Лукас 20 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэЛъэпкъ тхьэмадэхэр Хьисэ къызэреупщӀар 1 Махуэ гуэрым, Хьисэ Тхьэм и Унэм цӀыхухэр щиущийрэ, Тхьэм и хъыбарыфӀыр иӀуатэу здэщытым, дин гъуазэ нэхъыщхьэхэр, теурэт егъэджакӀуэхэр, лъэпкъ тхьэмадэхэр къыбгъэдыхьэри, къеупщӀащ: 2 – ПщӀэ псори пщӀэну тепщэныгъэ къозытар къыджеӀэт. Хэт хуит узыщӀар? 3 – Сэри зы упщӀэ фэстынущи, жэуап къызэфт, – жиӀащ Хьисэ. – 4 ЦӀыхухэр иумэхъыну Яхья къэзыгъэкӀуар хэт? Тхьэра хьэмэрэ цӀыхухэра? 5 – «Тхьэращ къэзыгъэкӀуар» жытӀэмэ, «атӀэ Яхья жиӀар щхьэ фи фӀэщ фымыщӀарэ?» къыджиӀэнущ, – жаӀащ абыхэм, зэчэнджэщри. – 6 «ЦӀыхухэращ къэзыгъэкӀуар» жытӀэмэ, цӀыхубэр мывэкӀэ къыдэуэурэ даукӀынущ, Яхья бегъымбару ялъытэри. – 7 Арати, Яхья къэзыгъэкӀуар ямыщӀэу жаӀащ абыхэм. 8 – Абы щыгъуэ Сэри вжесӀэнукъым сщӀэр сщӀэну хуит сызыщӀар хэтми, – жиӀащ Хьисэ. ЖызумгъэкӀ бзаджэхэм теухуа щӀагъыбзэ 9 Хьисэ цӀыхухэм щӀагъыбзэ яжриӀащ итӀанэ: – ЛӀы гуэрым жызум хадэ игъэтӀысри, жызумгъэкӀхэм пӀалъэкӀэ яритащ. Яритри, езыр зыкъомрэ къэтыну ежьащ. 10 Жызумыр къыщыпачыж зэманыр къыщысым, и жызум Ӏыхьэр къригъэхьыну и унэӀутхэм ящыщ зы жызумгъэкӀхэм деж игъэкӀуащ. Абыхэм унэӀутыр яубэрэжьри, ӀэнэщӀу къаутӀыпщыжащ. 11 Апхуэдэу къыщращӀэм, зы унэӀут игъэкӀуащ аргуэру. АрщхьэкӀэ ари къаубэрэжьщ, лей кърахри, ӀэнэщӀу къаутӀыпщыжащ. 12 Ещанэуи зы унэӀут игъэкӀуащ, ауэ ари къауӀэри, хадэм кърадзыжащ. 13 Апхуэдэу щыхъум, жызум хадэр зейм мыпхуэдэу жиӀащ: «Сыт сщӀэн? ФӀыуэ слъагъу си къуэр згъэкӀуэнщ, хэт ищӀэрэ, абы пщӀэ къыхуащӀынкӀэ мэхъу». 14 АрщхьэкӀэ жызумгъэкӀхэм хадэр зейм и къуэр щалъагъум, зэчэнджэщри жаӀащ: «Жызум хадэр зейм и мылъку псори къызыхуэнэнур мыращи, ар дывгъэукӀи, мылъкур дыдей хъунущ». 15 Арати, щӀалэр хадэм кърадзыжри яукӀащ. – Жызум хадэр зейм сыт абыхэм ярищӀэнур? – щӀэупщӀащ Хьисэ. – 16 ЯрищӀэнуращ: къигъэзэжынурэ, жызумгъэкӀхэр зэтриукӀэнущ, жызум хадэр нэгъуэщӀхэм яритынущ. – Тхьэм къимыгъэхъукӀэ апхуэдэ! – жаӀащ цӀыхухэм, ар щызэхахым. 17 Хьисэ абыхэм яхэплъэри, къыпищащ: – Тхыгъэ ЛъапӀэм ит мы псалъэхэм къикӀыр сыт: «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэ лъабжьэм и къуапэр зэрагъэбыдэ мывэ нэхъыщхьэ хъуащ»? 18 А мывэм теджалэ дэтхэнэри зэгуиудынущ, езы мывэр зытехуэ дэтхэнэри щӀипӀытӀэнущ. 19 А щӀагъыбзэр теурэт егъэджакӀуэхэмрэ дин гъуазэ нэхъыщхьэхэмрэ яхуэгъэзауэ зэрыщытыр къащыгурыӀуэм, Хьисэ абдеж дыдэм щаубыдыну хэтащ ахэр, ауэ цӀыхубэм ящышынэрти, и гугъу ящӀын тегушхуакъым. Тезыр ахъшэм теухуауэ 20 Арати, теурэт егъэджакӀуэхэмрэ дин гъуазэ нэхъыщхьэхэмрэ Хьисэ кӀэлъыплъу щӀадзащ. Абы къищынэмыщӀауэ, щыпкъафэ зэтрагъэуауэ цӀыху зыбжанэ кӀэщӀаутӀыпщхьащ, Хьисэ зэрагъэкъуэншэн псалъэ гуэркӀэ къаубыду, Римым къигъэкӀуа унафэщӀым ирырагъэубыдын я гугъэу. 21 Ахэр Хьисэ къеупщӀащ: – УщиякӀуэ, уи псалъэхэр зэрыпэжри, цӀыхухэр пэжыгъэм тету зэрыбущийри, зэхэгъэж зэрумыщӀри, Тхьэм и гъуэгур цӀыхухэм пэжу зэребгъащӀэри дощӀэ. 22 АтӀэ, дэ къайсэрым тезыр ахъшэ етт хъунрэ мыхъунрэ къыджеӀэт. 23 Хьисэ абыхэм я бзаджагъэм гу щылъитэм, мыпхуэдэу яжриӀащ: 24 – Зы динар сывгъэлъагъут. Хэт и сурэт абы тедзар? Хэт и цӀэ абы тетыр? – Къайсэрым и сурэтырщ, – жаӀащ абыхэм. 25 – АтӀэ апхуэдэу щыщыткӀэ, къайсэрым ефтын хуейр къайсэрым ефт, Тхьэм ефтын хуейр Тхьэм ефт, – жиӀащ Хьисэ. 26 Арати, цӀыхухэм ялъагъуу къахуэубыдакъым Хьисэ абыхэм, уеблэмэ и жэуапыр яфӀэтелъыджэ хъуауэ сабырыжащ. ЛӀахэр къызэрытэджыжынур Хьисэ къызэрыжиӀар 27 ЛӀахэр къызэрытэджыжынур зи фӀэщ мыхъу садукейхэм ящыщ зыбжанэ Хьисэ къыбгъэдыхьэри къеупщӀащ: 28 – УщиякӀуэ, Мусэ и Теурэтым итщ зыгуэрым и къуэшыр дунейм ехыжрэ и фызыр быныншэ фызабэу къанэмэ, лӀар щӀэблэншэ мыхъун щхьэкӀэ, лӀам и къуэшым фызабэр къишэжын хуейуэ. 29 Зэшибл псэурт. Нэхъыжьым фыз къишэри, сабий имыгъуэтауэ, дунейм ехыжащ. 30 Абы и ужькӀэ етӀуанэм и фызащ а цӀыхубзыр, 31 итӀанэ ещанэми и фызащ. Апхуэдэу зэшиблми я фызу щытащ ар, ауэ зэшиблри лӀэжащ, сабий къащӀэмынэу. 32 Заул дэкӀри, езы фызри дунейм ехыжащ. 33 АтӀэ зэшиблми я фызу щыта цӀыхубзыр хэт зылъысынур лӀахэр къыщытэджыжкӀэ? 34 – Мы дунейм тет цӀыхухэм зэрышэ я хабзэщ, – жиӀащ Хьисэ. – 35 Ауэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжу, къэкӀуэну дунейм щыпсэуну зыхуагъэфэщэнухэр дэкӀуэу, фыз къашэу щытынукъым. 36 ИкӀи зэи лӀэжынукъым, атӀэ мелыӀычхэм хуэдэу щытынущ. Ахэр Тхьэм и бынщ, Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащи. 37 Ауэ лӀахэр къызэрытэджыжынур фщӀэну фыхуеймэ, а Ӏуэхум и пэжыпӀэр пыжьей чыцэм теухуа хъыбарым, Теурэтым итым, Мусэ нахуэу къыщегъэлъагъуэ. Мусэ Зиусхьэным абдежым зэреджэр Ибрэхьим, Исхьэкъ, Екъуб сымэ я Тхьэущ. 38 Тхьэр лӀахэр аркъым зи Тхьэр, атӀэ псэухэрщ, Тхьэм дежкӀэ псори псэущ. 39 Хьисэ ар щыжиӀэм, теурэт егъэджакӀуэ языныкъуэхэм мыпхуэдэу жаӀащ: – Дэгъуэу жыпӀащ, ущиякӀуэ. 40 Арати, тегушхуэу, Хьисэ нэгъуэщӀ гуэркӀэ еупщӀын къахэкӀакъым абыхэм афӀэкӀ. Мэсихьыр зи къуэр хэт? 41 Хьисэ аргуэру абыхэм еупщӀащ: – Мэсихьыр Даут и къуэу цӀыхухэм щхьэ жаӀэрэ? 42-43 Езы Даут Забурым и напэкӀуэцӀхэм мыпхуэдэу къыщыжеӀэ а Ӏуэхум теухуауэ: «Зиусхьэным си Зиусхьэным къыжриӀащ: Уи бийхэр лъэгущӀэтын пхуэсщӀыху, си ижьырабгъумкӀэ къыщыс». 44 Аращи, езы Даут Мэсихьым ЗиусхьэнкӀэ йоджэ. Апхуэдэу щыщыткӀэ, Мэсихьыр Даут и къуэу дауэ зэрубжынур? ФэрыщӀагъэм зыщыфхъумэ 45 ЦӀыхубэр къедаӀуэу здэщытым, Хьисэ и гъэсэнхэм мыпхуэдэу яжриӀащ: 46 – Щыгъын кӀыхь зыщыгъыу къэзыкӀухьын зыфӀэфӀхэу, цӀыху зэхуэсыпӀэхэм деж сэлам къыщрахкӀэ зи гур зыгъэфӀ теурэт егъэджакӀуэхэм фахуэсакъ. Абыхэм тхьэлъэӀупӀэ унэхэми Ӏэнэ къыщаӀэт щӀыпӀэхэми тхьэмадэ тӀысыпӀэр щаубыдыну яфӀэфӀщ. 47 Фызабэхэм я мылъкур фӀашх абыхэм, ауэ тхьэ щелъэӀукӀэ, цӀыхухэм зыкърагъэлъагъун щхьэкӀэ, я лъэӀур кӀыхьу яукъуэдий я хабзэщ. Апхуэдэхэм тезыр ткӀий къапоплъэ. |
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021
Institute for Bible Translation, Russia