Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Лукас 18 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ


Фызабэмрэ хеящӀэмрэ ятеухуа щӀагъыбзэ

1 Хьисэ и гъэсэнхэр тхьэ елъэӀу зэпыту щытын щхьэкӀэ икӀи я гур зэи мыкӀуэду дунейм тетын папщӀэ, щӀагъыбзэ зыщӀэлъ хъыбар яжриӀащ:

2 – Къалэ гуэрым зы хеящӀэ дэст, Тхьэми щымышынэу, цӀыхухэми ящымыукӀытэу.

3 А къалэм фызабэ гуэри дэст. Фызабэр хеящӀэм къыкӀэлъикӀухьурэ елъэӀурт: «Си дэуэгъум лей къыскӀэлъызэримыхьэн щхьэкӀэ, къысщхьэщыж», – жиӀэурэ.

4 Фызабэр зыщӀэлъэӀур хеящӀэм къыхуимыщӀэурэ зэманыфӀ дэкӀауэ, игукӀэ мыпхуэдэу жиӀащ: «Тхьэм сыщымышынэми, цӀыхухэм сащымыукӀытэми,

5 мы фызабэр си ужь икӀын папщӀэ, сыкъыщхьэщыжынщ, къыскӀэлъижыхьурэ си щхьэр симыгъэужэгъун щхьэкӀэ».

6 ЦӀыху щыпкъэу щымыт пэтми, а хеящӀэм жиӀэм феплъыт, – къыпищащ Зиусхьэным. –

7 АтӀэ Тхьэм къыхихахэу жэщи махуи абы елъэӀу цӀыхухэм ар дауэ къащхьэщымыжынрэ? Дауэ зыпигъэплъэн ахэр, лей къатехьэху?

8 НывжызоӀэ, щӀэх дыдэ къащхьэщыжынущ. Ауэ ЦӀыхум и Къуэм къигъэзэжа нэужь, мы дунейм Абы фӀэщхъуныгъэ щигъуэтыжыну пӀэрэ?


Фарисеймрэ тезыр ахъшэ къыхэзыхымрэятеухуа щӀагъыбзэ

9 Езыхэм цӀыху щыпкъэу забжыжрэ адрейхэр зыгъэикӀэхэм Хьисэ щӀагъыбзэ зыщӀэлъ хъыбар яжриӀащ:

10 – Тхьэ елъэӀуну Тхьэм и Унэм цӀыхуитӀ щӀыхьат. ТӀум я зыр фарисейт, адрейр тезыр ахъшэ къыхэзыххэм ящыщт.

11 Фарисейр увауэ, Тхьэм гукӀэ елъэӀурт: «Ди Тхьэ, цӀыху хъунщӀакӀуэхэм, бзаджащӀэхэм, зинэ зыщӀэхэм, е мыбдежым щыт тезыр ахъшэ къыхэзыхым сызэремыщхьым щхьэкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ.

12 Тхьэмахуэм къриубыдэу тӀэунейрэ сонэщӀ, къысхэхъуэу хъуам щыщу Ӏыхьэ пщӀанэр уи Унэм сохь».

13 Тезыр ахъшэ къыхэзыхыр нэхъ пыӀукӀуэтауэ и бгъэгум иуэжу щытт, и нэр къиӀэту уафэм дэплъеин темыгушхуэу. Ар мыпхуэдэут тхьэ зэрелъэӀур: «Ди Тхьэ, сыгуэныхьлыщ, гущӀэгъу къысхуэщӀ».

14 НывжызоӀэ, фарисейракъым Тхьэм игъэхеижауэ Тхьэм и Унэм къыщӀэкӀыжар, атӀэ тезыр ахъшэ къыхэзыхыращ. Сыту жыпӀэмэ зызыгъэлъагэм и пщӀэр ехуэхынущ, зызыгъэлъахъшэм и пщӀэр Тхьэм иӀэтынущ.


Фапэрымыуэу, сабийхэр си деж къэвгъакӀуэ

15 Хьисэ сабий цӀыкӀухэр къыхуашэрт, и ӀэмкӀэ трагъэӀэбэну. И гъэсэнхэм ар щалъагъум, Хьисэ зыри бгъэдамыгъэхьэ хъуащ.

16 Ауэ Хьисэ сабийхэр зыбгъэдишэри, мыпхуэдэу жиӀащ: – Сабийхэм фапэрымыуэу, си деж къэвгъакӀуэ, сыту жыпӀэмэ абыхэм хуэдэщ Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щӀэтхэр.

17 Пэжыр нывжызоӀэ, сабийм хуэдэу Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щӀэмыувэм абы егъэзыпӀэ къыщылъысынукъым.


Къулеигъэм теухуа ущие

18 УнафэщӀ гуэр Хьисэ къеупщӀащ: – Зи гур фӀыкӀэ гъэнщӀа ущиякӀуэ, гъащӀэ уахътыншэ къыслъысын папщӀэ, сыт сщӀэн хуейр? – жиӀэри.

19 – Зи гур фӀыкӀэ гъэнщӀа ущиякӀуэкӀэ укъыщӀызэджэр сыт? – жиӀащ Хьисэ. – Тхьэм и закъуэщ зи гур фӀыкӀэ гъэнщӀар.

20 Теурэтым ит унафэхэр пщӀэркъэ: зинэ умыщӀэ, цӀыху умыукӀ, умыдыгъуэ, щыхьэт нэпцӀу утыку уимыхьэ, уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ.

21 – А псори си щӀалэгъуэ лъандэрэ согъэзащӀэ, – жиӀащ унафэщӀым.

22 Ар щызэхихым, Хьисэ унафэщӀым мыпхуэдэу жриӀащ: – Зыщ уэ узыхуэныкъуэу къэнар. УиӀэу хъуар щэжи, къыщӀэкӀыр факъырэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ щыбгъуэтынущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.

23 Хьисэ и псалъэр щызэхихым, унафэщӀым и гум щӀыхьащ ар, хуабжьу къулейти.

24 Ар абы и гум зэрыщӀыхьар щилъагъум, Хьисэ мыпхуэдэу жиӀащ: – Къулейхэр Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щӀэувэн жыхуэпӀэр хуабжьу гугъущ.

25 Махъшэр мастэнэм нэхъ тыншу икӀынущ, къулейр Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щӀэмыувэурэ.

26 – АтӀэ хэт абы щыгъуэ къелыфынур? – къедаӀуэхэр къеупщӀащ Хьисэ.

27 – ЦӀыхум ялъэмыкӀыр Тхьэм лъокӀ, – къитыжащ Хьисэ жэуап.

28 – Дэ диӀа псори къэдгъанэри, уи ужь диуващ, – жиӀащ Питрэс.

29 – Пэжыр нывжызоӀэ, – жиӀащ Хьисэ, – зи унэр, е зи фызыр, е зи къуэшыр, е зи адэ-анэр, е зи быныр Тхьэм и Тепщэныгъэм папщӀэ къэзыгъанэм

30 мы дунейм ӀэджэкӀэ нэхъыбэ щигъуэтыжынущ, къэкӀуэну дунейми гъащӀэ уахътыншэ щиӀэ хъунущ.


Хьисэ зэраукӀынур икӀи лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынурещанэу къызэрыжиӀар

31 И гъэсэн пщыкӀутӀыр лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, Хьисэ мыпхуэдэу яжриӀащ: – Мис, Ерусэлим докӀуэ. ЦӀыхум и Къуэм теухуауэ бегъымбархэм ятхауэ щыта псори абы щызэщӀэнущ.

32 Ар мажусийхэм ӀэщӀалъхьэнущ, абыхэм Ар ауан ящӀынущ, ягъэпудынущ, еубжьытхынущ,

33 щӀопщкӀэ еуэнущ икӀи яукӀынущ, ауэ махуищ дэкӀынурэ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ.

34 Ауэ Хьисэ зи гугъу ищӀар абыхэм къагурыӀуакъым. А псалъэм и мыхьэнэр абыхэм дежкӀэ щӀэхъумати, зыри зэхащӀыкӀакъым.


Хьисэ нэф гуэрым и нэр къызэригъэплъэжар

35 Хьисэ Ерихъуэ къалэм гъунэгъу щыхуэхъуам, нэф гуэр гъуэгу Ӏуфэм Ӏуст, факъырэӀус къыхихыу.

36 ЦӀыху гупышхуэ блэкӀыу щызэхихым, нэфыр щӀэупщӀащ: «Къэхъуар сыт?» – жиӀэри.

37 «Нэзэрэт щыщ Хьисэ блокӀ», – жаӀэу къыщыжраӀэм,

38 ар макъышхуэкӀэ джащ: – Хьисэ, Даут и Къуэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ! – жиӀэри.

39 Япэ иту кӀуэ цӀыхухэм нэфым и жьэр зэтрипӀэну унафэ хуащӀащ. АрщхьэкӀэ нэфыр нэхъ иныжу кӀийрт: – Даут и Къуэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ! – жиӀэурэ.

40 КъэувыӀэри, нэфыр къыбгъэдашэну унафэ ищӀащ Хьисэ. Нэфыр гъунэгъу къыщыхуэхъум, Хьисэ абы еупщӀащ:

41 – Сыт пхуэсщӀэну узыхуейр? – жиӀэри. – Зи щӀыхьыр ин, си нитӀыр къысхуэгъэплъэж, – лъэӀуащ нэфыр.

42 – Ирехъу апхуэдэу, къреплъэж, – жиӀащ Хьисэ. – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ.

43 Нэфым и нитӀыр асыхьэтым къэплъэжри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀурэ, Хьисэ и ужь иуващ. Къэхъуар зылъэгъуа псоми Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.

© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

Institute for Bible Translation, Russia
Lean sinn:



Sanasan