Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Лукас 23 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ


Хьисэ унафэщӀ Пилат деж зэрашар

1 Псори къызэщӀэтаджэри, Хьисэ Пилат деж яшащ итӀанэ.

2 Абыхэм Хьисэ мыпхуэдэу ягъэкъуаншэрт: – Мыбы ди лъэпкъыр егъэщхьэрыуэ. Къайсэрым еттын хуей тезыр ахъшэр «евмыт» яжреӀэ цӀыхухэм, Мэсихьу, пащтыхьу зигъэӀуу дубыдащ.

3 – Уэ журтхэм урапащтыхьу ара? – еупщӀащ абы Пилат. – Уэращ жызыӀэр, – жиӀащ Хьисэ.

4 – Мы цӀыхум къуаншагъэ кӀэрыслъагъуэркъым, – яжриӀащ Пилат дин гъуазэ нэхъыщхьэхэмрэ цӀыху зэхэтхэмрэ.

5 – Ехьудейм дэнэкӀи лъэпкъыр щызэӀещӀэ и ущиехэмкӀэ. Гэлилейм къыщыщӀидзэри, мыбы къэсащ, – жаӀэурэ, хагъэзыхьырт абыхэм Пилат.


Хьисэ лӀыщхьэ Хьирэд деж зэрашар

6 Пилат «Гэлилей» псалъэр щызэхихым, мыпхуэдэу жиӀащ: – Мыр Гэлилейм щыщу ара?

7 Хьирэд щытепщэ щӀыпӀэм Хьисэ зэрыщыщыр Пилат къыщищӀэм, Ар Хьирэд деж иригъэшащ, Хьирэд а махуэхэм Ерусэлим къэкӀуауэ щыӀэти.

8 Хьисэ щилъагъум, Хьирэд хуабжьу гуфӀащ, Абы и хъыбар зэхиххэм щхьэкӀэ илъагъуну куэд щӀауэ хуейти. Хьисэ и нэщэнэ телъыджэхэм щыщ илъагъунырт нэхъри и нэ къызыхуикӀыр.

9 УпщӀэ куэд иритащ абы Хьисэ, ауэ Хьисэ жэуап къритыжакъым.

10 Дин гъуазэ нэхъыщхьэхэмрэ теурэт егъэджакӀуэхэмрэ Хьисэ хуабжьу ягъэкъуаншэрт.

11 Хьирэдрэ абы и зауэлӀхэмрэ Хьисэ къыщыдыхьэшхщ, ауан къащӀщ, Хьирэд Ар щыгъын лъапӀэкӀэ къихуапэри, Пилат деж къригъэшэжащ.

12 Хьирэдрэ Пилатрэ зэбийуэ щытат, ауэ а махуэм зэфӀ хъужащ.


Хьисэ укӀ зэрытралъхьар

13 Пилат дин гъуазэ нэхъыщхьэхэри, лъэпкъ унафэщӀхэри, цӀыхубэри зэхуишэсри,

14 мыпхуэдэу яжриӀащ: – Мы цӀыхум лъэпкъыр зэӀищӀэу жыфӀэри, си деж къэфшащ. Сэ Абы фи пащхьэм сыщеупщӀащ, ауэ фэ Ар зэрывгъэкъуаншэ щӀэпхъаджагъэхэр сэ Абы дэслъагъуркъым.

15 Хьирэди Абы къуаншагъэ дилъэгъуакъым, аращ къыщӀригъэшэжари. Зэрыфлъагъущи, мы лӀым укӀ щӀытетлъхьэн къуаншагъэ ищӀакъым.

16 Аращи, удын трезгъэдзэнщи, сутӀыпщыжынщ.

17 (Хабзэ хъуауэ, ӀутӀыж махуэшхуэм ирихьэлӀэу, Пилат лъэхъуэщым щӀэсхэм ящыщ зы журтхэм къахуиутӀыпщыжын хуейт.)

18 ЦӀыхухэр зэрыгъэкӀиящ: – Хьисэ укӀ телъхьи, Бэрыбэ къытхуэутӀыпщыж! – жаӀэри.

19 Къалэдэсхэр къызэрызэщӀиӀэтам икӀи цӀыху зэриукӀам щхьэкӀэ лъэхъуэщым щӀадзауэ щӀэст Бэрыбэр.

20 Пилат цӀыхухэм захуигъэзащ аргуэру, Хьисэ иутӀыпщыжын и мураду.

21 АрщхьэкӀэ абыхэм хьэргъэшыргъэ къаӀэтауэ: – Жорым еӀулӀ ар! Жорым еӀулӀ! – жаӀэрт.

22 – Сыт хуэдэ щӀэпхъаджагъэ Мыбы илэжьар? – жиӀэри Пилат цӀыхухэм ещанэу еупщӀащ. – УкӀ щӀытеслъхьэн къуаншагъэ сэ Мыбы кӀэрылъу слъагъуркъым. Удын трезгъэдзэнщи, сутӀыпщыжынщ.

23 Ауэ цӀыхухэр нэхъ иныжу зэрыгъэкӀийурэ, Пилатыр къыхагъэзыхьырт Хьисэ жорым ирырагъэӀулӀыну.

24 Щымыхъужым, Пилат цӀыхухэр зыхуейр игъэзэщӀэну мурад ищӀащ.

25 ЦӀыхубэр къызэщӀэзыӀэтэу цӀыху зыукӀар лъэхъуэщым къахущӀигъэкӀыжри – арат икӀи цӀыхухэр зыщӀэлъэӀур – къызэхуэсахэр зыхуейр Хьисэ ирищӀэну триубыдащ.


Хьисэ жорым зэрыраӀулӀар

26 Хьисэ укӀыпӀэм щашэм, Курэн къалэм щыщ лӀы гуэр, Симэн и цӀэу, зауэлӀхэм яубыдщ, жорыр и плӀэм иралъхьэри, Хьисэ и ужьым иту ихьыну ирахулӀащ. Симэн губгъуэм къикӀыжу арат.

27 Хьисэ и ужьым иту цӀыху куэд кӀуэрт. ЦӀыхухэм бзылъхугъи яхэтт, пыхьэрэ Ар ягъейуэ.

28 Хьисэ, абыхэм захуригъэзэкӀри, жиӀащ: – Еууей, Ерусэлим ипхъухэ, Сэ сывмыгъейуэ, фи бынхэмрэ фи щхьэмрэ вгъеямэ, нэхъыфӀт;

29 сыту жыпӀэмэ «Фыз мылъхуэхэр, сабий зимыӀахэр, быдзышэкӀэ сабий зымыгъэшхахэр насыпыфӀэщ» щыжаӀэну махуэхэр къыфхуэкӀуэнущ.

30 ЦӀыхухэр бгыхэм елъэӀунущ абы щыгъуэ: «Фыкъыттеджалэ!» – жаӀэурэ, Ӏуащхьэхэм елъэӀунущ: «ДыщӀэвуфэ!» – жаӀэурэ.

31 Сыту жыпӀэмэ псыкӀэ гъэнщӀа жыгым мыпхуэдэу щращӀэкӀэ, жыг гъуар дауэ къелын?

32 Хьисэ и гъусэу жорым ираӀулӀыну бзаджащӀитӀ яшэрт.

33 Ахэр ЩхьэкъупщхьэкӀэ зэджэ щӀыпӀэм нэсри, Хьисэ жорым ираӀулӀащ. БзаджащӀитӀри, зыр ижьырабгъумкӀэ, адрейр сэмэгурабгъумкӀэ къыщыту, ираӀулӀащ.

34 – Си Адэ, мыбыхэм ящӀэр къагурыӀуэркъыми, къахуэбгъэгъуну сынолъэӀу, – жиӀащ Хьисэ. ЗауэлӀхэм пхъэидзэ ящӀри, Хьисэ и щыгъыныр зэхуагуэшащ.

35 ЦӀыхубэр Хьисэ еплъу зэхэтт. Лъэпкъ унафэщӀхэм мыпхуэдэу жаӀэрт, Хьисэ ауан ящӀурэ: – НэгъуэщӀ цӀыхухэр къригъэлу щытащ, иджы Езым зыкърырегъэлыф, Ар Тхьэм къыхиха Мэсихьу щытмэ.

36 ЗауэлӀхэми Хьисэ ауан ящӀырт. Бгъэдыхьэрти, гуащӀэ хъуа санэ и Ӏупэм ирахьэлӀэрт,

37 мыпхуэдэу жаӀэурэ: – Журтхэм урапащтыхьыр пэжмэ, зыкъегъэлыфыт.

38 Хьисэ и щхьэщыгум хуэзэу пхъэбгъу пӀащӀэ кӀапэ кӀэраукӀащ, «Мыр журтхэм я пащтыхьщ» жиӀэу тетхауэ.

39 Хьисэ и гъусэу ираӀулӀа бзаджащӀитӀым я зыр Абы къехъурджауэрт: – Мэсихьыр Уэракъэ? Уэрамэ, дыкъегъэл, Уэри зыкъегъэл! – жиӀэурэ.

40 Ауэ адрей бзаджащӀэр мыдрейм и жьэр зэтригъэпӀэну хэтт: – Тхьэм ущышынэркъэ? Абы тралъхьар уэри птелъкъэ?

41 Дэ ттелъыр захуэу къыттралъхьащ икӀи тщӀам хуэфащэр дагъэпшыныж. Мыр пщӀэ мыхъун лъэпкъ имыщӀауэ жорым ираӀулӀауэ кӀэрылъщ, – жиӀэурэ.

42 А бзаджащӀэр Хьисэ къелъэӀуащ итӀанэ: – Хьисэ, пащтыхь ухъуауэ къыщыбгъэзэжкӀэ, уигу сыкъэгъэкӀыж.

43 – Пэжыр ныбжызоӀэ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Нобэ си гъусэу жэнэтым ущыӀэнущ.


Хьисэ зэрылӀар

44-45 Шэджагъуэ щыхъум, дыгъэр иубыдри, а щӀыпӀэр дэнэкӀи кӀыфӀыгъэм щӀиуфащ, сыхьэтищ хъуху. Тхьэм и Унэм и кӀуэцӀым фӀэлъ Ӏупхъуэшхуэр тӀууэ зэгуэтхъащ.

46 И макъым ину зригъэӀэтри: – Си Адэ, си псэр пӀэщӀызолъхьэ, – жиӀащ Хьисэ. Ар жиӀэри, и псэр хэкӀащ.

47 А псори щилъагъум, Тхьэм щӀыхь хуищӀри, зауэлӀхэм я пашэм мыпхуэдэу жиӀащ: – Мы лӀыр, пэж дыдэу, цӀыху щыпкъэу щытащ.

48 Хьисэ жорым зэрыраӀулӀым еплъыну къызэхуэса цӀыхубэм къэхъуар щалъагъум, гуауэ ящыхъуарэ я бгъэгум иуэжу зэбгрыкӀыжащ.

49 Хьисэ зыцӀыхухэр нэхъ пыӀукӀуэтауэ къаплъэу зэхэтт, Хьисэ и гъусэу Гэлилейм къикӀа бзылъхугъэхэри абыхэм ящӀыгъуу.


Хьисэ и хьэдэр кхъэлэгъунэм зэрыщӀалъхьар

50 Исуф и цӀэу лӀы гуэр Лъэпкъ Хасэм хэтт. Ар цӀыхуфӀт, цӀыху щыпкъэт.

51 Лъэпкъ Хасэм Хьисэ укӀ хуигъэфащэу унафэ къыщищтам, Исуф а унафэр Хасэм ядищтатэкъым. Ар езыр Ехьудейм хиубыдэ Хьэримэтей жылэм щыщт, Тхьэм и Тепщэныгъэр къыщыкӀуэнум пэплъэрт.

52 Арати, ар Пилат деж кӀуэри, Хьисэ и хьэдэр къаритыжыну елъэӀуащ.

53 ИтӀанэ Хьисэ и хьэдэр жорым къыкӀэрихыжщ, джэбын къришэкӀри, къыр бгъуэщӀым къыхэӀущӀыкӀа кхъэлэгъунэм щӀилъхьащ. А кхъэлэгъунэм зэи хьэдэ щӀэлъатэкъым.

54 Мэрем пщыхьэщхьэт, щэбэтыр къэблэгъат.

55 Хьисэ и гъусэу Гэлилейм къикӀа бзылъхугъэхэр Исуф и ужьым иту кӀуэри, кхъэлэгъунэр здэщытыр зрагъэщӀащ, хьэдэр зэрыщӀалъхьэми еплъащ.

56 ИтӀанэ къагъэзэжри, мэ дахэ къызыхих дагъэрэ щӀыфэщыхуэрэ къагъэхьэзыращ, хьэдэм щахуэну. Теурэт хабзэм зэрыжиӀэмкӀэ, щэбэт махуэм зыри ящӀэ хъунутэкъыми, а махуэм загъэпсэхуащ.

© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

Institute for Bible Translation, Russia
Lean sinn:



Sanasan