Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэм и хьэл-щэныр зэрыщытын хуейр

1 Мы псалъэхэр пэжщ: Члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэ хъуну зыгуэр хуеймэ, зи ужь итыр ӀуэхуфӀщ.

2 Зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъу, зы фыз фӀэкӀ зимыӀэу, зышыӀэныгъэрэ гулъытэрэ зиӀэу, хабзэфӀым тету, хьэщӀэхэр зыгъэлъапӀэу, цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъэщӀэн зылъэкӀ цӀыхуу щытын хуейщ Ӏэтащхьэр.

3 Фадафэу е цӀыху Ӏэлу щыт хъунукъым, атӀэ Ӏэсэу, мышхыдэрейуэ икӀи мылъкум щӀэмыхъуэпсу щытын хуейщ.

4 И унагъуэр фӀыуэ зэрихьэу, и бынхэм щӀыхь зыхуригъэщӀу, игъэӀурыщӀэфу щытын хуейщ.

5 Зи унагъуэр зезымыхьэфыр Тхьэм и члисэ зэхуэсым дауэ зэрыкӀэлъыплъыфынур?

6 Ӏэтащхьэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуагъащӀэхэм ящыщу щыт хъунукъым. Апхуэдэу щымытмэ, зыкъыфӀэщӀыжынурэ, шейтӀаныр къуаншэ зэрыхъуам хуэдэу, ари къуаншэ хъунущ.

7 ЦӀыхухэр ӀейкӀэ къытемыпсэлъыхьын икӀи шейтӀаным и хъым имыхуэн щхьэкӀэ, члисэ зэхуэсым щымыщхэри фӀыуэ щыхьэт зыхуэхъу цӀыхуу щытын хуейщ ар.


Члисэ зэхуэсым и дэӀэпыкъуэгъухэм я хьэл-щэныр зэрыщытын хуейр

8 Члисэ зэхуэсым и дэӀэпыкъуэгъухэри щӀыхь зыхуэфащэу, бзитӀ зыӀумылъ лӀыхэу, фадэм димыхьэхыу икӀи мылъкум щӀэмыхъуэпсу щытын хуейщ.

9 Я гумкӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдамыщӀэжу, фӀэщхъуныгъэм и щэхур яӀыгъын хуейщ.

10 Ауэ я щыпкъагъэр вгъэунэхун хуейщ япэщӀыкӀэ. Зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ ябгъэдэмылъмэ, дэӀэпыкъуэгъухэм ящыщ ирехъу.

11 А дэӀэпыкъуэгъухэм я фызхэри щӀыхь зыхуэфащэу, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятемыпсэлъыхьу, шыӀэныгъэ зиӀэу, лъэныкъуэ псомкӀи узыщыгугъ хъун цӀыхуу щытын хуйщ.

12 ДэӀэпыкъуэгъур зы фыз фӀэкӀ зимыӀэ,* и бынхэмрэ и унагъуэмрэ фӀыуэ зезыхьэ лӀыуэ щытын хуейщ.

13 Зи Ӏуэху фӀыуэ зыгъэзэщӀа дэӀэпыкъуэгъухэм щӀыхь ягъуэт икӀи Мэссихь ХьисэкӀэ яӀэ фӀэщхъуныгъэм гушхуауэ тепсэлъыхьын ялъэкӀынущ.


Ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур

14 Куэд мыщӀэу уи деж сыкъэкӀуэн си гугъэу, мы тхылъыр пхузотх.

15 Сынэгувэмэ, Тхьэм и унагъуэм щыщхэр зэрыпсэун хуейр мы тхылъым уигъэщӀэнущ. Тхьэм и унагъуэм щыщхэр гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и члисэ зэхуэсыр арщ. А члисэ зэхуэсыращ щыпкъагъэр зытет пкъори лъабжьэри.

16 Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan