Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -


ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ

1 Ди къуэшхэ, а Ӏуэхухэр къыщыхъун зэманми сыхьэтхэми ятеухуауэ ныфхуэттхыну лейщ,

2 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дыгъуакӀуэр цӀыхухэр пэмыплъэххауэ жэщым къызэрыкӀуэм хуэдэу, Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм деж фымыщӀэххэу къызэрыкӀуэжынум фыщыгъуазэщ.

3 «Иджы гузэгъэгъуэ диӀэщ, шынагъуэ зыри щыӀэкъым», цӀыхухэм щыжаӀэкӀэ, гугъуехьышхуэ ямыщӀэххэу къатехъуэнущ, фыз лъэщыджэм лъхугъэр къызэрытелъадэм хуэдэу. Абы фӀэкӀыпӀэ иӀэнукъым.

4 Ауэ фэ, ди къуэшхэ, кӀыфӀыгъэм фыхэткъым. Аращи, а махуэр дыгъуакӀуэм хуэдэу фымыщӀэххэу къыфхуэкӀуэнукъым.

5 Фэ псори нэхум фрибынщ, махуэми фрибынщ. Дэ жэщым икӀи кӀыфӀыгъэм я бынхэм дащыщкъым.

6 Аращи, нэгъуэщӀ цӀыхухэм яхуэдэу дыжей хъунукъым, атӀэ дымыжейуэ дысакъын, зышыӀэныгъи тхэлъын хуейщ.

7 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ жэщырщ цӀыхур щыжейр, икӀи жэщырщ ефэхэр щефэр.

8 Ауэ дэ махуэм и быну дыщытщи, зышыӀэныгъэ зидвгъэгъэӀэ. ФӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ афэ джанэм хуэдэу зыщыфтӀагъэ, икӀи Тхьэм дымыкӀуэду дыкъызэрыригъэлыным дыщыгугъыурэ дызэрыпэплъэр тажым хуэдэу дывгъэӀэт.

9 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и губжь къыттригъэхуэн щхьэкӀэкъым абы и бын дыхъуну дыщӀигъэувар, атӀэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь дымыкӀуэду дыкъригъэгъэлын щхьэкӀэщ.

10 Хьисэ, и фӀагъ къыдигъэкӀын щхьэкӀэ, лӀащ, къыщыкӀуэжкӀэ, дыпсэуми дылӀами, абы дригъусэу дыпсэун папщӀэ.

11 Аращи, зым адрейр ирырегъэгушхуэ икӀи зым адрейм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ ирырегъэгъуэт, иджы зэрыфщӀым хуэдэу.


Иужьрей Ӏуэхуу Паул ягуригъаӀуэхэр

12 Ди къуэшхэ, фэ къыфхуэлажьэу, Зиусхьэным и ӀуэхухэмкӀэ тепщэныгъэ къыфхузиӀэ цӀыхуу къывгурызыгъаӀуэхэм щӀыхь яхуэфщӀыну дыныволъэӀу.

13 Абыхэм ялэжь Ӏуэхум щхьэкӀэ щӀыхьышхуэ яхуэфщӀ икӀи фӀыуэ флъагъу. ФызэгурыӀуэ.

14 Ди къуэшхэ, дыныволъэӀу, лэжьэну зымыдэхэм зэрыщыуэр ягурывгъаӀуэ, зи гур кӀуэдахэр вгъэгушхуэ, дэӀэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм фадэӀэпыкъу, цӀыху псоми шыӀэныгъэкӀэ фадэгъуэгурыкӀуэ.

15 Зыгуэрым и бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ премыувыж хэти. Ауэ фэ фӀы зэрызэхуэфщӀэным фыхущӀэкъу, цӀыху псоми фӀы зэрахуэфщӀэнми сыт щыгъуи и ужь фит.

16 Сыт щыгъуи фыгуфӀэ.

17 Тхьэм зэпымыууэ фелъэӀу.

18 Сыт ищӀыс къыфщыщӀми, Тхьэм фӀыщӀэ хуэфщӀ, фэ, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм, апхуэдэу фщӀэну аращ Тхьэр зыхуейри.

19 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и мафӀэр фымыгъэункӀыфӀ.

20 Тхьэм цӀыхухэм ягу кърилъхьэ псалъэхэр зэрыжаӀэм нэмыплъ евмыт.

21 Ӏуэху псоми я щыпкъагъэр вгъэунэху, фӀым фытет.

22 Сыт хуэдэ бзаджагъэми пэӀэщӀэ зыфщӀ.

23 Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм фи гур нэсауэ ирегъэкъэбзэж, зэрани къывэмыкӀыу фигури, фи псэри, фипкъри кърехъумэ, Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэн щхьэкӀэ.

24 И бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуезыджа Тхьэр щыпкъэщ, абы а Ӏуэхур игъэзэщӀэнущ.

25 Ди къуэшхэ, Тхьэм фытхуелъэӀу.

26 ГукъабзагъэкӀэ къуэш псоми ӀэплӀэ ефшэкӀыурэ, фӀэхъус схуефхыж.

27 Къуэш псоми мы тхылъым факъыхуеджэну Зиусхьэным и цӀэкӀэ унафэ ныфхузощӀ.

28 Ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan