Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Лукас 22 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ


Лъэпкъ Хасэм хэтхэм Хьисэ зэраукӀынӀэмал къызэралъыхъуар

1 Пщагъэ зыхэмылъ щӀакхъуэ щагъажьэ махуэ лъапӀэхэу ӀутӀыжкӀэ зэджэр къэблэгъат.

2 Дин гъуазэ нэхъыщхьэхэмрэ теурэт егъэджакӀуэхэмрэ Хьисэ щэхуу зэраукӀын Ӏэмал къалъыхъуэрт, нахуэу зыгуэр иращӀэну цӀыхубэм щышынэрти.

3 Хьисэ и гъэсэн пщыкӀутӀым ящыщ Ехьудэ ИшкӀэриуэт и гур Ӏиблисым итхьэкъуащ абы щыгъуэ.

4 Ар дин гъуазэ нэхъыщхьэхэм, Тхьэм и Унэр зыхъумэхэм я унафэщӀхэм деж кӀуэри, Хьисэ абыхэм зэраӀэщӀигъэхьэну щӀыкӀэр ядиубзыхуащ.

5 Абыхэм ар я гуапэ дыдэ хъуащ, ахъши къратыну къагъэгугъащ.

6 Ехьудэ абыхэм акъылэгъу ядэхъури, цӀыхухэм ямыщӀэу Хьисэ абыхэм зэраӀэщӀигъэхьэн Ӏэмал лъыхъуэн щӀидзащ.


Хьисэ и гъэсэнхэм ӀутӀыж щынэр зэрадишхар

7 Пщагъэ зыхэмылъ щӀакхъуэ щагъажьэ махуэ лъапӀэхэм щыгъуэ ӀутӀыж щынэр щаукӀ махуэри къэсащ.

8 Хьисэ Питрэсрэ Яхьярэ иригъэжьащ, мыпхуэдэу яжриӀэри: – ФыкӀуи, ӀутӀыж щынэр тшхын папщӀэ, Ӏэнэ къытхузэтевгъэувэ.

9 – Дэнэ къыщызэтедгъэувэну узыхуейр? – къеупщӀащ ахэр Хьисэ.

10 – Къалэм фыдыхьа нэужь, кхъуэщынкӀэ псы ихьу цӀыхухъу гуэр фыӀущӀэнущ, – жиӀащ Хьисэ. – Абы и ужь фиуви, ар зыдыхьэ пщӀантӀэм фэри фыдыхьэ.

11 Унэр зейм мыпхуэдэу жефӀэ: «УщиякӀуэр къоупщӀыжащ: „Сэрэ си гъэсэнхэмрэ ӀутӀыж щынэр дэнэ щытшх хъунур“, жиӀэри».

12 Абы фигъэлъагъунущ етӀуанэ къатым тещӀыхьа пэш Ӏэхуитлъэхуит зэлъыӀухауэ. Мис а пэшым Ӏэнэ къыщытхузэтевгъэувэ.

13 Арати, ахэр кӀуэри, Хьисэ къазэрыжриӀа дыдэм хуэдэу псори къагъуэтащ. ӀутӀыж щынэр абы щагъэхьэзыращ.

14 Зэманыр къыщысым, Хьисэ къыхиха лӀыкӀуэ пщыкӀутӀыр и гъусэу Ӏэнэм пэрытӀысхьащ.

15 – Згъэвын хуейуэ къыспэщылъ хьэзабым и пэ къихуэу мы ӀутӀыж щынэр вдэсшхыну хуабжьу сыхуеящ, – яжриӀащ абыхэм Хьисэ. –

16 НывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэр къэсрэ ӀутӀыжым и мыхьэнэ нэсыр зэщӀа мыхъуауэ, Сэ ар афӀэкӀ сшхынукъым.

17 Хьисэ фалъэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, жиӀащ: – Мы фалъэр къафщти, мыбы итым чэзууэ фефэ.

18 НывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэр къэсыху, Сэ санэ афӀэкӀ сефэжынукъым.

19 Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, щӀакхъуэр зэгуищӀыкӀри, и гъэсэнхэм яритащ, мыпхуэдэуи яжриӀащ: – Мы щӀакхъуэр фэр папщӀэ сты си пкъыращ. Фигу сыкъэвгъэкӀыжын папщӀэ, мы щӀакхъуэр щыфшх махуэхэр хабзэу зивгъэӀэ.

20 Шха нэужь, щӀакхъуэ къызэрищтам хуэдэу, санэ зэрыт фалъэр къищтэри, и гъэсэнхэм мыпхуэдэу яжриӀащ Хьисэ: – Мы фалъэм итыр си лъырщ, фэр щхьэкӀэ сщӀэкӀырщ. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ ЗэухылӀэныгъэщӀэ Тхьэм цӀыхухэм ярещӀылӀэ.

21 АрщхьэкӀэ си бийхэм саӀэщӀэзыгъэхьэнур си гъусэу Ӏэнэм пэрысщ.

22 Пэжщ, Тхьэм иухауэ ЦӀыхум и Къуэм къыщыщӀын хуейр къыщыщӀынущ, ауэ унэхъуащ ар тепщэхэм яӀэщӀэзыгъэхьэнур.

23 Хьисэ ар щыжиӀэм, и гъэсэнхэр зэупщӀыжащ, ар зыщӀэфынур къахуэмыщӀэу.


Нэхъыщхьэу къыфхэтыр ӀуэхутхьэбзащӀэ ирехъу

24 Нэхъ ин дыдэу ябжын хуейм щхьэкӀэ зэдауэрт а пщыхьэщхьэм Хьисэ и гъэсэнхэр.

25 – Мы дунейм тет пащтыхьхэр я цӀыхухэм йопэгэкӀ. Къэрал лӀыщхьэхэр «ПсапащӀэкӀэ» зоджэж, – къригъэжьащ Хьисэ.

26 – Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэ фэ фяку дремылъ. ПщӀэшхуэ зыхуащӀу фэ къыфхэтыр пщӀэ зимыӀэм хуэдэу щрет. Нэхъыщхьэу къыфхэтыр ӀуэхутхьэбзащӀэ ирехъу.

27 Хэт нэхъыщхьэр: Ӏэнэм пэрысыра, хьэмэрэ щхьэгъэрытыра? Ӏэнэм пэрысыракъэ? АтӀэ Сэ щхьэгъэрытым хуэдэу фэ сыфхэтщ.

28 Сыт хуэдэ гугъуехь згъэвами, фэращ си гъусар.

29 Си Адэм тепщэныгъэ къызэрызитам хуэдэу, фэри фызот,

30 си Тепщэныгъэр къэса нэужь, абы къыщаӀэтыну гуфӀэгъуэм фыхэту фыкъыздефэу, фыкъыздэшхэу си Ӏэнэм фыпэрысын щхьэкӀэ. Тахътэхэм фытесу, израил лъэпкъым и къуэпс пщыкӀутӀым хьэкум ятефщӀыхьынущ.


Симэн къыщыщӀынур Хьисэ къызэрыжиӀар

31 – Симэн, Симэн, – жиӀащ Хьисэ. – МэкъумэшыщӀэм гуэдзыр щӀигъэпщурэ хьэуазэм къызэрыхигъэщхьэхукӀым хуэдэу, фигъэунэхуну хуит къищӀын щхьэкӀэ Ӏиблисыр Тхьэм елъэӀуащ.

32 Ауэ Сэ тхьэ сыпхуелъэӀуащ уи фӀэщхъуныгъэр пфӀэмыкӀуэдыну. Си гъуэгум укъытехьэжа нэужь, уи къуэшхэр гъэгушхуэ.

33 – Зи щӀыхьыр ин, уи гъусэу лъэхъуэщым сынэкӀуэнуи си псэр стынуи сыхьэзырщ, – жиӀащ Питрэс.

34 – Питрэс, ныбжызоӀэ, пщэдджыжь адакъэ Ӏуэху сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ. ИтӀанэ и гъэсэнхэм еупщӀащ Хьисэ:

35 – Бохъшэншэу, хъуржыныншэу, вакъэншэу фыщезгъэжьам фэ зыгуэр фыщыщӀа? – ДыщыщӀакъым, – жаӀащ абыхэм.

36 – АтӀэ дяпэкӀэ ахъшэ зиӀэм ахъшэ здрещтэ, хъуржын зиӀэм хъуржын здрещтэ. Джатэ зимыӀэм и щыгъын щӀыӀутелъыр ирещэжи, джатэ кърырещэху.

37 НывжызоӀэ, сэ стеухуауэ Тхыгъэ ЛъапӀэм ит мы псалъэхэр къэхъун хуейщ: «ЩӀэпхъаджащӀэхэм хабжащ». Сэ стеухуауэ бегъымбархэм жаӀа псори куэд мыщӀэу къэхъунущ.

38 – Зи щӀыхьыр ин, мис, джатитӀ диӀэщ, – жаӀащ абыхэм. – Куэдщ а тӀур.


Зейтун Ӏуащхьэм тету, Хьисэ и Адэм зэрелъэӀуар

39 Хьисэ къалэм къыдэкӀри, зэрихабзэу, Зейтун Ӏуащхьэм дэкӀащ. И гъэсэнхэри кӀэлъыдэкӀащ.

40 ЗдэкӀуэм щынэсым, Хьисэ и гъэсэнхэм мыпхуэдэу яжриӀащ: – Гуэныхьым фимытхьэкъун щхьэкӀэ, тхьэ фелъэӀу.

41 Езыр лъэбакъуэ щэ ныкъуэ хуэдизкӀэ ӀукӀщ, лъэгуажьэмыщхьэу уври, тхьэ елъэӀун щӀидзащ:

42 – Си Адэ, ухуеймэ, къыспэщылъ хьэзабым сыкъыӀэщӀэх. Ауэ Сэ сызэрыхуейуэ мыхъуу, Уэ узэрыхуейуэ ирехъу.

43 Хьисэ зы мелыӀыч уафэм къыхуехащ тригъэгушхуэну.

44 Хьисэ, и псэм телъ гузэвэгъуэшхуэм игъэхыщӀэу, нэхъ гуащӀэжу тхьэ елъэӀурт. И пщӀэнтӀэпсыр лъым хуэдэу щӀым теткӀуэрт.

45 Тхьэ елъэӀуа нэужь, Хьисэ и гъэсэнхэм къабгъэдыхьэжащ. Къащыбгъэдыхьэжым, гупсысейм игъэжеяуэ къарихьэлӀэжащ.

46 – Щхьэ фыжейрэ? – жиӀащ Хьисэ. – Фыкъэтэджи, тхьэ фелъэӀу, гуэныхьым фимытхьэкъун щхьэкӀэ.


Хьисэ зэраубыдар

47 Хьисэ псалъэу щытт иджыри, и гъэсэнхэм ящыщ зы, Ехьудэ зи цӀэр, я пашэу цӀыху гупышхуэ къыщыкӀуам. Ехьудэ Хьисэ къыбгъэдыхьащ, ба къыхуищӀын и мураду.

48 – Ехьудэ, ЦӀыхум и Къуэр и бийхэм бакӀэ яӀэщӀэбгъэхьэу ара? – жиӀащ Хьисэ.

49 Хьисэ къеувэкӀауэ щыт и гъэсэнхэм къэхъунур щалъагъум, мыпхуэдэу жаӀащ: – Зи щӀыхьыр ин, джатэкӀэ дахэуэн?

50 Хьисэ и гъэсэнхэм ящыщ зыр дин гъуазэ нэхъыщхьэ дыдэм и унэӀутым еуэри, и тхьэкӀумэ ижьыр къыгуиупщӀыкӀащ.

51 – Щывгъэт! ФувыӀэ! – яжриӀащ абыхэм Хьисэ. Ар унэӀутым и тхьэкӀумэм теӀэбэри, игъэхъужащ.

52 Зубыдыну къэкӀуа дин гъуазэ нэхъыщхьэхэм, Тхьэм и Унэр зыхъумэхэм я унафэщӀхэм, лъэпкъ тхьэмадэхэм мыпхуэдэу яжриӀащ итӀанэ: – ХъунщӀакӀуэ фубыдыну фыкӀуэ нэхъей фыкъысхуэкӀуаи, джатэрэ башрэ фӀыгъыу.

53 Тхьэм и Унэм фи гъусэу махуэ къэс сыщыщӀэтым, сывубыдакъым. Иджы фи пӀалъэр къэсащ. Ӏиблисыр хуит хъуащ.


Питрэс Хьисэ имыцӀыхуу зэрыжиӀар

54 Арати, Хьисэ яубыдри, дин гъуазэ нэхъыщхьэ дыдэм и унэм яшащ. Питрэс абыхэм жыжьэу якӀэлъыкӀуэрт.

55 ПщӀантӀэкум мафӀэ иращӀыхьу цӀыхухэр щызэхэтӀысхьэм, Питрэси абыхэм яхэтӀысхьащ.

56 МафӀэм и нэхур къытридзэу здэщысым, унэӀут фыз гуэр набдзэгубдзаплъэу Питрэс къеплъри, жиӀащ: – Мыри Хьисэ и гъусащ.

57 – Сэ Ар сцӀыхуркъым, цӀыхубз, – жиӀащ Питрэс.

58 Куэд дэмыкӀыу нэгъуэщӀ гуэрми гу къылъитэри, мыпхуэдэу къыжриӀащ Питрэс: – Уэри абыхэм уащыщщ. – Хьэуэ, сащыщкъым, – идакъым Питрэс.

59 Зы сыхьэт хуэдиз дэкӀауэ, аргуэру зыгуэрым къыхигъэзыхьу къыжриӀащ: – Пэж дыдэу, мыри Абы и гъусащ, Гэлилейм щыщщи.

60 – КъэдаӀуэ зэ, – жиӀащ Питрэс, – уэ зи гугъу пщӀыр сэ къызгурыӀуэркъым. – Питрэс ар щыжиӀэм ирихьэлӀэу адакъэ Ӏуащ.

61 Зиусхьэным зыкъригъэзэкӀри, Питрэс къеплъащ. Къыщеплъым, Питрэс Хьисэ къыжриӀауэ щыта мы псалъэхэр игу къэкӀыжащ: «Пщэдджыжь адакъэ Ӏуэху, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ».

62 Апхуэдэу щыхъум, Питрэс пщӀантӀэм къыдэкӀри, гухэщӀу гъащ.


Хьисэ зыхъумэхэм зэрагъэпудар

63 Хьисэ зыхъумэхэр къыщыдыхьэшхырт, къеуэрт.

64 И нэр щапхыкӀауэ къеупщӀырт: – Убегъымбармэ, къоуар хэтми къыджеӀэ, – жаӀэурэ.

65 НэгъуэщӀ мыхъумыщӀагъэ Ӏэджи ирапэсащ абыхэм Хьисэ.


Хьисэ Лъэпкъ Хасэм хэтхэм я пащхьэм зэрырагъэувар

66 Лъэпкъ Хасэм хэт тхьэмадэхэри, дин гъуазэ нэхъыщхьэхэри, теурэт егъэджакӀуэхэри пщэдджыжьым жьыуэ зэхуэсащ. Щызэхуэсым, Хьисэ яшэри, абыхэм я пащхьэ ирагъэуващ.

67 – Мэсихьыр уэрамэ, къыджеӀэ, – къыпаубыдащ абыхэм Хьисэ. – ВжесӀэми, фи фӀэщ хъунукъым,

68 сынывэупщӀми, жэуап къызэфтынукъым, – жиӀащ Хьисэ. –

69 Ауэ ЦӀыхум и Къуэр Тхьэшхуэу зи къарур иным ижьырабгъумкӀэ къыщысынущ дяпэкӀэ.

70 – АтӀэ Тхьэм ури-Къуэу жыбоӀэ? – къеупщӀащ Хьисэ ахэр. – Фэри жыфӀакъэ Тхьэм сри-Къуэу, – яритыжащ жэуап Хьисэ.

71 – Сыт хуэдэ щыхьэт дэ иджыри дызыхуейр? – жаӀащ абыхэм. – Езым и жьэкӀэ псори къыджиӀащ!

© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

Institute for Bible Translation, Russia
Lean sinn:



Sanasan