Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Фызабэхэр, нэхъыжьхэр, унэӀутхэр 1 ЛӀыжьым ухуэмыгубжь, атӀэ уи адэм еплъытэу гурыгъаӀуэ; щӀалэхэми къуэшхэм уазэрыдэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу ядэгъуэгурыкӀуэ, 2 цӀыхубз нэхъыжьхэми анэхэм уазэрыдэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу ядэгъуэгурыкӀуэ, цӀыхубз ныбжьыщӀэхэми шыпхъухэм уазэрыдэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу гукъабзагъэ псомкӀи ядэгъуэгурыкӀуэ. 3 Зи закъуэ дыдэу къэна фызабэхэм щӀыхь яхуэщӀ. 4 Фызабэ гуэрым и бынрэ и бынхэм къащӀэхъуарэ иӀэмэ, езыхэм я унагъуэм щӀыхь хуащӀыну япэщӀыкӀэ зрагъэсэн хуейщ, я адэ анэхэм къыхуащӀари хуащӀэжын хуейщ, ар Тхьэм игъуэу елъытэри. 5 Зи закъуэ дыдэу къэна фызабэр Тхьэм щогугъ, Тхьэр къыдэӀэпыкъуну жэщи махуи зэпымыууэ йолъэӀу. 6 Ауэ зызэригъэтхъэжыным фӀэкӀа зыми емыгупсыс фызабэр, псэуми, лӀам хуэдэщ. 7 ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэн щхьэкӀэ, мы Ӏуэху псомкӀи унафэ яхуэщӀ. 8 И унэкъуэщхэм, псом хуэмыдэжу и унэ щӀэсхэм, якӀэлъымыплъ цӀыхур и фӀэщхъуныгъэм епцӀыжащ. Ар фӀэщхъуныгъэ зимыӀэм нэхърэ нэхъ Ӏеижщ. 9 Фызабэхэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым зи цӀэр иратхэн хуейр зи ныбжь илъэс хыщӀым нэсауэ, зэ фӀэкӀ дэмыкӀуауэ, 10 зи фӀыщӀагъэхэмкӀэ цӀыхухэр щыхьэт зыхуэхъу фызабэрщ: псалъэм щхьэкӀэ, бын зыпӀауэ, хьэщӀэхэр зыгъэлъэпӀауэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я лъакъуэхэр яхуэзытхьэщӀауэ, гузэвэгъуэ хэтхэм ядэӀэпыкъуауэ, фӀы щӀэным хэта фызабэрщ. 11 Фызабэ ныбжьыщӀэхэм я цӀэхэр а тхылъым иумытхэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ я гум хъуэпсэныгъэ къихьэмэ, я щӀыб Мэссихь къыхуагъазэу, дэкӀуэжыну яхуеинущ. 12 Мэссихь ирата псалъэ быдэр зэрамыгъэзэщӀэжам щхьэкӀэ ахэр къуаншэ мэхъу. 13 Абы нэмыщӀуи, Ӏуэху ямыщӀэу, унэрыхьэ-унэрыкӀыу къакӀухь я хабзэщ. Ӏуэху зэрамыщӀэм и закъуэкъым, атӀэ Ӏуэрвэрхэу, я Ӏуэху зыхэмылъым я Ӏуэху халъхьэу, жамыӀэпхъэр яӀуатэ. 14 Аращи, фызабэ ныбжьыщӀэхэр дэкӀуэжыну, быни къащӀэхъуэну, я унагъуэри зэрахьэну, я жагъуэгъу шейтӀаныр абыхэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыну Ӏэмал ирамыгъэгъуэтыну сыхуейщ. 15 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм ящыщ гуэрхэр гъуэгу захуэм текӀри, шейтӀаным и гъуэгу техьащ. 16 ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхубз гуэрым и унэм фызабэхэр щӀэсмэ, ар абыхэм якӀэлъыплъын хуейщ. Члисэ зэхуэсым ахэр хьэлъэ тремыхъуэ, зи закъуэ дыдэ фызабэхэм члисэ зэхуэсыр якӀэлъыплъыфын щхьэкӀэ. 17 Члисэ зэхуэсыр фӀыуэ зезыхьэ нэхъыжьхэм щӀыхь нэхъыбэ яхуэфащэщ, псом хуэмыдэжу Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм хуаӀуатэурэ езыгъащӀэхэм. 18 Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Гуэдз щыпӀуэкӀэ, вым и жьэр зэтумыпхэ», икӀи «ЛэжьакӀуэм и лэжьапщӀэр игъуэтыпхъэщ». 19 ЦӀыхуитӀ е цӀыхуищ щыхьэт темыхъумэ, члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящыщ зыгуэрым зэригъэкъуаншэр умыдэ. 20 Псоми я пащхьэм гуэныхь зыщӀэхэм щагурыгъаӀуэ, адрейхэри шынэн щхьэкӀэ. 21 Тхьэм, Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь, Тхьэм къыхиха мелыӀычхэм я пащхьэм быдэу унафэ щыпхузощӀ, нэкъыфӀэщӀхэм зыкъевмыгъэгъапцӀэу, зыми уримытелъхьэу мы Ӏуэху псори гъэзащӀэ. 22 Зиусхьэным хуэлэжьэну цӀыху гуэр бгъэувын папщӀэ, уи Ӏэхэр и щхьэм теплъхьэным ухуемыпӀэщӀэкӀ. НэгъуэщӀхэм я гуэныхьхэм уи Ӏыхьэ яхэлъ умыщӀ. Гукъабзагъэ сыт щыгъуи зигъэӀэ. 23 Уи шхалъэ узым, куэдрэ къыпхуэкӀуэ узыгъуэхэм сэбэп хуэхъун щхьэкӀэ, псы къудей уемыфэу санэ тӀэкӀуи ефэ дяпэкӀэ. 24 Языныкъуэ цӀыхухэм я гуэныхьхэр нэрылъагъущ, Тхьэм хьэкум ятрищӀыхьыну абы и тахътэм нэмыс щӀыкӀэ а цӀыхухэр къуаншэ мэхъу. Ауэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм я гуэныхьхэр я ужь иту, иужькӀэщ нэрылъагъу щыхъур. 25 Апхуэдэу, фӀыщӀагъэхэри нэрылъагъущ. Нэрылъагъуу щымыт фӀыщӀагъэхэри щӀэуфэ хъунукъым. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden