Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Лукас 21 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ


Фызабэм и жумартыгъэр

1 Хьисэ плъэри, Тхьэм и Унэр зыдэт пщӀантӀэм щаӀыгъ ахъшалъэм къулеижь гуэрхэм ахъшэ ирадзэу къилъэгъуащ.

2 ЩакӀэлъыплъым, гу лъитащ фызабэ тхьэмыщкӀэ гуэрми гъуаплъэ ахъшэ жьгъеитӀ ахъшалъэм зэрыридзэм.

3 – Пэжыр нывжызоӀэ, – жиӀащ Хьисэ, – мы фызабэ тхьэмыщкӀэм псоми нэхърэ нэхъыбэ иридзащ;

4 сыту жыпӀэмэ мы къулеижьхэм къадэхуэм щыщщ Тхьэм тыгъэ хуащӀыр, ауэ мы фызабэм иӀэу хъуар иридзащ ахъшалъэм, къулейсыз пэтрэ.


Тхьэм и Унэм къыщыщӀынур Хьисэ къызэрыжиӀар

5 Тхьэм и Унэр мывэ дахэкӀэ, цӀыхухэм къахьа тыгъэхэмкӀэ гъэщӀэрэщӀауэ зэрыщытым цӀыхухэр зэрытепсэлъыхьыр щызэхихым, Хьисэ мыпхуэдэу жиӀащ:

6 – Мы флъагъум щыщу мывитӀ къызэтрамынэу щызэтракъутэну махуэхэр къэсынущ.

7 – УщиякӀуэ, а зи гугъу пщӀы зэманыр къыщысынур дапщэщ? Дауэ ар къызэрысар къызэрытщӀэнур? Сыт хуэдэ нэщэнэ къыдэкӀуэнур? – упщӀэ къратащ Хьисэ.

8 – Фысакъ, зыми зыкъевмыгъэгъапцӀэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыту жыпӀэмэ си цӀэр зыфӀащурэ куэд къыфхуэкӀуэнущ, «Мэсихьыр сэращ!», «Зэманыр къэсащ» жаӀэурэ. Абыхэм я ужь фимыувэ.

9 Зауэхэм, зэрыхьзэрийхэм я хъыбар зэхэфхмэ, фымышынэ. А тхьэмыщкӀагъэхэр къэхъун хуейщ япэщӀыкӀэ, ауэ абы щыгъуэкъым дунейм и къэкъутэжыгъуэр.

10 Зы лъэпкъыр нэгъуэщӀ лъэпкъым езэуэну къызэщӀэтэджэнущ, зы къэралыр нэгъуэщӀ къэралым езэуэну зыкъаӀэтынущ.

11 ЩӀыпӀэ-щӀыпӀэкӀэрэ щӀыр ину щыхъеинущ, уз зэрыцӀалэхэм зыщаубгъунущ, гъаблэ къыщыхъунущ. Уафэм нэщэнэ инхэр къыщылъэгъуэнущ, къэхъукъащӀэ шынагъуэхэр къэхъунущ.

12 Ауэ а Ӏуэхугъуэхэр къэхъуным и пэ къихуэу, цӀыхухэм фаубыдурэ гугъу фрагъэхьынущ си Ӏумэтым фызэритым щхьэкӀэ. ТхьэлъэӀупӀэ унэхэм хьэкум къыщыфтращӀыхьынущ, лъэхъуэщхэм фыщӀадзэнущ, пащтыхьхэм, унафэщӀхэм я пащхьэм фрашэнущ.

13 Мис абы щыгъуэ щыхьэт фыкъыстехъуэну Ӏэмал вгъуэтынущ.

14 Ауэ апхуэдэу къытщыщӀынущ жыфӀэу, зэрызывгъэхеину Ӏэмал къэвмыгупсыс. Ар фи гум быдэу ивубыдэ.

15 Фи жагъуэгъухэр къывэмыныкъуэкъуфын, къыфпэрымыуэфын папщӀэ, Сэ губзыгъагъэ фхэслъхьэнущ, псалъэ Ӏущ фӀурыслъхьэнущ.

16 Фыкъэзылъхуа фи адэ-анэхэр, фи къуэшхэр, фи Ӏыхьлыхэр, фи ныбжьэгъухэр къывэпцӀыжынурэ, тепщэхэм фыӀэщӀагъэхьэнущ икӀи языныкъуэхэр а тепщэхэм фаукӀынущ.

17 Си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ псори къыфтеплъэ мыхъуу щытынущ.

18 Ауэ зы налъэ фи щхьэцым хэкӀуэдыкӀынукъым.

19 ШыӀэныгъэ зизыгъэӀэм и псэр къригъэлынущ.


Хьисэ Ерусэлим къыщыщӀынур къызэрыжиӀар

20 – Ерусэлим дзэхэм къаухъуреихьауэ флъагъумэ, абы лъапсэрыхыр къыщыхуэкӀуэну зэманыр къызэрыблэгъар зэвгъащӀэ.

21 Ехьудей хэкум ис цӀыхухэм бгы щӀыпӀэхэм зыщрагъэпщкӀу абы щыгъуэ, Ерусэлим дэсхэр къалэм дрекӀ, губгъуэм итхэр къалэм дремыхьэ.

22 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм мы лъэпкъым хуэфащэр ирищӀэнущ а махуэхэм, Тхыгъэ ЛъапӀэм ит псори къэхъун щхьэкӀэ.

23 Фыз лъэщыджэхэми сабий быдзафэ зиӀэхэми я дунейр мыгъуэ хъунущ а махуэхэм. Мы щӀыпӀэм ис цӀыхухэм тхьэмыщкӀагъэшхуэ къатепсыхэнущ икӀи Тхьэм и ней къащыхуэнущ.

24 Языныкъуэхэр джатэкӀэ яукӀынущ, адрейхэр мажусий къэралхэм гъэру яхунущ. Ерусэлим и уэрамхэр мажусийхэм яутэу щытынущ, я пӀалъэр икӀыху.


Хьисэ къызэригъэзэжыным зэрытепсэлъыхьар

25 – Дунейм тет лъэпкъхэр тенджызым и толъкъун ябгэ къэукъубияхэм я макъ шынагъуэхэм икӀи дыгъэм, мазэм, вагъуэхэм къыщылъэгъуэну нэщэнэхэм ягъэгужьеярэ ящӀэнур ямыщӀэу къагъэнэнущ.

26 Дунейм къыщхьэщыхьэну тхьэмыщкӀагъэм пэплъэ цӀыхухэм шынэ къащтарэ пӀейтеигъэм игъэмэхыу щытынущ, уафэм щыӀэ къарухэр зэщӀэсысэнущи.

27 ЦӀыхум и Къуэм и къарур бгъэдэлърэ и щӀыхьыр Ӏэтауэ пшэм хэту къакӀуэу ялъагъунущ абы щыгъуэ.

28 Аращи, а Ӏуэхугъуэхэр къэхъуу флъагъумэ, фи гур къызэрывгъэгъуэтыжи, фи щхьэр фӀэт, Тхьэм щхьэхуит фыщищӀыжыну зэманыр къэблэгъащи.

29 ЩӀагъыбзэ къригъэжьащ Хьисэ итӀанэ: – Хъурмейм феплъ, адрей жыгхэми феплъ.

30 Жыгыр къэтӀэпӀу щыфлъагъум деж гъэмахуэр къызэрыблэгъар зыми къывжимыӀэуи фощӀэ.

31 Абы ещхьу, зи гугъу фхуэсщӀа Ӏуэхугъуэхэр къэхъуу флъагъумэ, Тхьэм и Тепщэныгъэр къызэрыблэгъар зэвгъащӀэ.

32 Пэжыр нывжызоӀэ, мы щӀэблэр кӀуэдыжынукъым, а псори къэмыхъуауэ.

33 Уафэмрэ щӀылъэмрэ кӀуэдыжынущ, ауэ си псалъэр кӀуэдыжынукъым.


Мы дунейм епха Ӏуэхугъуэхэм фи псэр евмыгъэтхьэкъу

34 – Ефэ-ешхэным, фадэм, мы дунейм епха Ӏуэхугъуэхэм фи псэр евмыгъэтхьэкъу, а махуэр уащхъуэдэмыщхъуэу къыфтемыпсыхэн щхьэкӀэ.

35 Сыту жыпӀэмэ а махуэр дунейм тету хъуам къапхъэн яхуэхъунущ.

36 Фи гумрэ фи псэмрэ жеипӀэ евмыт, сыт щыгъуи тхьэ фелъэӀу, а къэхъуну псоми фыкъызэрелын икӀи ЦӀыхум и Къуэм и пащхьэм фызэрихьэфын къару фиӀэн щхьэкӀэ.

37 Хьисэ Тхьэм и Унэм цӀыхухэр щиущийрт махуэкӀэ, ауэ пщыхьэщхьэ зэрыхъуу къалэм дэкӀырти, Зейтун Ӏуащхьэм жэщыр щигъакӀуэрт.

38 ЦӀыхубэр жьыуэ къызэщӀэтаджэрти, Тхьэм и Унэм къекӀуалӀэрт, Хьисэ жиӀэм едэӀуэн папщӀэ.

© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

Institute for Bible Translation, Russia
Lean sinn:



Sanasan