрэ теухуауэ 3 Зыгуэрым Ӏуэху пхэнжхэр фигъащӀэу, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и псалъэу дызыщыгугъын хуейхэм темытмэ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум зэрилъыным теухуауэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэми темытмэ, 4 а цӀыхум и щхьэм куэд трелъхьэ икӀи зыри зэхищӀыкӀыжыркъым. Ар зэныкъуэкъунымрэ зэдэуэнымрэщ зыщӀэхъуэпсыр. А Ӏуэхухэм кърикӀуэр фыгъуэщ, зэгурымыӀуэнырщ, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ тепсэлъыхьынырщ, зым адрейм гурыщхъуэ хуищӀынырщ, 5 зи акъыл ныкъуэу, щыпкъагъэм пэжыжьэ цӀыхухэм я зэщыхьэныру пщӀэ зимыӀэрщ. Тхьэр гъэлъэпӀэныр абыхэм фейдэ хэкӀыпӀэу къафӀощӀ. Абыхэм пэӀэщӀэ зыщӀ. 6 Пэжыр жызоӀэ, цӀыху гуэр иӀэмкӀэ арэзымэ икӀи Тхьэм и фӀэлӀыкӀ и гум илъмэ, абы фӀагъыу хэлъыр инщ. 7 Дунейм дыкъыщытехьэм, зыри къыздэтхьакъым, дунейм дыщытекӀыжкӀи зыгуэр тетхын тлъэкӀынукъым. 8 Тшхынрэ щыгъынрэ диӀэмэ, абыкӀэ арэзы дыхъун хуейщ. 9 Ауэ бей хъуну хуейхэр гуэныхь щӀэным дезыгъэхьэх Ӏуэхум хохуэри, шейтӀаным Ӏэрохуэ. ПщӀэ зимыӀэ, зи ягъэ къэкӀуэ хъуэпсэныгъэу, цӀыхухэр зыгъэунэхъуу, кӀуэдыпӀэм хуэзышэхэм яубыд ахэр. 10 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бзаджагъэ псори къызыбгъэдэкӀыр ахъшэм щӀэбэгынырщ. ЦӀыху гуэрхэр, ахъшэм щӀэхъуэпсурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум текӀри, гухэщӀ Ӏэджэ я щхьэм къыхуахьыжащ. ФӀэщхъуныгъэм фӀыуэ хущӀэкъу 11 Ауэ уэ, Тхьэм и цӀыху, а Ӏуэхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Щыпкъагъэр, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ, фӀэщхъуныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, теубыдагъэр, гущабагъэр уи гум зэрилъыным хущӀэкъу. 12 ФӀэщхъуныгъэм фӀыуэ хущӀэкъу. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зэгъэгъуэт; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щыхьэт куэдым я пащхьэм фӀэщхъуныгъэ узэриӀэм фӀыуэ щыхьэт ущыщытехъуэм, а мыкӀуэдыжын гъащӀэр бгъуэтыну Тхьэм укъыхуриджащ. 13 Тхьэуэ псоми гъащӀэ къезытым и пащхьэмрэ Мэссихь Хьисэу, Понтий Пилат зэхихыу, щыпкъагъэм щыхьэт техъуам и пащхьэмрэ лъэщу унафэ щыпхузощӀ: 14 Зыри уи мылажьэу, зыми узэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, ди унафэр гъэзащӀэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм нэсыху. 15 Игъуэр къыщыскӀэ, Тхьэм а махуэр къигъэлъэгъуэнущ, – щӀыхьышхуэрэ лъэкӀыныгъэшхуэрэ зиӀэ Тхьэ закъуэр пащтыхьхэм я Пащтыхьыжщ, зиусхьэнхэм я Зиусхьэныжщ. 16 Езы Тхьэ закъуэр арщ мылӀэжынур икӀи узэмыкӀуэлӀэфыну нэхум хэтыр. ЦӀыхухэм ящыщ гуэрми ар и нэкӀэ зыми илъэгъуакъым икӀи илъагъун лъэкӀынукъым. ЩӀыхьышхуэри мыкӀуэдыжын лъэкӀыныгъэшхуэри зейр Тхьэращ. Ӏэмин. 17 Мы дунейм бей щыхъуахэм закъыфӀэмыщӀыжыну, мылъку нэпцӀым щымыгугъыну, атӀэ Тхьэм нэхъ щыгугъыну унафэ яхуэщӀ. Дызыгъэтхъэжыну псори куэду къыдэзытыр Тхьэращ. 18 ФӀы щӀэным хэтыну, фӀы щӀэнымкӀэ бей хъуну, я мылъкум щымысхьу, яӀэм щыщкӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм ягуапэу етэну унафэ яхуэщӀ. 19 Апхуэдэу ящӀэмэ, мылъкушхуэ зэхуахьэса мэхъу. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зрагъэгъуэтын щхьэкӀэ, а мылъкушхуэр къэкӀуэну дунейм лъабжьэ щахуэхъунущ. 20 Уэ, Тимофей, Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум хуэсакъ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псалъэ мышыухэмрэ щӀэныгъэ нэпцӀ зыхэлъ пэпсэлъэнымрэ пэӀэщӀэ зыщӀ. 21 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «щӀэныгъэ диӀэщ», зыхужаӀэжурэ цӀыху гуэрхэр фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум текӀащ. Тхьэм и нэфӀ къыпщрехуэ. Ӏэмин. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden