Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Лукас 8 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ


Хьисэ и Ӏумэтым ит бзылъхугъэхэр

1 Тэлай дэкӀри, Тхьэм и Тепщэныгъэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуиӀуатэурэ, Хьисэ къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къызэхикӀухьын щӀидзащ, и гъэсэн пщыкӀутӀри и гъусэу.

2 Абыхэм нэмыщӀ, жин бзаджэ къызыхихужа икӀи игъэхъужа бзылъхугъэ зыбжани щӀыгъут Хьисэ. Абыхэм я цӀэр мыращ: Хьисэ жин бзаджибл къызыхихужа Мэрям, Магдалэ къуажэм щыщыр,

3 лӀыщхьэ Хьирэд и мылъкузехьэ Хузэ и фыз Иухьанэ, Сусанэ, нэгъуэщӀхэри. Ахэр я мылъкумкӀэ Хьисэрэ и гъэсэнхэмрэ ядэӀэпыкъурт.


Жыласэм теухуа щӀагъыбзэ

4 Жылэхэм къикӀауэ цӀыху куэд къыщызэхуэсым, Хьисэ щӀагъыбзэ зыщӀэлъ хъыбар къригъэжьащ:

5 – Жыласэм жылэ трисэну дэкӀащ. Здытрисэм, жылэм щыщ гъуэгум телъэлъащ. ЦӀыхухэм ар щӀым хаутэри, къуалэбзухэм зэщӀащыпащ.

6 Жылэм щыщ щӀы мывалъэми хэхуащ икӀи къуэпс идзащ, ауэ псы зэримыгъуэтым къыхэкӀкӀэ гъужащ.

7 Жылэм щыщ банэми хэхуащ икӀи къэкӀащ, ауэ банэм абы и къуэпсым зригъэужьакъым.

8 Жылэм щыщ щӀыфӀми хэхуащ, къэкӀащ икӀи трисар щэкӀэ бэгъуауэ къытрихыжащ. Ар жиӀа нэужь, Хьисэ макъ лъагэкӀэ къыпищащ: – ТхьэкӀумэ зиӀэм жысӀэр зэхрырех.


ЩӀагъыбзэм и мыхьэнэр

9 А щӀагъыбзэм къикӀыр къагуригъэӀуэну къелъэӀуащ и гъэсэнхэр Хьисэ.

10 – Тхьэм и Тепщэныгъэм и щэхухэр фщӀэну хуит фищӀащ фэ Тхьэм, – жиӀащ Хьисэ. – Ауэ адрей цӀыхухэм щӀагъыбзэущ ар зэрызэхахынур икӀи «еплъ пэтми ялъагъунукъым, зэхах пэтми къагурыӀуэнукъым».

11 ЩӀагъыбзэ зэхэфхам къикӀыр мыращ: Жылэр Тхьэм и псалъэращ.

12 Гъуэгум техуа жылэр Тхьэм и псалъэр зэхэзых цӀыхухэрщ, ауэ иужькӀэ Ӏиблисыр абыхэм къахуокӀуэри, зэхаха псалъэр яфӀедыгъу, фӀэщхъуныгъэ ямыгъуэтын, къемылын щхьэкӀэ.

13 ЩӀы мывалъэм хэхуа жылэр Тхьэм и псалъэр зэхэзыхыу ар гуфӀэгъуэкӀэ зыщтэ цӀыхухэрщ. Ауэ я фӀэщхъуныгъэм лъабжьэ зэримыӀэм къыхэкӀкӀэ, апхуэдэ цӀыхухэм Тхьэр тэлайкӀэщ я фӀэщ зэрыхъур, я фӀэщхъуныгъэр зыгъэунэху гугъуехьхэр къалъыкъуэкӀа нэужь, Тхьэм и гъуэгум тощхьэрыукӀыж ахэр.

14 Банэм хэхуа жылэр Тхьэм и псалъэр зэхэзыххэрщ. Ауэ зэманыр и пӀэм иткъыми, апхуэдэ цӀыхухэр гъащӀэм пыщӀа гугъуехьхэм, мылъку къэлэжьыным, зыгъэтхъэжыным хущӀагъэхьэркъым. Ахэр зи къуэпсыр зымыдз къэкӀыгъэм хуэдэу къонэ.

15 ЩӀыфӀым хэхуа жылэр Тхьэм и псалъэр гу хьэлэлым, гу пцӀанэм щызыхъумэу икӀи къэмыдзыхэу гъавэ бэв къезыхьэлӀэж цӀыхухэрщ.


Нахуэ къэмыхъужын щэхуи бзыщӀыгъи щыӀэкъым

16 – Уэздыгъэ пигъанэу кумбыгъэкӀэ щӀиӀубэркъым зыми, е гъуэлъыпӀэ щӀагъым щӀигъэувэркъым, атӀэ уэздыгъэ тегъэувапӀэм трегъэувэ, къыщӀыхьэхэм яхуэнэхун папщӀэ.

17 Нахуэ къэмыхъужын щэхурэ къыщӀэмыщыжын, къамыщӀэжын бзыщӀыгъэрэ щыӀэкъым.

18 Аращи, фызэрыдаӀуэ щӀыкӀэм фыкӀэлъыплъ. Сыту жыпӀэмэ зиӀэ дэтхэнэми Тхьэм къыхущӀигъунущ, зимыӀэ дэтхэнэми иӀэу къыфӀэщӀри Тхьэм Ӏихыжынущ.


Хьисэ и анэмрэ и къуэшхэмрэ

19 И анэмрэ и къуэшхэмрэ Хьисэ деж къэкӀуащ. Ауэ бгъэдыхьэфыртэкъым, цӀыхур Ӏувти.

20 Хьисэ хъыбар ирагъэщӀащ: – Уи анэмрэ уи къуэшхэмрэ укъалъагъуну къэкӀуауэ щӀыбым дэтщ, – жаӀэри.

21 – Тхьэм и псалъэр зэхэзыххэу ар зыгъэзащӀэхэращ Сэ си анэ, си къуэш хъужхэр, – итыжащ Абы жэуап.


Хьисэ борэныр зэригъэсабырыжар

22 Махуэ гуэрым Хьисэ, и гъэсэнхэр и гъусэу, кхъуафэжьейм итӀысхьэри, яжриӀащ: – Девгъажьи, дызэпрывгъэкӀ гуэлым. Арати, ежьахэщ.

23 Кхъуафэжьейм ису здэкӀуэм, Ар щхьэукъуащ. Гуэлым борэн къыщыхъейри, кхъуафэжьейм псы къиуэу щӀидзащ. Я Ӏуэхур шынагъуэ хъуат.

24 Апхуэдэу щыхъум, Абы и гъэсэнхэр къыбгъэдыхьэщ, къагъэушри, къыжраӀащ: – УщиякӀуэ, ущиякӀуэ, детхьэлэ! Хьисэ къэтэджри, борэнри толъкъунхэри игъэсабырыжащ, дунейри щым хъужащ.

25 – Фи фӀэщхъуныгъэр дэнэ щыӀэ? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм. – Жьыми псыми унафэ яхуэзыщӀу зыгъэӀурыщӀэ мыр хэт хъуну? – жаӀэурэ зэупщӀыжырт гъэсэнхэр, шынарэ ялъэгъуар яфӀэтелъыджэ хъуауэ.


Жин бзаджэхэм яӀыгъ цӀыху гуэр Хьисэ зэригъэхъужар

26 Джэрэсин лъэпкъым я хэкум, Гэлилейм къыпэщылъым, нэсащ ахэр.

27 Хьисэ кхъуафэжьейм къыщикӀым, жылэм щыщ лӀы гуэр, жин бзаджэхэм яӀыгъыу, къыхуэзащ. Куэд щӀауэ щыгъын щымыгъыу къикӀухьырт абы, и унэ исыжтэкъым, щыпсэур кхъэрат.

28 Хьисэ къызэрилъагъуу, и лъакъуэм кӀийуэ зыщӀидзэри, макъышхуэкӀэ жиӀащ абы: – Я Нэхъ Лъагэм и Къуэ Хьисэ, сыт уи Ӏуэхуу къысхэлъыр? СынолъэӀу, гугъу сумыгъэхь!

29 Абы апхуэдэу щӀыжиӀар Хьисэ абы хэс жин бзаджэр къыхэкӀыжыну унафэ хуищӀати, аращ. Жин бзаджэр а цӀыхум куэдрэ къыхыхьэурэ, гугъу иригъэхьырт. ГъущӀ кӀапсэкӀэ епхауэ яхъумэрт ар, арщхьэкӀэ кӀапсэр къызэпиудырти, жин бзаджэм ар къумым ихурт.

30 – Уи цӀэр сыт? – еупщӀащ абы Хьисэ. – Дзэщ сэ си цӀэр, – къритыжащ абы жэуап. А лӀым жин бзаджэ куэд и пкъым хыхьауэ хэсти, арат абы апхуэдэу щӀыжиӀэр.

31 Жин бзаджэхэр Хьисэ хуабжьу къелъэӀуащ, кууупӀэ лъащӀэншэм имыгъэкӀуэну.

32 А щӀыпӀэм кхъуэ хъушэ щыхъуакӀуэрт, Ӏуащхьэм тету. Кхъуэхэм яхыхьэну хуит ищӀыну къелъэӀуащ ахэр Хьисэ. КъыщелъэӀум, Абы ахэр хуит ищӀащ.

33 Жинхэр цӀыхум къыхэкӀыжри, кхъуэхэм яхыхьащ. Арати, хъушэр зэрехьэжьэщ, нэпкъым елъэри, псым итхьэлащ.

34 Къэхъуар зылъэгъуа кхъуахъуэхэр щӀэпхъуэжри, къалэми жылэхэми щаӀуэтэжащ ялъэгъуар.

35 Къэхъуам еплъыну цӀыхухэр къыдэкӀщ, Хьисэ деж къакӀуэри, жин бзаджэр къызыхэкӀыжа цӀыхур хуэпарэ и акъылыр зэтеувэжауэ, Хьисэ и лъакъуэм пэгъунэгъуу щысу кърихьэлӀащ икӀи хуабжьу шынахэщ.

36 Къэхъуар зи нэгу щӀэкӀахэм Хьисэ а лӀым жин бзаджэхэр къызэрыхихужар яӀуэтэжащ.

37 Джэрэсинхэр псори Хьисэ къелъэӀуащ я хэкур къибгынэну, сыту жыпӀэмэ псори хуабжьу шынат. Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьэри ежьэжащ.

38 Жин бзаджэ къызыхихужа лӀыр Хьисэ къелъэӀуащ: «Гъусэ сыщӀ», – жиӀэри. Ауэ лӀым мыпхуэдэу жриӀэри, Абы ар иутӀыпщыжащ:

39 – Уи унэ кӀуэжи, Тхьэм къыпхуищӀа фӀыгъуэшхуэр уи лъэпкъэгъухэм яхуэӀуэтэж. ЛӀым къуажэм игъэзэжри, Хьисэ къыхуищӀар цӀыхухэм яхуиӀуэтэжащ.


Хьисэ ажалымрэ узымрэ зэрытекӀуар

40 Хьисэ игъэзэжа нэужь, цӀыху куэд къыпежьащ, ахэр псори абы къыпэплъэрти.

41 ТхьэлъэӀупӀэ унэм щылажьэхэм я нэхъыщхьэ гуэр, Яхьир и цӀэу, Хьисэ деж къакӀуэщ, и лъакъуэм зыщӀидзэри, къелъэӀуащ и унэм хуеблэгъэну.

42 Абы ипхъу закъуэр, илъэс пщыкӀутӀым нэблэгъар, лӀэн гъунэгъу хъуауэ сымаджэ хьэлъэу хэлът. Арати, Хьисэ къелъэӀуам и гъусэу ежьащ, цӀыхубэр къытегуплӀэу.

43 Илъэс пщыкӀутӀ хъуауэ лъы зыщӀэкӀ цӀыхубз гуэр абдеж щытт цӀыхухэм яхэту. И мылъкур дохутырхэм ятригъэкӀуэда пэтрэ, зыми яхуэгъэхъужатэкъым ар.

44 А цӀыхубзыр Хьисэ и щӀыбагъымкӀэ къыщыбгъэдыхьэри, и щыгъын кӀапэм къеӀусащ, лъыр асыхьэтуи увыӀащ.

45 – Хэт къызэӀусар? – щӀэупщӀащ Хьисэ. Зыми зыщимыумысыжым, Питрэс жиӀащ: – УщиякӀуэ, цӀыху цӀыкӀур къопщӀауэ, лъэныкъуиплӀымкӀи къыщыптогуплӀэ.

46 – Хьэуэ, сэ зыгуэр къызэӀусащ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыту жыпӀэмэ къару зэрысщӀэкӀар зыхэсщӀащ.

47 ЦӀыхубзым зибзыщӀыну Ӏэмал зэримыӀэжыр щилъагъум, кӀэзызу къыкъуэкӀщ, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, еӀусэн хуей щӀэхъуари асыхьэтым зэрыхъужари цӀыху псоми я пащхьэм щиӀуэтэжащ.

48 – Ди шыпхъу, уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Тхьэм гупсэхугъуэ къуит, кӀуэ иджы.

49 Хьисэ и псалъэр нигъэсатэкъым, Яхьир и унэм щыхьэкӀуэ къикӀыу мыпхуэдэу къыщыжриӀам: – Яхьир, уи пхъур щыӀэжкъым. Дин ущиякӀуэр лейуэ гугъу йоумыгъэхь.

50 Ар щызэхихым, Хьисэ Яхьир жриӀащ: – Умышынэ. Уи фӀэщ щӀы закъуи, къелынущ уи пхъур.

51 Хьисэ Яхьир и унэм щынэсым, Питрэс, Яхья, Екъуб икӀи хъыджэбз цӀыкӀу лӀам и адэмрэ и анэмрэ нэмыщӀ, унэм нэгъуэщӀ щӀыхьэну хуит ищӀакъым.

52 ЦӀыху псоми пыхьэрэ гъуэгыу хьэдагъэ ящӀырт. Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Фымыгъей. Мыр лӀакъым, жейуэ аращ!

53 ЦӀыхухэр Хьисэ къыщыдыхьэшхащ, хъыджэбз цӀыкӀур зэрылӀар ящӀэрти.

54 Хьисэ абы и Ӏэр иубыдри мыпхуэдэу жиӀащ: – Пщащэ цӀыкӀу, къэтэдж!

55 Хъыджэбз цӀыкӀум и псэр къыхыхьэжри, асыхьэтым къызэфӀэуващ. Ар ягъэшхэну унафэ ищӀащ Хьисэ.

56 Пщащэ цӀыкӀум и адэмрэ и анэмрэ телъыджащэ ящыхъуат ялъэгъуар, ауэ Хьисэ абыхэм унафэ яхуищӀащ къэхъуар зыми хуамыӀуэтэжыну.

© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

Institute for Bible Translation, Russia
Lean sinn:



Sanasan