Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Лукас 2 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ


Хьисэ къызэралъхуар

1 А махуэхэм Рим къэралыгъуэшхуэм щыпсэу цӀыху псори ябжын хуейуэ къайсэр Август унафэ къыдигъэкӀащ.

2 Ар къыщыхъуар Курний Сирием и унафэщӀу щыщыта зэманырщ, абы щыгъуэщ цӀыхухэр япэ дыдэу щабжар.

3 Арати, зрагъэбжын щхьэкӀэ, щхьэж и къуэпсыр къыщежьэ жылэм кӀуэжащ.

4 Псоми хуэдэу, Исуфи Гэлилей хэкум хиубыдэ Нэзэрэт къуажэм икӀри, Ехьудей хэкум ит, Даут къыщалъхуа Бэтлъэхъем къуажэм кӀуащ, Исуф езыр Даут къытехъукӀыжахэм ящыщти.

5 Зригъэбжыну щыкӀуэм, Исуф и къэшэн Мэрям лъэщыджэшхуэ хъуауэ щӀыгъут.

6 ЗдэкӀуэм нэсауэ, Мэрям и лъхуэгъуэр къэсри,

7 и щыпэлъхуу щӀалэ къилъхуащ. Хъыданжэрумэм кӀуэцӀишыхьри, жэмэщым щӀэт шхалъэм дилъхьащ, къуажэм къэкӀуа цӀыхур зэрыӀувым къыхэкӀкӀэ егъэзыпӀэ къалъысатэкъыми.


Мэлыхъуэхэм мелыӀыч къазэрыхуехар

8 А щӀыпӀэм пэмыжыжьэу, мэлыхъуэ гуп губгъуэм ист, я мэл хъушэхэр жэщкӀэ яхъумэу.

9 Зиусхьэным и мелыӀыч я пащхьэм къихутэри, Зиусхьэным и нэхур абыхэм къатепсащ. Къащытепсэм, хуабжьу шынащ ахэр.

10 Ауэ мелыӀычым къажриӀащ: – Фымышынэ! ГуфӀэгъуэ иным и хъыбар зэрылъэпкъыу къыфхуэсхьащ.

11 Фыкъезыгъэлынур Даут и къуажэм нобэ къыщалъхуащ. Зиусхьэныр, Мэсихь хъужыр аращ.

12 Мыпхуэдэущ ар къызэрыфцӀыхунур: жэмэщым щӀэт шхалъэм дэлъу, сабий къалъхуагъащӀэ хъыданжэрумэм кӀуэцӀышыхьауэ къэвгъуэтынущ.

13 А мелыӀычым нэгъуэщӀ мелыӀыч гупышхуэ напӀэзыпӀэм гъусэ къыхуэхъури, Тхьэм щӀыхь хуащӀурэ, жаӀащ:

14 – Уафэм щӀыхьыр Тхьэм щейщ! ЩӀылъэми Тхьэр зыхуэарэзыхэм я гур гупсэхугъуэкӀэ гъэнщӀауэ щытщ!

15 МелыӀычхэм уафэм заӀэтыжа нэужь, мэлыхъуэхэм жаӀащ: «ДывгъакӀуи, Бэтлъэхъем къыщыхъуауэ Зиусхьэным зи гугъу къытхуищӀа Ӏуэхум девгъэплъ».

16 Арати, ахэр пӀащӀэу кӀуэри, Мэрями, Исуфи, шхалъэм дэлъ сабийри къагъуэтащ.

17 Къыщагъуэтым, сабийм теухуауэ мелыӀычым къажриӀар Мэрямрэ Исуфрэ хуаӀуэтэжащ.

18 Мэлыхъуэхэм я хъыбарыр зэхэзыха псоми ар ягъэщӀэгъуащ.

19 Мэрям а псори игу ириубыдэрт икӀи егупсысырт.

20 Мэлыхъуэхэм зэхахамрэ ялъэгъуа псомрэ щхьэкӀэ Тхьэм щӀыхь хуащӀрэ щытхъу хужаӀэу ягъэзэжащ, мелыӀычым къазэрыжриӀам хуэдабзэу псори я нэкӀэ ялъэгъуати.


Исуфрэ Мэрямрэ Хьисэ цӀыкӀу Тхьэм и Унэм зэрахьар

21 Махуий дэкӀауэ, сабийр сунэт ящӀын хуей щыхъум, Мэрям лъэщыджэ мыхъу щӀыкӀэ мелыӀычым къыжриӀам тету щӀалэ цӀыкӀум Хьисэ фӀащащ.

22 Мусэ бегъымбарым къыхуеха Теурэт Хабзэм и унафэм тету Исуфрэ Мэрямрэ зыщагъэкъэбзэжын хуей махуэхэр блэкӀа нэужь, сабийр Ерусэлим яхьащ, Зиусхьэным и пащхьэм ирахьэн папщӀэ,

23 сыту жыпӀэмэ Зиусхьэным и Хабзэм мыпхуэдэ унафэ итщ: «Щыпэлъхуу дунейм къытехьэ дэтхэнэ хъулъхугъэри Зиусхьэным ейуэ щытын хуейщ».

24 Абы къищынэмыщӀауэ, Зиусхьэным и Хабзэм ипкъ иткӀэ, абыхэм «губгъуэ тхьэрыкъуитӀ е тхьэрыкъуэ шыритӀ» къурмэну яукӀын хуейт.

25 Шемэн и цӀэу лӀы гуэр Ерусэлим щыпсэуащ а лъэхъэнэм. Ар езыр цӀыху щыпкъэт, Тхьэм и жыӀэ тӀу зымыщӀт, Тхьэм Израилым и гуныкъуэгъуэр игъэтӀысу и гур фӀы щищӀыжыну пӀалъэм пэплъэрт, Тхьэм и Псэр и гъусэ зэпытт.

26 Тхьэм и Псэм къригъэщӀауэ ар щыгъуазэт Зиусхьэным къигъэкӀуэн хуей Мэсихьыр и нэкӀэ имылъэгъуауэ дунейм зэремыхыжынур.

27 Арати, Шемэн Тхьэм и Псэм къришажьэри, Тхьэм и Унэм щӀишащ. Сабийм теухуауэ Теурэт Хабзэм гъэзэщӀапхъэу къигъэув псори зэфӀагъэкӀыну Исуфрэ Мэрямрэ Хьисэ цӀыкӀу Тхьэм и Унэм щыщӀахьэм,

28 Шемэн сабийр ӀэплӀэкӀэ къищтэщ, Тхьэм щӀыхь хуищӀри, жиӀащ:

29 – Иджы, Зиусхьэн, уи унэӀуту щыт сэ си гур зэгъауэ сыбоутӀыпщыж, псалъэ жыпӀам тету;

30-31 лъэпкъ псоми я пащхьэм щыбгъэхьэзыра уи КъегъэлакӀуэр си нэкӀэ слъэгъуащи.

32 Абы Тхьэм и пэжыгъэм и нэхур мажусий лъэпкъхэм къатригъэпсэнущ икӀи уи лъэпкъыу уи израилым и щӀыхьыр иӀэтынущ.

33 Хьисэ теухуауэ Шемэн жиӀар Исуфрэ Мэрямрэ яфӀэтелъыджэ хъуащ.

34 Ар абыхэм Тхьэм и цӀэкӀэ яхуэхъуахъуэри, сабийм и анэ Мэрям мыпхуэдэу жриӀащ: – Мы си ӀэплӀэм илъ щӀалэм Израилым и цӀыху куэд текӀуэдэнущ, куэди къригъэлынущ икӀи куэдым ямыдэн нэщэнэ Тхьэм ищӀынущ мыр.

35 Апхуэдэу цӀыху куэдым я гурылъ щэхухэр нахуэ къэхъунущ. Уэ езым уи псэр, джатэм къиуӀам хуэдэу, гукъеяуэм къиуӀэнущ.

36 Ашер къытехъукӀыжа ФэнуӀил ипхъу Хъанэ, Тхьэм и бегъымбарыр, абы щыӀэт. И ныбжьыр фӀыуэ хэкӀуэтат абы. ДэкӀуэри, илъэсибл фӀэкӀа зэдэмыпсэуауэ,

37 и лӀыр дунейм ехыжри, фызабэу къэнауэ псэурт ар. И ныбжьыр илъэс пщӀейрэ плӀырэ ирикъуат. А цӀыхубзым Тхьэм и Унэр зэи ибгынэртэкъым. Тхьэр жэщи махуи игъэлъапӀэрт, елъэӀурт, нэщӀ ис зэпытт.

38 Ар асыхьэтым абыхэм къабгъэдыхьэри, Тхьэм щытхъу хужиӀащ. Ерусэлим Тхьэм хуит щищӀыжынум пэплъэ псоми сабийм и хъыбар яхуиӀуатэу щӀидзащ итӀанэ.

39 Зиусхьэным и Хабзэм тету псори ягъэзэщӀа нэужь, Мэрямрэ Исуфрэ Гэлилей хэкум ит я къуажэ Нэзэрэт ягъэзэжащ.

40 Сабийр хэхъуэрт, акъылрэ къарурэ зыхилъхьэрт, Тхьэм и нэфӀ къыщыхуэ зэпытт.


НыбжьыщӀэ Хьисэ Тхьэм и Унэм зэрыкӀуар

41 Хьисэ и адэмрэ и анэмрэ гъэ къэс Ерусэлим кӀуэ я хабзэт, ӀутӀыж щынэ щаукӀ махуэшхуэм хэтыну.

42 Хьисэ и ныбжьыр илъэс пщыкӀутӀ щрикъум, я хабзэм тету, ахэр Ерусэлим кӀуащ, махуэшхуэм хэтыну.

43 Абы и ужькӀэ ахэр къежьэжащ, ауэ Мэрямрэ Исуфрэ ямыщӀэу, Хьисэ Ерусэлим къыдэнащ.

44 Гъуэгум къадытетхэм Ар яхэт я гугъэу, Мэрямрэ Исуфрэ зы махуэ гъуэгуанэ якӀуа нэужь, я благъэхэм, я цӀыхугъэхэм деж щӀалэр щалъыхъуэн щӀадзащ.

45 Щамыгъуэтыжым, абы лъыхъуэурэ, Ерусэлим ягъэзэжащ.

46 Махуищ дэкӀауэ, Хьисэ дин егъэджакӀуэхэм яхэсу икӀи абыхэм жаӀэм едаӀуэрэ еупщӀу Тхьэм и Унэр зыдэт пщӀантӀэм къыщагъуэтыжащ.

47 КъедаӀуэ псоми яфӀэтелъыджэт Абы иӀэ зэхэщӀыкӀымрэ и жэуапхэмрэ.

48 Хьисэ къыщалъагъум, Мэрямрэ Исуфрэ ягъэщӀэгъуащ. – Си щӀалэ! Сыт къыдэпщӀар? – жиӀащ и анэм. – Уи адэмрэ сэрэ гузэвэгъуэр ди псэм телъу укъыдолъыхъуэ.

49 – Сыт сыкъыщӀэфлъыхъуэр? – жиӀащ Хьисэ. – Си Адэр здэщыӀэм сэри сыщыӀэн зэрыхуейр фымыщӀэу ара?

50 Ауэ абыхэм къагурыӀуакъым Хьисэ жиӀам къригъэкӀар.

51 Мэрямрэ Исуфрэ я гъусэу Хьисэ Нэзэрэт игъэзэжри, жыӀэщӀэ цӀыкӀуу къекӀуэкӀащ. ЩӀалэм дилъагъу Ӏуэхугъуэ псори зыщимыгъэгъупщэу, и анэм игу ириубыдэрт.

52 Ар хэхъуэрт, хэхъуэхуи и акъылым зиужьырт, Тхьэри цӀыхухэри къыхуэгуапэ зэпытт.

© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

Institute for Bible Translation, Russia
Lean sinn:



Sanasan