Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Руфэ 1 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ


Елимэлэх и унагъуэр и гъусэу МоӀэбей зэрыӀэпхъуар

1 ХеящӀэхэм я зэману ИсрэӀилым гъаблэ къыщыщыхъуам щыгъуэ Ехьудей хэкум ит Бэтлъэхъем жылэм щыщ зылӀ, и щхьэгъусэри и къуитӀри щӀыгъуу, МоӀэбей къэралым кӀуащ, пӀалъэкӀэ щыпсэуну.

2 А лӀым зэреджэр Елимэлэхт, и щхьэгъусэм – НэӀумий, и къуитӀым – Мэхълэнрэ Къилиуэнрэ. Ахэр Бэтлъэхъем жылэм, Ехьудейм итым, дэс Ефрафэ лъэпкъым щыщт. Арати, ахэр МоӀэбей Ӏэпхъуауэ щыпсэурт.

3 Куэд дэмыкӀыу, Елимэлэх, НэӀумий и лӀыр, дунейм ехыжри, ар и къуитӀым къабгъэдэнащ.

4 Ауэрэ и къуитӀым моӀэб лъэпкъым щыщхэу щхьэгъусэ зрагъэгъуэтащ – зым Ӏурпэ, адрейм – Руфэ я цӀэу. ИлъэсипщӀ хуэдизкӀэ ахэр а щӀыпӀэм щыпсэуауэ,

5 Мэхълэни Къилиуэни дунейм ехыжри, НэӀумий и щхьэгъусэри и къуитӀри имыӀэжу къэнащ.


НэӀумий Бэтлъэхъем зэригъэзэжар

6 Зиусхьэну Тхьэм и лъэпкъым закъыщӀигъакъуэу, гъавэ бэв къаритауэ МоӀэбей щагъэхъыбару зэхихри, НэӀумий и хэкужьым игъэзэжыну зигъэхьэзыращ, и ныситӀри и гъусэу.

7 Ахэр щӀыгъуу, щыпсэуа щӀыпӀэр къигъанэри, Ехьудей щӀыналъэм кӀуэжыну гъуэгу теуващ НэӀумий.

8 Куэд ямыкӀуауэ, НэӀумий и ныситӀым яжриӀащ: «Вгъэзэжи, щхьэж и дыщ фекӀуэлӀэж. Зиусхьэным гущӀэгъу къыфхуищӀ, си къуэ мыгъуэхэми сэри фыкъытхуэгумащӀэу зэрыщытам хуэдэу!

9 ПӀэщхьагъ дахэ тӀуми Зиусхьэным фигъэгъуэтыж!» Апхуэдэу жиӀэу, НэӀумий и ныситӀым ӀэплӀэ, ба щахуищӀыжым, ахэр къыщиудри, захуэмыубыдыжу къэгъащ.

10 «Хьэуэ, дэри уи гъусэу дынэкӀуэнущ уи хэкум», – жаӀащ абыхэм.

11 «Хьэуэ, хьэуэ, вгъэзэж, сипхъу цӀыкӀухэ! – идакъым НэӀумий. – Сыт фэ си гъусэу фыныщӀэкӀуэнур? Сэ згъуэтыжыфыну фэ щхьэгъусэ фхуэхъун къуэ?

12 Вгъэзэж, сипхъу цӀыкӀухэ, сэ жьы сыхъуащ, дэнэ сыщыдэкӀуэжын? Бын згъуэтыжыну сыгугъэми, ныжэбэ лӀы сригъусэу итӀанэ къуэхэр къэслъхуми,

13 ахэр къэхъуху дауэ фежьэн? Апхуэдиз зэманкӀэ фыдэмыкӀуэжу дауэ фыдэсын? Хьэуэ, си тӀасэхэ! Фэ фи Ӏуэхум нэхърэ сэ си Ӏуэхур нэхъ хэплъэгъуэщ – сэ Зиусхьэным и ней къысщыхуэри си гъащӀэр дыдж ищӀащ!»

14 Абдежым абыхэм аргуэру гъын кърагъэжьэжащ. Арати, Ӏурпэ и гуащэм ӀэплӀэ, ба хуищӀыжри, ежьэжащ, ауэ Руфэ НэӀумий имыутӀыпщу зыкӀэрикъузэрт.

15 «Мес, уи нысэгъум и лъэпкъым, и тхьэхэм я деж егъэзэж, уэри абы и гъусэу гъэзэж», – жриӀащ НэӀумий Руфэ.

16 АрщхьэкӀэ Руфэ жиӀащ: «КхъыӀэ, cыхыумыгъэзыхь укъэзгъэнэну, си щӀыбыр ныпхуэзгъэзэну. Уэ уздэкӀуэ сэри сыкӀуэнущ, укъыщыувыӀи сыкъыщыувыӀэнущ. Уи лъэпкъри си лъэпкъыу, уи Тхьэри си Тхьэу щытынущ.

17 Уэ ущылӀэ сэри сыщылӀэнущ, абдежи сыщыщӀалъхьэжынущ. Зиусхьэным и ней къысщыхуэ, си псэр Ӏуту сэ укъэзгъанэмэ!»

18 И гъусэу кӀуэну Руфэ мурад быдэ зэрищӀар къыщыгурыӀуэм, НэӀумий ар хигъэзыхьыжакъым.

19 Арати, цӀыхубзитӀым гъуэгуанэ кӀыхьыр зэпачри, Бэтлъэхъем нэблэгъащ. Ахэр къыщалъэгъуам, жылэдэсхэм абыхэм фӀэкӀа Ӏуэху яӀэжтэкъым. ЦӀыхубзхэм ягъэщӀагъуэрт: «Ана, мор НэӀумий?» – жаӀэурэ.

20 «АфӀэкӀа сэр щхьэкӀэ НэӀумий жывмыӀэ, МарэкӀэ фыкъызэджэ, – яжриӀащ НэӀумий абыхэм. – Ар щӀыжысӀэр Псори ЗылъэкӀым си гъащӀэр дыдж Ӏей ищӀащи аращ.

21 Сэ мыбы зыри сыщымыщӀэу сыдэкӀащ, арщхьэкӀэ Зиусхьэным зыри симыӀэжу къызигъэгъэзэжащ. Сыт сэ НэӀумийкӀэ фыкъыщӀызэджэнур? Зиусхьэным хьэзабыр сигъэшэчащ, Псори ЗылъэкӀым насыпыншэ дыдэ сищӀащ».

22 Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ НэӀумий МоӀэбей къикӀыжащ, и нысэр – моӀэб лъэпкъым щыщ Руфэ – щӀыгъуу. Ахэр Бэтлъэхъем къыщысыжам, хьэр къахыжын щӀадза къудейт.

© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

Institute for Bible Translation, Russia
Lean sinn:



Sanasan