Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Лукас 3 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ


Яхья и ущиехэр

1 Къайсэр Тиберий и тетыгъуэм и епщыкӀутхуанэ илъэсым Понтий Пилат Ехьудейм и унафэщӀу щытащ. Хьирэд Гэлилей хэкум и лӀыщхьэт; Хьирэд и къуэш ФылыпӀ Итурей, Трэхъуэнит хэкухэм я тетт; Лисанэ Абилиней хэкум щытепщэт;

2 Хьэнэнрэ Къаифэсрэ дин гъуазэ нэхъыщхьэ дыдэт. Зэчрей и къуэ Яхья, къумым щыпсэум, Тхьэм и псалъэ къыхуехащ абы щыгъуэ.

3 Яхья Иордан псым и Ӏэшэлъашэхэр къызэхикӀухьурэ, цӀыхухэм я гуэныхьыр Тхьэм къахуигъэгъун папщӀэ, тобэ къахьыжу зрагъэумэхъын зэрыхуейр яжриӀэрт.

4 А Ӏуэхум теухуауэ Ишаяхь бегъымбарым и тхылъым мыпхуэдэу итщ: «Къумым джэ макъ къыщоӀу: Зиусхьэным и гъуэгур хуэвгъэхьэзыр, и лъагъуэхэр захуэ хуэфщӀ.

5 Дэтхэнэ къуэладжэри тафэ хъунущ, дэтхэнэ бгыри Ӏуащхьэри лъахъшэ хъунущ. Гъуэгу нэшэкъашэхэр занщӀэ хъунущ, гъуэгу кумблӀэмбхэр джафэ хъунущ.

6 Тхьэм и цӀыхухэр къызэрыригъэлыр псоми ялъагъунущ абы щыгъуэ».

7 Зрагъэумэхъыну къакӀуэ цӀыхубэм мыпхуэдэу яжриӀэрт Яхья: – Уий, блэщылъхухэ! Тхьэм и губжь къэкӀуэнум фыӀэщӀэкӀыфыну фи фӀэщ зыщӀар хэт?

8 Тобэ къэфхьыжар пэжмэ, фи тобэм хуэфащэ Ӏуэху влэжь. Ауэ фигукӀэ жывмыӀэ «Ибрэхьимщ ди адэр». НывжызоӀэ, мы мывэхэм Ибрэхьим бын къыхухигъэхъукӀын лъэкӀынущ Тхьэм.

9 Джыдэр жыгым тешэщӀа хьэзырщ. ПхъэщхьэмыщхьэфӀ къызыпымыкӀэ дэтхэнэ жыгри къраупщӀыкӀынурэ мафӀэм хадзэнущ.

10 – АтӀэ сыт дэ тщӀэн хуейр? – къеупщӀащ цӀыхухэр Яхья.

11 – ДжанитӀ зиӀэм зыри зимыӀэм ирырет, ерыскъы зиӀэр зимыӀэм дрегуашэ! – жиӀащ Яхья.

12 Тезыр ахъшэ къыхэзыххэри зрагъэумэхъыну къакӀуэри, Яхья къеупщӀащ: – УщиякӀуэ, дэ сыт тщӀэн хуейр?

13 – Къыхэфхын хуей ахъшэм нэхъыбэ къыхэвмых, – жиӀащ Яхья.

14 – Дэ сыт тщӀэн хуейр? – къеупщӀащ зауэлӀхэр. – Ахъшэ зыми залымыгъэкӀэ къытевмых, пцӀы зыми тевмылъхьэ, фи улахуэмкӀэ арэзыуэ фыщыт.

15 – Яхья мы-Мэсихьу пӀэрэ? – жаӀэурэ ягукӀэ зэупщӀыжырт Мэсихьыр къыщыкӀуэнум пэплъэ цӀыхухэр.

16 – Сэ псыкӀэ фызоумэхъ, – яжриӀащ къедаӀуэхэм Яхья. – Ауэ сэ нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъ лъэщ си ужьым итщ. Абы и вакъэ лъэпсыр хуэстӀэтэну сэ схуэфащэкъым. Абы мафӀэкӀэ икӀи Тхьэм и ПсэмкӀэ фиумэхъынущ.

17 И хьэмыр иригъэкъэбзэн папщӀэ, Абы хьэнцэ ӀэщӀэлъщ, и гуэдзыр гуэным щигъэтӀылъынущ, хьэуазэр мыужьых мафӀэкӀэ игъэсынущ.

18 НэгъуэщӀ куэдкӀи иущийурэ, Тхьэм и хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуиӀуатэрт Яхья.

19 ЛӀыщхьэ Хьирэд и къуэшыр псэууэ абы и фыз Хьирэдидэ къызэришэжам икӀи лейуэ зэрихьам щхьэкӀэ Яхья ар игъэкъуаншэрт.

20 Лейуэ зэрихьа псом и щӀыӀужкӀэ Хьирэд Яхья лъэхъуэщым щӀригъэдзащ.


Яхья Хьисэ зэриумэхъар

21 Яхья цӀыхухэр щиумэхъым, Хьиси абы зригъэумэхъащ. Хьисэ тхьэ зделъэӀум, уафэр зэкӀэщӀэкӀри,

22 тхьэрыкъуэм и пкъым и теплъэ иӀэу Тхьэм и Псэр къыхуехащ. Уафэм макъ къиӀукӀащ: «Уэращ фӀыуэ слъагъу си Къуэр, си гур хэзыгъахъуэр».


Хьисэ и адэжьхэр

23 Илъэс щэщӀым итми арат Хьисэ Тхьэм къыщӀигъэкӀуа Ӏуэхугъуэр илэжьын щиублам. ЦӀыхухэм ялъытэрт Хьисэ Исуф, Елий,

24 Мэтфат, Лэуий, Мэлхъий, Ений, Исуф,

25 Мэтаф, Ӏэмэс, Нэум, Хьесли, Нэгей,

26 МэӀэт, Мэтаф, Шэмей, Есихь, Ехьудэ,

27 Иухьэнан, Ресэ, Зурабэбыл, ШэлъфэӀил, Нер,

28 Мелхий, Ӏэдий, Куэсэм, Елмэдим, Ӏэир,

29 Ехъущ, ЕлиӀэзэр, Ӏэюрым, Мэтфат, Лэуий,

30 Шемэн, Ехьудэ, Исуф, Ӏэюнэм, Елэкъим,

31 Мэлий, Менэ, Мэтафэ, Нэтэн, Даут,

32 Исий, Ӏубэд, БоӀэз, Сэлмэний, Нэхъшун,

33 Ӏэминэдэб, Рам, Хъэцрэн, Пэрэз, Ехьудэ,

34 Екъуб, Исхьэкъ, Ибрэхьим, Терахъ, Нэхъур,

35 Сэрыху, РэӀуу, Пэлэдж, Ебыр, Щэлихь,

36 Къенан, Арпэхшад, Шем, Нухь, Ламэхь,

37 Мэфущэлихь, Хъэнох, Ерэд, Мэхьэлэлил, Къенан,

38 Енус, Сеф, Ӏэдэм сымэ къатехъукӀауэ. Езы Ӏэдэм Тхьэм ейт.

© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

Institute for Bible Translation, Russia
Lean sinn:



Sanasan