Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Лукас 15 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ


Мэл кӀуэдам теухуа щӀагъыбзэ

1 Тезыр ахъшэ къыхэзыххэмрэ гуэныхьлыуэ ялъытэхэмрэ Хьисэ жиӀэм едэӀуэну къекӀуалӀэрт.

2 Фарисейхэмрэ теурэт егъэджакӀуэхэмрэ ар яфӀэмыфӀу, мыпхуэдэу жаӀащ: – Мыбы гуэныхьлыхэр зрегъэгъусэ, абыхэм ядошхэ.

3 Хьисэ щӀагъыбзэ къригъэжьащ абы щыгъуэ:

4 – Фэ фщыщ гуэрым мэлищэ иӀэу жытӀэнщ. АтӀэ а мэлхэм щыщ зы абы фӀэкӀуэдмэ, ежьэу мэл кӀуэдар къигъуэтыжыху къилъыхъуэнукъэ, мэл бгъущӀрэ бгъур губгъуэм къринэу?

5 Къигъуэтыжа нэужь, и дамэм гуфӀэу трилъхьэнурэ,

6 и унэм кӀуэжынущ, и ныбжьэгъухэмрэ и гъунэгъухэмрэ къриджэнурэ, мыпхуэдэу яжриӀэнущ: «Си мэл кӀуэдар къэзгъуэтыжащи, фыкъакӀуи, фыкъыздэгуфӀэ!»

7 НывжызоӀэ, ещхьыркъабзэу, тобэ къыщӀахьыжын щхьэусыгъуэ зимыӀэ цӀыху щыпкъэ бгъущӀрэ бгъум елъытауэ, тобэ къэзыхьыж зы гуэныхьщӀакӀуэ закъуэм щхьэкӀэ уафэм щыӀэну гуфӀэгъуэр нэхъ инщ.


Дыжьын кӀуэдам теухуа щӀагъыбзэ

8 – Е цӀыхубз гуэрым дыжьын жьгъеипщӀ иӀэу жытӀэнщ. АтӀэ а дыжьынипщӀым щыщу абы зы фӀэкӀуэдмэ, уэздыгъэр пигъанэу набдзэгубдзаплъэу унэр къипхъэнкӀыурэ лъыхъуэнукъэ, дыжьыныр къигъуэтыжыху?

9 Къигъуэтыжа нэужь, и ныбжьэгъухэмрэ и гъунэгъухэмрэ къриджэнурэ, мыпхуэдэу яжриӀэнущ: «СфӀэкӀуэдауэ щыта си дыжьыныр къэзгъуэтыжащи, фыкъакӀуи, фыкъыздэгуфӀэ!»

10 НывжызоӀэ, ещхьыркъабзэу, Тхьэм и мелыӀычхэри мэгуфӀэ тобэ къэзыхьыж зы гуэныхьщӀакӀуэм щхьэкӀи.


Къуэ щхьэрыуам теухуа щӀагъыбзэ

11 – ЛӀы гуэрым къуитӀ иӀэт, – жиӀащ Хьисэ. –

12 НэхъыщӀэм адэм мыпхуэдэу жриӀащ: «Ди адэ, уи щӀэиным щыщу къыслъысын хуейр къызэт». Апхуэдэу щыхъум, адэм мылъкур зэшхэм яхуигуэшащ.

13 Куэди дигъэкӀакъым, къылъысар зэщӀикъуэри, къуэ нэхъыщӀэр щӀыпӀэ жыжьэ гуэрым кӀуащ. А щӀыпӀэм щыӀэху, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зритри, и мылъкур Ӏисраф ищӀащ абы.

14 И мылъкум щыщу зыри къуэмылъыжу къыщынэм, а щӀыпӀэм гъаблэшхуэ къыщыхъури, ар къулейсыз дыдэ хъуащ.

15 Апхуэдэу щыхъум, щӀалэр а щӀыпӀэм щыщ лӀы гуэрым деж кӀуэри, хуэлӀыщӀэну гурыӀуащ. ЛӀым ар и губгъуэм игъэкӀуащ, и кхъуэ хъушэр иригъэгъэхъуну.

16 Кхъуэм ирагъэшх Ӏусыр ишхыну ехъуапсэ хъуат щӀалэр, ауэ кхъуэ Ӏуси зыми къритыртэкъым.

17 ЩӀалэр зыщӀэгупсысыжри, мыпхуэдэу жиӀащ: «Си адэм сыт хуэдиз лӀыщӀэ иӀэми, псоми яшхын пэрыхьэту ягъуэт, сэ мыбы шхын щхьэкӀэ сыщолӀэ.

18 Си адэм деж сыкӀуэжынщи, мыпхуэдэу жесӀэнщ: Си адэ, Тхьэми уэри сынывэкъуэншэкӀащ,

19 сыуикъуэу жысӀэнуи схуэфащэкъым, лӀыщӀэу сыкъащтэ».

20 Ар жиӀэщ, тэджри, и адэм деж кӀуэжыну ежьащ. Адэм и къуэр къэкӀуэжу жыжьэу щилъагъум, и гур щӀэузащ, итӀанэ пежажьэщ, зридзри, ӀэплӀэ, ба хуищӀащ.

21 ЩӀалэм и адэм жриӀащ: «Си адэ, Тхьэми уэри сынывэкъуэншэкӀащ, сыуикъуэу жысӀэнуи схуэфащэкъым».

22 Ауэ адэм унэӀутхэм мыпхуэдэу яжреӀэ: «Щыгъын нэхъыфӀ дыдэр псынщӀэу къыхущӀэфхи, къыщыфтӀагъэ, и Ӏэм Ӏэлъын Ӏэрыфлъхьэ, и лъакъуэми вакъэ лъыфтӀагъэ.

23 Танэ гъэшха къыщӀэфши, фӀэвгъэж, дыгуфӀэнщ, танэр тшхынщ.

24 Си къуэр лӀати, къэпсэужащ, кӀуэдати, къэдгъуэтыжащ!» Арати, гуфӀэгъуэр яублащ.

25 Адэм и щӀалэ нэхъыжьыр губгъуэм щыӀэт абы щыгъуэ. КъыщыкӀуэжым, унэм къэблэгъэжауэ, макъамэ макърэ Ӏэгуауэ макърэ пщӀантӀэм къыдэӀукӀыу зэхихащ.

26 Щызэхихым, унэӀутхэм ящыщ зы ириджэри, гуфӀэгъуэр къыщӀаӀэтам и щхьэусыгъуэм щӀэупщӀащ.

27 «Уи къуэшыр къекӀуэлӀэжащ, – жиӀащ унэӀутым. – Уи адэм ар псэууэ, узыншэу къызэрыӀэрыхьэжам щхьэкӀэ танэ гъэшха фӀыдигъэгъэжащ».

28 Къуэ нэхъыжьым ар щызэхихым, къэгубжьри, дыхьэжын идакъым. Ауэ адэр къыдэкӀри, къеубзэу къелъэӀуащ: «Ныдыхьэж, си къуэ», – жиӀэри.

29 Къуэ нэхъыжьым адэм мыпхуэдэу жриӀащ: «Сэ илъэс дапщэ хъуауэ сыпхуэлажьэми, зэи уи унафэ сыщӀэкӀакъым. ИтӀани зы чыцӀ къызэпту си ныбжьэгъухэмрэ сэрэ ди нэгу зедбгъэгъэужьакъым.

30 Ауэ уи мылъкур куэпэчхэм ятезыгъэкӀуэда уи къуэр къекӀуэлӀэжати, танэ гъэшха хуэбукӀащ».

31 Адэм мыпхуэдэу жиӀащ абы щыгъуэ: «Си щӀалэ! Уэ сыт щыгъуи узигъусэщ, сиӀэ псори ууейщ.

32 Дымынэщхъейуэ дынэщхъыфӀэн, дыгуфӀэн хуейт иджыпсту, уи къуэшыр лӀати, къэпсэужащ, кӀуэдати, къэдгъуэтыжащ».

© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

Institute for Bible Translation, Russia
Lean sinn:



Sanasan