Лукас 19 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэЗэхей и гъащӀэм зэрызихъуэжар 1 Хьисэ Ерихъуэ къалэм дыхьэри кӀуэцӀрыкӀащ. 2 Зэхей и цӀэу цӀыху къулей гуэр дэст а къалэм, тезыр ахъшэ къыхэзыххэм я нэхъыщхьэу. 3 Хьисэ зригъэлъагъуну хуейт Зэхей, ауэ езыр зэрылӀы цӀыкӀум щхьэкӀэ мо цӀыху гупышхуэм къахухэлъагъукӀыртэкъым Ар. 4 Хьисэ зригъэлъагъун папщӀэ, цӀыхухэм я пэ илъадэри, Зэхей тут жыгым дэпщеящ, Хьисэ абыкӀэ блэкӀын хуейти. 5 А жыгым гъунэгъу щыхуэхъум, Хьисэ Зэхей худэплъейри, мыпхуэдэу жриӀащ: – Зэхей, псынщӀэу къех жыгым, нобэ уи унэ сынихьэн хуейщ. 6 Жыгым псынщӀэу къехыжри, гуфӀэгъуэр иӀэу, Зэхей Хьисэ иригъэблэгъащ. 7 Хьисэ абы и унэм зэреблэгъар цӀыхухэм щалъагъум, ар яфӀэмыфӀ хъуауэ, псоми жаӀащ: – ЦӀыху гуэныхьщӀакӀуэм и унэ щхьэ еблэгъа Ар? 8 Зэхей къэтэджри, Зиусхьэным мыпхуэдэу жриӀащ: – Зи щӀыхьыр ин, си мылъкум и ныкъуэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэзгуэшынщ, зыгуэр къэзгъэпцӀамэ, къызэрызгъэпцӀам хуэдиплӀ естыжынщ. 9 – Нобэ мы унэм щӀэсхэри Тхьэм къригъэлащ, – жриӀащ Хьисэ Зэхей. – Мы лӀыри Ибрэхьим къытехъукӀахэм ящыщщ. 10 КӀуэдыпӀэм ихуа цӀыхухэр къигъуэтыжу къригъэлын щхьэкӀэщ ЦӀыхум и Къуэр мы дунейм къыщӀэкӀуар. УнэӀутипщӀым ятеухуа щӀагъыбзэ 11 ЦӀыхухэр Хьисэ къедаӀуэу здэщытым, щӀагъыбзэ яжриӀащ. Хьисэ Ерусэлим пэгъунэгъу хъуати, Тхьэм и Тепщэныгъэр асыхьэт дыдэм къэлъэгъуэну я гугъэт цӀыхухэм. 12 Ауэ щыхъум, Хьисэ къригъэжьащ: – Пщы гуэр щӀыпӀэ жыжьэ ежьэну зигъэхьэзырат, езыр зи унафэ щӀэтым тепщэныгъэ къриӀыхыу къигъэзэжыну. 13 Ауэ япэщӀыкӀэ и унэӀутхэм ящыщу пщӀыр ириджэщ, ахъшэ зыдэлъ бохъшэ зырыз къаритри, къажриӀащ: «Сыкъэтыху, ахъшэр Ӏуэху гуэрым хэфлъхьи, вгъэлажьэ». 14 Езы пщыр и лъэпкъэгъухэм ялъагъу хъуртэкъыми, «Ар ди тепщэ хъуну дыхуейкъым» жрырагъэӀэн папщӀэ, пщыр здэкӀуам деж абыхэми лӀыкӀуэ ягъэкӀуащ. 15 ЯгъэкӀуа пэтми, пщым тепщэныгъэ зыӀэригъэхьэри, къигъэзэжащ. Къигъэзэжа нэужь, ахъшэ зрита унэӀутипщӀыр ириджэри, ахъшэм къыхагъэхъуарэ къыхамыгъэхъуарэ еупщӀащ. 16 Зыр къакӀуэри мыпхуэдэу жиӀащ: «Зи щӀыхьыр ин, уи ахъшэ къызэптам хуэдипщӀ къыхэзгъэхъуащ». 17 «Дэгъуэщ, уунэӀутыфӀщ, – жиӀащ пщым. – Ӏуэху мащӀэ дзыхь зыхуащӀ хъун цӀыхуу укъызэрыщӀэкӀам щхьэкӀэ къалипщӀым я унафэщӀу узогъэув». 18 ЕтӀуанэ унэӀутри къакӀуэри, жиӀащ: «Зи щӀыхьыр ин, уи ахъшэм хуэдитху къезгъэлэжьащ». 19 «Уэри къалитхум я тет узощӀ», – жриӀащ пщым абыи. 20 КъыкӀэлъыкӀуэ унэӀутри къакӀуэри, жиӀащ: «Зи щӀыхьыр ин, мис уи ахъшэр, хъыданым кӀуэцӀылъу щызгъэлъащ. 21 ЦӀыху гущӀэгъуншэу узэрыщытым щхьэкӀэ сыпщышынащ, щумыгъэтӀылъам къыщыбощтэ, тумысар Ӏубохыжри». 22 «Уэ езым къыбжьэдэкӀа псалъэмкӀэ узгъэкъуэншэнущ, унэӀут мыхъумыщӀэ, – жриӀащ пщым абы. – ЦӀыху гущӀэгъуншэу сызэрыщытри, щызмыгъэтӀылъам къызэрыщысщтэри, тезмысар зэрыӀусхыжри щыпщӀэкӀэ, 23 си ахъшэр щхьэ Ӏуэху гуэрым хыумылъхьарэ, сыкъэкӀуэжа нэужь, хэхъуэ сиӀэн щхьэкӀэ?» 24 Апхуэдэу щыхъум, пщым къыбгъэдэтхэм яжриӀащ: «Мыбы иӀыгъ ахъшэр къеӀыфхи, пщӀы зиӀэм ефт». 25 «Зи щӀыхьыр ин, абы пщӀы иӀэкъэ?» – жаӀащ абыхэм. 26 «НывжызоӀэ, зиӀэм иджыри къратынущ, зимыӀэм иӀэри къытрахынущ, – жиӀащ пщым. – 27 Тепщэ сахуэхъуну хуэмея си бийхэри мыдэ къафши, си пащхьэм щывукӀ». Хьисэ Ерусэлим зэрыдыхьар 28 Ар жиӀэри, Хьисэ ЕрусэлимкӀэ иунэтӀащ. 29 ЗейтункӀэ зэджэ Ӏуащхьэм къетӀысэкӀауэ къыӀус жылэхэу Бэтфагрэ БэтэӀинрэ щынэблагъэм, Хьисэ и гъэсэнхэм щыщ цӀыхуитӀ абы игъэкӀуащ, 30 мыпхуэдэу яжриӀэри: – Къыфпэщылъ жылэм фыкӀуи, жылэм фыщыдыхьэкӀэ, цӀыху зэи темысауэ шыд шыщӀэ епхауэ фрихьэлӀэнущи, къыкӀэрыфтӀэтыкӀи, къафшэ. 31 «Щхьэ къыкӀэрыфтӀэтыкӀрэ?» жиӀэу зыгуэр къывэупщӀмэ, «Зиусхьэныр абы хуэныкъуэщ» жыфӀэ. 32 Арати, ахэр кӀуэри, Хьисэ къазэрыжриӀам тету шыд шыщӀэр къагъуэтащ. 33 Шыд шыщӀэр къыщыкӀэратӀэтыкӀым, ар зейхэр къеупщӀащ: – Щхьэ къыкӀэрыфтӀэтыкӀрэ? – жаӀэри. 34 – Зиусхьэныр абы хуэныкъуэщ, – ятащ абыхэм жэуап. 35 Шыд шыщӀэр Хьисэ деж къашэщ, я щыгъынхэр траубгъуэри, Хьисэ трагъэтӀысхьащ. 36 Ар шыд шыщӀэм тесу здэкӀуэм, цӀыхухэм я щыгъыныр гъуэгум хутраубгъуэрт, пщӀэ зэрыхуащӀыр абыкӀэ къагъэлъагъуэу. 37 Гъуэгум Зейтун Ӏуащхьэм зыкъыщригъэзыхым деж Хьисэ щынэсым, и гъэсэн къомым гуфӀэгъуэр яӀэу Тхьэм макъышхуэкӀэ щытхъу хужаӀэу щӀадзащ, Ӏуэху телъыджащэхэр зэралъэгъуам щхьэкӀэ. 38 Абыхэм мыпхуэдэу жаӀэрт: «Зиусхьэным и цӀэкӀэ къытхуэкӀуэ пащтыхьыращ щӀыхьыр зейр! Уафэм мамырыгъэ щреӀэ! Уафэр зи хэщӀапӀэ Тхьэшхуэм псоми щӀыхь хуращӀ!» 39 ЦӀыхубэм яхэт фарисейхэм ящыщ гуэрхэм Хьисэ зыкъыхуагъазэри къыжраӀащ: – УщиякӀуэ, уи гъэсэнхэм я жьэр зэтрапӀэну яжеӀэ. 40 – НывжызоӀэ, – жиӀащ Хьисэ, – абыхэм я жьэр зэтрапӀэмэ, мывэхэр макъышхуэкӀэ джэнущ. 41 Хьисэ Ерусэлим нэхъ пэгъунэгъу хъуауэ, къалэр щилъагъум, и гур къызэфӀэзэрыхьарэ и нэпсым къызэпижыхьауэ, жиӀащ: 42 – Мамырыгъэм ухуэзышэ гъуэгур уэ, Ерусэлим, нобэ къэплъэгъуатэмэ, сыгуфӀэнут. Ауэ уэ ар иджыпсту къыбгурыӀуэркъым. 43 Уи бийхэм щӀы зэтетхъуакӀэ укъыщаухъуреихьыну махуэхэр къыпхуэкӀуэнущ. Укъаувыхьынурэ, лъэныкъуиплӀымкӀи къыщобгъэрыкӀуэнущ. 44 Уэри уи цӀыхухэри щӀым щыщ фащӀыжынущ, мывитӀ зэтелъу къызэтранэнукъым, Тхьэм укъыщригъэлыну пӀалъэр къызэрысар къызэрыбгурымыӀуам щхьэкӀэ. Хьисэ сатуущӀэхэр Тхьэм и Унэм къызэрыщӀихужар 45 Хьисэ Тхьэм и Унэм щӀыхьэри, сатуущӀэхэр къыщӀихун щӀидзащ, 46 мыпхуэдэуи яжриӀащ: – Тхыгъэ ЛъапӀэм и напэкӀуэцӀхэм Тхьэм мыпхуэдэу къыщыжеӀэ: «Си Унэр тхьэлъэӀупӀэ унэ хъунущ», фэ ар хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэ фщӀащ. 47 Хьисэ цӀыхухэр Тхьэм и Унэм щиущийрт махуэ къэс. Ауэ дин гъуазэ нэхъыщхьэхэри, теурэт егъэджакӀуэхэри, лъэпкъ тхьэмадэхэри Хьисэ зэрагъэкӀуэдыным и ужь итт. 48 АрщхьэкӀэ зэрагъэкӀуэдын Ӏэмал къахуэгъуэтыртэкъым, Хьисэ цӀыхур Ӏуву епщӀауэ едаӀуэрти. |
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021
Institute for Bible Translation, Russia