Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Лукас 6 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ


Хьисэ щэбэтым и тепщэщ

1 Зэгуэрым, щэбэт махуэу, Хьисэ гуэдз хьэсэм хэту кӀуэрт. И гъэсэнхэм гуэдз щхьэмыжхэр къыпачурэ яшхырт, яӀуэтурэ.

2 Фарисейхэм ящыщ гуэрхэм ар щалъагъум, къыжраӀащ: – Щэбэт махуэм пщӀэ мыхъунур щӀэфщӀэр сыт? – жаӀэри.

3 – Даут и гъусахэмрэ езымрэ къыщымэжэлӀам абы ищӀам фемыджауэ ара? – жиӀащ Хьисэ. –

4 Даут Тхьэм и Шэтырым щӀыхьэщ, Тхьэм и пащхьэ иралъхьэ щӀакхъуэр къищтэри, ишхащ, и гъусэхэми яригъэшхащ, дин гъуазэхэм нэмыщӀ, а щӀакхъуэр зыми яшх мыхъуну щыта пэтрэ. –

5 Хьисэ ар жиӀэри, мыр къыпищащ: – ЦӀыхум и Къуэр щэбэтым и тепщэщ.

6 НэгъуэщӀ щэбэт махуэ гуэрым тхьэлъэӀупӀэ унэм щӀыхьэри, Хьисэ цӀыхухэр Тхыгъэ ЛъапӀэм щӀигъэджыкӀын щӀидзащ. Зи Ӏэ ижьыр гъуа лӀы гуэр абы щӀэст.

7 Теурэт егъэджакӀуэхэмрэ фарисейхэмрэ Хьисэ кӀэлъыплъырт, а лӀыр щэбэт махуэм игъэхъужмэ, абыкӀэ ягъэкъуэншэн я мураду.

8 Хьисэ абыхэм я гум илъыр ищӀэрти, зи Ӏэр гъуа лӀым мыпхуэдэу жриӀащ: – Къэтэджи, утыкум къиувэ. ЛӀыр тэджри, утыкум иуващ.

9 – Сэ фэ сынывоупщӀ, – яжриӀащ абыхэм Хьисэ. – ФӀы пщӀэныра хьэмэрэ Ӏей пщӀэныра къезэгъыр щэбэт махуэм? ЦӀыхур къебгъэлыныра хьэмэрэ бгъэкӀуэдыныра къезэгъыр?

10 Ар жиӀа нэужь, Хьисэ, псори къызэхиплъыхьри, зи Ӏэр гъуа лӀым жриӀащ: – Уи Ӏэр къэший! ЛӀым и Ӏэр ишийри, узыншэ хъужащ.

11 Хьисэ и пэрыуэгъухэм ар щалъагъум, къызэрыгъэгубжьри, Хьисэ иращӀэнумкӀэ зэчэнджэщащ.


Хьисэ лӀыкӀуэ ищӀыну къыхихахэр

12 А махуэхэм Хьисэ тхьэ елъэӀуну Ӏуащхьэм дэкӀуейри, жэщыр абы щигъэкӀуащ, тхьэ елъэӀуу.

13 Нэху зэрыщу, и гъэсэнхэр ириджэщ, цӀыху пщыкӀутӀ абыхэм щыщу къыхихри, лӀыкӀуэ ищӀащ.

14 Мис ахэр: Хьисэ Питрэс зыфӀищыжа Симэн, Питрэс и къуэш Индрис, Екъуб, Яхья, ФылыпӀ, Бартэлим,

15 МатӀэ, ТӀэмус, Алиф и къуэ Екъуб, зилотхэм ящыщ Симэн,

16 Екъуб и къуэ Ехьудэ икӀи Ехьудэ ИшкӀэриуэт (иужькӀэ Хьисэ епцӀыжар).


Гъуэгу махуэ теувахэр

17 Хьисэ абыхэм я гъусэу Ӏуащхьэм къехыжри, и гъэсэн куэд къыщыпэплъэ тафэм къытехьэжащ. Абыхэм нэмыщӀ, Ехьудей псоми, Ерусэлими, хы Ӏуфэм Ӏут Тиррэ Сидонрэ пэгъунэгъу жылэхэми къикӀауэ цӀыху куэд къызэхуэсат.

18 Хьисэ жиӀэм едэӀуэну икӀи я узхэр ирагъэхъужыну арат ахэр къыщӀэкӀуар. Жин бзаджэм иӀыгъхэри хъужырт.

19 Сымаджэ псори зыгъэхъуж къару къызэрыпкърыкӀым щхьэкӀэ цӀыху псори Хьисэ еӀусэну щӀэкъут.

20 И гъэсэнхэм яхэплъэри, Хьисэ жиӀащ: – Гъуэгу махуэ фытеуващ тхьэмыщкӀэхэр, сыту жыпӀэмэ Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щӀэтхэр фэращ.

21 Гъуэгу махуэ фытеуващ иджыпсту мэжалӀэхэр, зывгъэнщӀыжынущи. Гъуэгу махуэ фытеуващ иджыпсту гъыхэр, фыгуфӀэжынущи.

22 Гъуэгу махуэ фытеуващ, ЦӀыхум и Къуэм и гъуэгум фызэрытетым щхьэкӀэ цӀыхухэм фыкъалъагъу мыхъуу щытмэ, фыкъызыхахумэ, фхуэмыфащэ къывапэсмэ икӀи фи цӀэр ягъэикӀэмэ.

23 ФыгуфӀэ а махуэм, фыгуфӀэ, фыдэлъей, сыту жыпӀэмэ уафэм саугъэт ин къыщыфпоплъэ. Апхуэдэ цӀыхухэм я адэжьхэм ар дыдэр пасэрей бегъымбархэми иращӀэу щытащ.

24 Ауэ фэ, къулеижьхэр, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, фи гум фӀэӀэфӀхэр зывгъэнщӀыху вгъуэтащи.

25 Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ иджыпсту зи ныбэ изхэр, фымэжэлӀэжынущи. Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ иджыпсту дыхьэшххэр, фыгъыжынущ, фыпыхьэжынущи.

26 Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, цӀыху псори къыфщытхъумэ, сыту жыпӀэмэ а къыфщытхъухэм я адэжьхэри бегъымбар нэпцӀхэм ящытхъуу щытащ.


ФӀылъагъуныгъэм теухуауэ

27 – Ауэ Сэ къызэдаӀуэхэм нывжызоӀэ: Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, фыкъэзылъагъу мыхъухэм фӀы яхуэфщӀэ.

28 Къывэбгхэм Тхьэм и нэфӀ къащыхуэну фахуелъэӀу, фи жагъуэ къэзыщӀхэми Тхьэр фӀыкӀэ къахуэупсэну фахуелъэӀу.

29 Уи напэм къеуэм адрей напэ лъэныкъуэр хуэгъазэ. Уи щыгъын щӀыӀутелъыр птезыхым упэрымыуэу уи джанэри егъащтэ.

30 КъолъэӀу дэтхэнэми къыщӀолъэӀур ет! Уи хьэпшып птезыхым къытепхыжыну и ужь уимыхьэ.

31 ЦӀыхухэм зыхуевгъэщӀэну фызыхуейр фэри яхуэфщӀэ.

32 ФӀыуэ фыкъэзылъагъухэм фӀэкӀа адрейхэр фӀыуэ фымылъагъумэ, Тхьэр къыфщытхъуну фыщымыгугъ. Гуэныхьлыхэми фӀыуэ къэзылъагъухэр фӀыуэ ялъагъуж.

33 ФӀы къыфхуэзыщӀэхэм фӀэкӀа адрейхэм фӀы яхуэвмыщӀэмэ, Тхьэр къыфщытхъуну фыщымыгугъ. Гуэныхьлыхэми ар дыдэр ящӀэркъэ?

34 Къэзыпшыныжыну фызыщыгугъхэм фӀэкӀа нэгъуэщӀхэм щӀыхуэ евмытмэ, Тхьэр къыфщытхъуну фыщымыгугъ. Гуэныхьлыхэми езыхэм хуэдэ гуэныхьлыхэм щӀыхуэ ират, абы хуэдиз дыдэ къызэрыратыжынур ящӀэри.

35 Ауэ фэ фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, фӀы яхуэфщӀэ икӀи щӀыхуэ ефт, къыватыжыну фыщымыгугъми. Абы щыгъуэ саугъэтышхуэ къыфлъысынущ икӀи Я Нэхъ Лъагэм и бын фыхъунущ, Тхьэр фӀыщӀэ зымыщӀхэми цӀыху ябгэхэми яхуэжумартщи.

36 Фи Адэ лъапӀэм хуэдэу гущӀэгъулыуэ фыщыт.


Хьэкум зыми тевмыщӀыхь

37 – Хьэкум зыми тевмыщӀыхьи, фэри къыфтращӀыхьынукъым. Зыри фымыгъэкъуанши, Тхьэм фэри фигъэкъуэншэнукъым. КъывэкъуэншэкӀхэм яхуэвгъэгъуи, Тхьэм фэри къыфхуигъэгъунущ.

38 ЦӀыхухэм зыщӀэлъэӀур ефти, Тхьэм фэри къывитынущ. Пщалъэм изу, зэщыгуарэ зэщыубэжауэ Тхьэм къыфхуипщыжынущ. НэгъуэщӀу жыпӀэмэ, фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэкӀэщ фэри къызэрыфхуапщынур.

39 Ар жиӀэри, Хьисэ абыхэм ущие псалъэ яжриӀащ: – Зы нэфыр нэгъуэщӀ нэфым гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъун лъэкӀыну? ТӀури мащэм ихуэнукъэ?

40 ЕджакӀуэр езыгъаджэм нэхърэ нэхъ инкъым, ауэ зыхуагъэӀущыр нэгъэсауэ зыдж дэтхэнэри абы хуэдэ мэхъу.

41 Уи нэм щӀэлъ бжэгъур умылъагъуу, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр щхьэ плъагъурэ?

42 Уэ езым уи нэм щӀэлъ бжэгъур умылъагъужу, уи къуэшым дауэ жепӀэфрэ: «Си къуэш, уи нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къыщӀэзгъэхыж», – жыпӀэу? БзитӀщхьитӀ! Уэ езым уи нэм щӀэлъ бжэгъур къыщӀэхыж япэщӀыкӀэ, итӀанэ къэпщӀэнущ уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къызэрыщӀэпхыжыну щӀыкӀэр.


Жыгыр зыхуэдэр къызэращӀэ щӀыкӀэр

43 – ЖыгыфӀым пхъэщхьэмыщхьэ Ӏей къыпыкӀэркъым, жыг Ӏейми пхъэщхьэмыщхьэфӀ къыпыкӀэркъым.

44 Дэтхэнэ жыгри зыхуэдэр къыпыкӀэмкӀэщ къызэращӀэр. Пыжьейм жызум къыпачыркъым, кхъуэбанэми хъурмэ къыпачыркъым.

45 ЦӀыху угъурлым фӀыр щихъумэ и гум фӀы кърех. ЦӀыху ябгэм ер щихъумэ и гум е кърех. Сыту жыпӀэмэ цӀыхум и гум илъырщ и бзэм къипсэлъыр.


Унэ лъабжьэ нэсыр

46 – Сэ вжесӀэр щывмыгъэзащӀэкӀэ, «Зи щӀыхьыр ин, Зи щӀыхьыр ин!» къыщӀызжефӀэр сыт?

47 Си Ӏумэтым къихьэрэ, си псалъэм едаӀуэу, ар зыгъэзащӀэ дэтхэнэри зыхуэдэр вжесӀэнщ.

48 Унэ щиухуэм щӀыр куууэ дэзытӀыкӀыу унэ лъабжьэр мывэм тезыщӀыхьа цӀыхум хуэдэщ ар. Псыр къиури, унэм тегуплӀащ, ауэ хуэгъэхъеякъым, унэр зэпэщу щӀа хъуати.

49 Ауэ си псалъэм едаӀуэу ар зымыгъэзащӀэр, зи унэр лъабжьэ имыӀэу щӀым и гущӀыӀум тезыщӀыхьа цӀыхум хуэдэщ. Псыр щытегуплӀэм, а унэр асыхьэтым къызэтеуэжащ, къутахуэ фӀэкӀа къэмынэу.

© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

Institute for Bible Translation, Russia
Lean sinn:



Sanasan